Хэхэс адыгэхэм я гъащIэм и къекIуэкIыкIар куэдкIэ къыщхьэщокI хэкурысхэм я псэукIэм. Абыхэм сыт щыгъуи хъыбар гъэщIэгъуэнхэр яIэщ, узыщыгуфIыкIи, уи нэпс къезыгъакIуи яхэту. Мы тхыгъэм и гугъу щыфхуэсщIыну сыхуейщ Анкара дэса иужькIэ Мейкъуапэ къэIэпхъуэжу, абы щыщIалъхьэжа нэхъжьыфI Хьэткъуэ Аслъэн къызэрыддэгуэшауэ щытахэм.
«Илъэс хьэлъэхэр» тхылъыр
- Си гукъэкIыж куэд къыщысIуэтжащ абы. Си сабиигъуэм щегъэжьауэ къэскIуа гъащIэ гъуэгуанэм сыщытепсэлъыхьыжащ. КъызэрыгуэкIтэкъым а гъуэгур, ауэ мыхьэнэ зэтыпхъэр дыкъызыхэкIар тщIэжу, ди бзэр тIурылъу дыкъызэрыхъуарщ. ДыщыцIыкIум дызэрыпсалъэр ди анэдэлъхубзэрат. Курыт еджапIэм сыщыщIэтIысхьам тыркубзэ сщIэтэкъым. Сытым дежи ди тхьэкIумэм имыкIыу итар Кавказымрэ Кавказым ехьэлIа хъыбархэмрэт.
ПэщIэдзэ еджапIэм сыщрагъэджэну Караман дэс си адэ шыпхъум деж сашат. Си закъуэу школым сыкIуэ-сыкъэкIуэжу, бзэр сщIэуэ щыттэкъыми, я гъунэгъу сабийхэр нэIуасэ къысхуащIащ, я гъусэу еджапIэм сыкIуэн, тыркубзэри нэхъ зэзгъэщIэн папщIэ. Зы махуэ гуэрым сыздэщыIэ адэ шыпхъу Чамилэ зы щIыпIэ кIуэн хуейти, адрей си адэ шыпхъу Чатибэ деж сишащ. ТIэкIу сыджэгун мурад сиIэу уэрамым сыкIуащ, арщхьэкIэ къалэ сымыцIыхум сыщыгъуэщащ. Iуэхур зытетыр къызгурыIуа нэужь гъын щIэздзащ. Си нэпси, си пэпси зэхэлъэдэжауэ согъ, «си адэ шыпхъум и унэр дэнэ щыIэ?», - жысIэу сыщIэупщIэу. ЖысIэр зы цIыхум къагурыIуэркъым, сэ сызэрыпсалъэри сщIэри адыгэбзэщ, къысщхьэщытхэр тыркущи, тыркубзэкIэ къызопсалъэ, къысхуогузавэ. ИтIанэ зы зэман Шэрджэс Рэмэзан деж сашащ. Абы си Iуэху зытетыр хуэсIуатэри, си адэ шыпхъум деж сишэжауэ щытащ. Рэмэзан къалэм тыкуэн щиIэти, къуажэхэм къикI адыгэхэри, къалэдэс ди лъэпкъэгъухэри ицIыхут, псоми ящIэт ар зэрыадыгэри, сашауэ арат.
Си анэшхуэ Хъаджэт си Iэпэр иIыгъыу сыкъыщришэкIкIэ, цIыхухъу хуэзамэ, къэувыIэрти, блигъэкIырт. Ари шым къепсыхырти, лъэсу блэкIырт. ИтIанэ ди гъуэгум пытщэжт, лIыри шым шэсыжырти, щIэпхъуэжырт. Куэд уигу къэбгъэкIыжыфынущ, хабзэ зыдэлъ жылэ, унагъуэ укъыщыхъуамэ. Дэ ди къуажэм дэсу хъуар адыгэт, адыгэбзэкIэ псалъэрт. Ахэр гукъэкIыж IэфIу сигу къинащ.
Тхылъым истхэжахэм яыщщ сыщыцIыкIум ди деж щызэхуэсу щыта лIыжь-фызыжьхэм къаIуэтэжу щыта хъыбархэр. Ахэр стхыжурэ згъэтIылъати, тхылъыр зэхэгъэувэнымкIэ, къыдэгъэкIынымкIэ сэбэп къысхуэхъуа Бозкурт Метин, фIыгъуэр Тхьэм къыхуищIэ, къезэгъыу ахэри хигъэувэжащ. Абы къищынэмыщIауэ, нэхъапэм журналхэм къытездзауэ щыта тхыгъэхэри къызэщIикъуэжри, тхылъым щызэхуихьэсыжащ. Тыркум щетхьэкIа гъащIэ мытыншыр, псэукIэ хьэлъэр, зэхэтыкIэ гугъур, си щхьэ кърикIуа лъэпощхьэпохэр – мис ахэращ тхылъым ихуар. А псоми лъабжьэ хуэхъужыр адыгэ цIыхум адыгагъэм щIэбэну хамэ щIыпIэ къыщикIуа гъуэгуанэрщ.
