Илъэсым и унагъуэхэм ящыщщ

Унагъуэр хъума хъуным къэралым нобэ гулъытэ ин хуещI. УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ 2024 гъэр Унагъуэм и илъэсу щытати, щапхъэу къалъытэ унагъуэхэр гъэлъэпIэным теухуа зэхыхьэ гуапэхэр къызэрагъэпэщ. Абыхэм язщ гъэ къэс екIуэкI «Илъэсым и унагъуэ» урысейпсо зэпеуэр, Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным и махуэр. Абы я фIыгъэкIэ ягъэлъапIэ жэуаплыныгъэ зыхэлъ, узыншагъэм кIэлъыплъ, зи зэфIэкIхэм зезыгъэужь, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэт унагъуэхэр. «Илъэсым и унагъуэ-2025» зэпеуэм и «Бынунагъуэшхуэ» Iыхьэм щытекIуа, илъэс 23-рэ хъуауэ зэдэпсэу Шыбзыхъуэхэ Анзоррэ Залинэрэ я унагъуэ дахэрщ мы тхыгъэр зытедухуар.
Шыбзыхъуэхэ я унагъуэм и нэхъыжь Анзор «Кавжилстрой-1» ООО-м шынагъуэншагъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщIщ. Залинэ и IэщIагъэкIэ филологщ, логопедщ, школ унафэщIым и къуэдзэщ, пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэщ. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэу къыщIидзащ. 20I6 гъэ лъандэрэ Малкэ къуажэм и курыт еджапIэ №1-м щрегъаджэ. Ар ящыщщ зи пIэм имыт, зэпымыууэ зи щIэныгъэм хэзыгъахъуэ, егъэджакIуэ, гъэсакIуэ емызэшыжхэм, абы щыгъуэми унэгуащэм, анэм я къалэн нэхъыщхьэхэр зыщимыгъэгъупщэу. Абы и хъыджэбз цIыкIухэр лъэпкъ хабзэм щIепIыкI, адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIым хуегъасэ. 2017 гъэм Залинэ и жэрдэмкIэ я еджапIэм къыщызэрагъэпэщащ «Школ пщIантIэ» Iуэхур. АбыкIэ къыдэIэпыкъуащ и щхьэгъусэ Анзор. 
ЦIыхум и узыншагъэр зыхуэдэнур и шхыныгъуэм куэдкIэ зэрелъытар быдэу зи фIэщ хъу Анзор и хадэр бейщ пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэмрэ хадэхэкIхэмкIэ, тхьэкIумэкIыхьи егъэхъу. А псомкIи зыкъыщIагъакъуэ и бынитхум (Марианнэ, Даринэ, Росаннэ, Дисанэ, Мухьэмэд). 
Зэщхьэгъусэхэм къагуроIуэ я щIэблэр жылагъуэ гъащIэм, цIыхухэм тыншу яхэзэгъэнми мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Аращ бынхэм я жэрдэмхэр щIыдаIыгъыр. Мы гъэм Анзор фIыщIэ тхылъ къыхуагъэфэщащ и щIэблэм гъэсэныгъэ дахэ зэрахилъхьам, курыт еджапIэм щекIуэкI Iуэхухэм ар жыджэру зэрыхэтым папщIэ. 2016 гъэм Шыбзыхъуэхэ я унагъуэм щIыхь тхылъ къратащ, «Папа, мама, я – спортивная семья» щIыналъэ зэпеуэм щапхъэ ягъэлъагъуэу зэрыхэтам папщIэ. 
ЗэрытщIэщи, унагъуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ сабийр гъэсэнымрэ абы и зэхэщIыкIым зегъэубгъунымрэ. Унагъуэрщ сабийхэр щесэр фэрыщIагъ, шынэ, зыпIытI-зыхуз яхэмылъу гъащIэм хэзэгъэным. Аращ сабийм щызыхищIэр хабзэрэ нэмысрэ пхэлъыным, IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ уиIэным я мыхьэнэр. 
Анзори абы и адэ Валери я щIэблэр щIапIыкI Шыбзыхъуэхэ я лъэпкъ тхыдэм. Иригушхуэу сабийхэм ирагъэлъагъу къэралым и гербыр, ди лъэпкъ ныпымрэ Шыбзыхъуэхэ я дамыгъэмрэ. И Iэгу и Iэнэщ зыхужаIэ бзылъхугъэ угъурлыхэм хуэдэщ зэдэлъхузэшыпхъухэм я анэшхуэ Лени. Псом хуэмыдэу зыхалъхьэ щыIэкъым абы и адыгэ шхыныгъуэхэр. 
