ЕджапIэхэм я шынагъуэншагъэм гулъытэ хуащIКъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор оперативнэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ егъэджэныгъэмкIэ управленэхэм я унафэщIхэм. Ар теухуауэ щытащ республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным. Министрым къыхигъэщащ школхэр шынагъуэншэу щытыныр псом япэ игъэщыпхъэ къалэн нэхъыщхьэу къызэрыувыр. Гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэр школхэм хъумакIуэхэр яIэным и закъуэкъым, атIэ хъыбарегъащIэ шынагъуэншагъэми, апхуэдэуи еджакIуэхэм психологие дэIэпыкъуныгъэ щагъуэтын IэнатIэхэр къызэгъэпэщынми, гъэсэныгъэ лэжьыгъэр тэмэму зэтеблауэ щытынми мыхьэнэшхуэ иратын хуейщ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