Адэжь щIыналъэм гъэзэжын Iуэхур
- Хэкум бгъэзэжын фIэкIа хэкIыпIэ щыIэу слъагъуркъым. Щхьэхуэ-щхьэхуэу зытхуэхъумэжынукъым. Нобэ адыгэхэр зыщыщыр ямыгъэгъуэщэным хуабжьу пылъхэщ. Сыт хуэдэ Iуэху иужь димытми, адэжь щIыналъэмкIэ дыплъэн хуейщ.
Сэ дунейм щызэбгрыпхъа адыгэ куэдым сахуэзащ, я гукъеуэхэм седэIуащ, я дуней еплъыкIэхэм зыщызгъэгъуэзащ. Адыгэр здэщымыIэ щыIэжкъым нобэ. Мейкъуапэ сыкIуауэ Багдад къикIа ди къуэш сыхуэзат. Сытыт нэхъыщхьэу зытегузэвыхьыр? «Дауэ дыхъуну, дауэ зытхъумэжыну?», - жиIэрт щIалэм. ХэкIыпIэ нэхъыщхьу щыIэр хэкум бгъэзэжу, уи лъэпкъэгъухэм уахэтIысхьэжынырщ.
Израилым къикIахэр Анталием зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуауэ нэIуасэ схуэхъуащ. Си уни къезгъэблагъэри, сабгъэдэсащ. Пэжщ я Iуэхур фIыщ а къэралым исхэм, унафэщIхэр хуабжьу къадоIэпыкъу. Я бзэр зэрагъэщIэнымкIэ, я хабзэр щIэблэм ящIэу къэгъэхъунымкIэ гугъуехь яIэкъым. Ауэ ахэр щIохъуэпс зыхэс журт лъэпкъым къылъыкъуэкIа насыпым. Дэни щыхэхэсщ журтхэр, ауэ езым я къэралыгъуэ къызэрагъэпэщыжауэ, хуэм-хуэмурэ абы псори мэIэпхъуэж. Ар хъуэпсэгъуэкъэ?!
Нобэ адыгэхэр адрей лъэпкъхэм зэрызыхамыгъэгъуэщэным иужь итхэщ. Нэхъапэм сэмэгу гупсысэкIэ зиIэ гуэрхэр къытхэту щытащ, националисткIэ уеджэ хъуну. Абыхэм я гугъэт Кавказыр зауэкIэ зыIэрыбгъэхьэжыфыну. Ауэ абыхэми къагурыIуащ а гупсысэр зэрыпхэнжыр. Дэ хуабжьу дытелэжьащ абы. ДэркIэ нэхъыщхьэр мамырыгъэмрэ зэхэкуэгъухэр зэрыIыгъынымрэ и телъхьэу щытынырщ, псом япэ идгъэщри, адыгэу укъызэтенэн щхьэкIэ уи хэкум бгъэзэжын зэрыхуейрщ. Зы лъэхъэнэ Анкара къыщыдэдгъэкI тхылъхэм нэхъыбэу укъызыхуриджэр арат – хэкум гъэзэжынырт. Сэ куэдрэ сытетхыхьащ, а Iуэхум, куэди хуэзущиящ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ си гупсысэр арат, си мурад нэхъыщхьэу гъащIэм къыщыздесхьэкIри аращ.
Лъэхъэнэ гугъу
- ЩыIащ зы лъэхъэнэ псори дытыркуу фIэкIа дыкъамылъытэу. «Сэ сыадыгэщ», - жыпIэмэ, «Хьэуэ, уэ утыркущ», - къыджаIэрт националистхэм. Сыадыгэщ зэрыжысIэм щхьэкIэ, тIэу саубыдауэ щытащ. Зэм махуэ 18-кIэ хьэпсым срадзащ, етIуанэм махуэи 105-кIэ сисащ.
Саубыдыху къэс къызэупщIырт: «Ушэрджэс хьэмэрэ утырку?». Сэри сыкъикIуэтыртэкъым: «Сышэрджсэщ, си анэр шэрджэсщ, си адэр шэрджэсщ, Тыркум срицIыхущ». Тыркум сыт хуэдэ зауэ щекIуэкIами, си адэшхуэмрэ абы и къуэшхэмрэ хэтат. Ди нэхъыжьхэр куэдрэ щIэбэнащ Тыркум и щхьэхуитыныгъэм. Адыгэхэм я псэр зыщIат щыпсэу къэралым и бийуэ къэувыжу я хабзэкъым. Езым я хэкум хуэдэу хуэпэжщ. Хэкум дгъэзэжыну дыщIэхъуэпс пэтми, дызэрыс щIыналъэр фIыуэ долъагъу. Мис ахэр яжесIэрт хабзэхъумэм и лэжьакIуэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, си адэшхуэр Балкан зауэм хэтащ, абы и шы нэхъыщlэ Хъусен Чавуш Чанаккале зауэм щыIащ. Къуэш нэхъыщIэ дыдэ Хьэсэн, Емен зауэм иужь, Мысырым кIуэри, илъэс 18-кIэ къэтащ.
1977 гъэм, Кипр зауэр къэхъея нэужь, Тыркум ираш зауэлIхэр щилъагъум, си адэм абыхэм узыншэу къагъэзэжын папщIэ къурмэн яхуищIат. А псоми къыбжаIэкъэ, дэ дызэрыс къэралым дыхуэпэжу, фIы къыдэхъуным дыхуэпабгъэу дызэрыпсэуар?
Хьэпсым сызэрырадзам къыщымынэу, си унэ къакIуэри, хьэпшыпу щIэлъыр зэIащIат. Зы адыгэ къамэ диIэти, ар щIахауэ щытащ. Апхуэдэ куэд къыщыхъуащ си гъащIэм.
Сызэрыадыгэ къудейм щхьэкIэт сызэрагъэкъуаншэр, армыхъумэ нэгъуэщI къуаншагъэ збгъэдэлътэкъым. Сэ цIыху зэхэгъэж сщIыртэкъым, къэралым си ягъэ езгъэкIыртэкъым, ауэ хэку сызэриIэр, анэдэлъхубзэкIэ сыпсэлъэн зэрыхуейр жысIэ зэпытт. Абы щхьэкIэ тыркухэм нэмыплъ естыртэкъым икIи сапэщIэувэртэкъым, зэран фыкъысхуэмыхъу къудей хэкум сыхуэхъуэпсэнымкIэ, адыгэбзэкIэ сыпсэлъэнымкIэ жысIэу арат зыщIылъэIур, арат щхьэхуитыныгъэм сыщIыщIэбэныр.
Ди гуапэ зэрыхъущи, апхуэдэ дэкъузэныгъэхэр иджы щыIэжкъым, ауэ адыгэгу зыкIуэцIылъу щыIэр нэхъ мащIэ мэхъу. Тыркум сыт хуэдэ къэрал политикэ щемыкIуэкIми, ар хамэ хэкущ, абы зэи уи анэдэлъубзэ уигъэщIэфынукъым. ЗэбгъэщIэнымкIэ хуит уищIми, езым уигъэщIэфынукъым. Аращи, уи щхьэ егугъужын хуейр уэращ. Си гъащIэр дызэрыхэмышыпсыхьыжыным тезгъэкIуэдащ сэ, икIи хьэкъыу къызгурыIуащ хамэ щIыпIэ зэрызыщомыхъумэфынур. Аращ сытым дежи хэкум гъэзэжын хуейуэ щIыжысIэр.
Лъэпкъ зыхэщIыкIыр
- Ди щIэблэм яжесIэну сфIэигъуэр – я бзэр зэрагъэщIэн, я хабзэр зыIэщIамыгъэхун зэрыхуейрщ. Ахэращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр. Сыкъыщыхъуа жылэ цIыкIум тыркубзэ щызекIуэртэкъым. Псори дызэрызэпсалъэр адыгэбзэт. Иджы, ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэр ящыгъупщащ. Мыбы фIэкIыпIэ имыIэу хэкIыпIэ къыхуэгъуэтын хуейщ.
Сэ си ныбжь нэсахэмрэ тIэкIу нэхъыщIэхэмрэ бзэр ящIэ, ауэ щIалэхэм яIэщIоху. Бзэр дымыщIэмэ, Тыркум дыщыхэшыпсыхьыжынущ. Кавказым щыпсэухэм я щхьэ Iуэхущ зэрахуэжыфынур, ахэр дэ зыкIи сэбэп къытхуэхъуфынукъым, дэ ди щхьэ демыгугъужмэ. Пэжщ, иджыри гугъапIэ щыIэщ, дыкIуэдыжынукъым, зыдужьыжынущ. АбыкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъунущ телевиденэр, интернетыр, хэкум кърах тхылъхэмрэ журналхэмрэ.