Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр зратхэрКавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ къэрал дэIэпыкъуныгъэу къратам и куэдагъым процент 25-кIэ зы илъэсым хагъэхъуащ. ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм и мазибгъум къриубыдэу МСП Корпорацэм и нэIэ щIэт Лъэпкъ шэсыпIэ фондым и IэмалхэмкIэ псори зэхэту сом мелард 31,1-рэ абыхэм къащтащ. Илъэс ипэкIэ ар зэрыхъуар сом мелард 25-рэщ. «Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр нэхъыбэу зрат щIыналъэхэм Кавказ Ищхъэрэр яхохьэ. Дызэрыт илъэсым и щIышылэм - фокIадэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Лъэпкъ шэсыпIэ системэм и Iэмалхэр нэхъыбэу къэзыгъэсэбэпар хьэрычэт IэнатIэ мащIэрщ: нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 44-кIэ нэхъыбэу. А пIалъэм къриубыдэу бизнес цIыкIумрэ курытымрэ я мылъкум и куэдагъым зэхуэдэу хагъэхъуащ – щхьэж къылъысу процент 20. Къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ зэрыратым и фIыгъэкIэ, лэжьапIэ IэнатIэщIэхэр абыхэм къыщызэIуах, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми я бжыгъэм къыхохъуэ», - жиIащ МСП Корпорацэм и унафэщI Исаевич Александр. КИФЩI-м и щIыналъэхэм ящыщу къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр къагъэсэбэпу мылъку нэхъыбэ зы илъэсым къэзыщтар Ингушымрэ Дагъыстэнымрэ я хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэщ: нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэу е, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ, сом меларди 2,85-рэ, сом меларди 5,23-рэ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ (процент 48-рэ) Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ (процент 25-рэ) е, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ, сом меларди 3-рэ, сом меларди 2,79-рэ. Етхуанэу Ставрополь крайр къокIуэ. Илъэсым къриубыдэу къэрал дэIэпыкъуныгъэу абы къигъэсэбэпам и куэдагъым процент 13-кIэ хигъэхъуащ - сом мелард 12,1-рэ щIыхуэу къищтащ. Къапщытэж пIалъэм ирихьэлIэу Кавказ Ищхъэрэм и хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэм ящыщу къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр нэхъыбэу къэзыгъэсэбэпар щIэныгъэ-техникэ хуэIухуэщIэхэм хэтхэрщ: нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ хуэди 7-кIэ хагъэхъуащ. АдэкIэ къыкIэлъокIуэ егъэджэныгъэмрэ инфраструктурэ ухуэныгъэмрэ пыщIахэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ, - хуэди 3,8-кIэ, хуэди 3,1-кIэ нэхъыбэу. Мыдрейуэ, административнэ хуэIухуэщIэхэм хэт бизнесым къэрал дэIэпыкъуныгъэу и лэжьыгъэм къыхиша мылъкум и куэдагъым хуэди 2,4-кIэ, щэнхабзэмрэ спортымрэ я IэнатIэхэм пыщIахэм - хуэдэ 1,8-кIэ хагъэхъуащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр зратхэм ящыщу Кавказ Ищхъэрэм, КъуэкIыпIэ Жыжьэм, къэралым къыхыхьэжа щIыналъэщIэхэм, Кърымымрэ Севастополымрэ я хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ япэ ирагъэщхэм яхэтщ икIи а лэжьыгъэр ирагъэкIуэкI «Зэхьэзэхуэр зи лъабжьэ экономикэ лъэщ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