Залинэ и гъэсэнхэр жыджэру хэтщ школ, щIыналъэпсо, республикэпсо, урысейпсо олимпиадэхэмрэ зэпеуэхэмрэ икIи къыхожаныкI. 2023 гъэм ар пашэ щыхъуащ «Илъэсым и егъэджакIуэ-2023» зэхьэзэхуэм и школ Iыхьэм, щIыналъэ зэпеуэми зыкъыщигъэлъэгъуащ. И лэжьыгъэм и мыхьэнэр къалъытэу, фIыщIэ, щIыхь тхылъ куэд къыхуагъэфэщащ. Залинэ гулъытэ яхуещI узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэм. Абы щыхьэт тохъуэ «Зольские вести» газетым адэ-анэхэм къабгъэдэкIыу Залинэ хуэгъэзауэ къытрадза фIыщIэ псалъэхэмрэ хъуэхъухэмрэ. 
Зэщхьэгъусэхэр ирогушхуэ я щIэблэм я ехъулIэныгъэхэм. Я нэхъыжь Марианнэ курыт еджапIэм щыщIэсым щIыналъэпсо, республикэпсо, урысейпсо олимпиадэхэмрэ зэпеуэхэмрэ куэдрэ пашэ щыхъуащ. Школыр дыщэ медалкIэ къиухри, Москва УФ-м и Президентым и деж ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ академием щеджащ. «Бренд ARAPKANOVI» бзылъхугъэ щыгъын къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIу мэлажьэ. Туризмым хуабжьу дихьэх хъыджэбзым и хъуэпсапIэщ иужькIэ абы зритыжыну. 
Япхъу Даринэ 2020 гъэм Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Музыкэ школыр фIы дыдэу къиухащ. 2021 гъэм курыт еджапIэм и 9-нэ классым къыщIэкIауэ КъБКъУ-м АрхитектурэмкIэ, ухуэныгъэмрэ дизайнымкIэ и институтым ДизайнымкIэ и колледжым щоджэ. Зи шыпхъу нэхъыжьыр зи щапхъэ Дарини зэпеуэ, олимпиадэ куэдым и зэфIэкI щеплъыжащ икIи япэ щыхъуащ.
Росаннэ пэщIэдзэ классыр «тху» защIэкIэ къиухауэ курыт еджапIэм и 6-нэ классым щIэсщ. Музыкэ школым и «Театр гъуазджэ» унэтIыныгъэр нэгъабэ къиухащ. Макъамэм щиIэ зэфIэкIхэр къалъытэри, мызэ-мытIэу щIыхь тхылъхэр къыхуагъэфэщащ. Ар хэтащ «Фестиваль молодых исполнителей», «Звёздный путь», «Парад талантов», «Восхождение» зэпеуэхэм. 
Курыт еджапIэм и 5-нэ классым щеджэ Дисани еджэным ехъулIэныгъэхэр щиIэщ. Ари къыхожаныкI олимпиадэхэмрэ зэпеуэхэмрэ. Я щIалэ гъэфIэн Мухьэмэд спортымрэ сурэт щIынымрэ зыхилъхьэ щымыIэу фIэфIщ. ЩIалэ цIыкIум и дежкIэ щапхъэщ и адэ Анзор. ЩIалэ закъуэр абы къегъэхъу и IуэхущIафэхэмкIэ жэуаплыныгъэ ихьу, и анэмрэ шыпхъухэмрэ пщIэ яхуищIу. 
Шыбзыхъуэхэ я унагъуэ дахэм я гъуазэщ я нэхъыжьхэр. 2022 гъэм я адэшхуэ Шэмсэдинрэ я анэшхуэ Папуррэ я унагъуэмрэ (я быни 7-р, я къуэрылъху-пхъурылъху 22-р, абыхэм я быныжу 9-р) Iыхьлыхэмрэ зэхуэсыжри, ахэр зэрызэдэпсэурэ илъэс 60 зэрырикъур ягъэлъэпIащ. Валерэрэ Ленэрэ насып зэрызэхуэхъурэ мы гъэм илъэс 50 ирикъуащ, Анзоррэ Залинэрэ я унагъуэр етIанэгъэ илъэс 25-рэ хъунущ. 
Мы унагъуэр лэжьэкIи зыгъэпсэхукIи зыщIэхэм ящыщщ. Хы Iуфэм кIуэну, Iуащхьэмахуэ зыщагъэпсэхуну, здэкIуэ щIыпIэхэм я музейхэм зыщаплъыхьыну яфIэфIщ. Ари бын гъэсэкIэм и зы Iэмалщ. ЖыпIэнурамэ, Шыбзыхъуэхэ я унагъуэр и щапхъэщ хабзэ, зэгурыIуэ зэрылъ унагъуэм сабийм гъэсэныгъэ хэлъу, нэхъ насыпыфIэуи къызэрыщыхъум. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: