УФ-м и туризм IэнатIэм зиужь зэпытщ, псом хуэмыдэу къэралым и щIыналъэхэм къыщызыкIухьхэм я бжыгъэм илъэс къэс хохъуэ. 2025 гъэм и щIышылэм – жэпуэгъуэм Росстатым иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм тещIыхьауэ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Чернышенкэ Дмитрийрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максимрэ жаIащ, а пIалъэм къриубыдэу къэралым зыщыплъыхь туристхэм я бжыгъэр мелуан 76,2-м зэрынэсар. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 4,8-кIэ нэхъыбэщ ар.
Чернышенкэ Дмитрий къыхигъэщащ а бжыгъэр гъэм и зэман зэблэхъугъуэхэми нэхъ мащIэ зэрымыхъур икIи Сыбыр, Урысей Ипщэ, Ищхърэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэхэр туристхэм нэхъыбэу къызэрыхахыр, абыхэм къадэкIуэу, туристхэм я бжыгъэр нэхъыбэ щIэхъум «Туризмэмрэ хьэщIагъэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэ куэд зэрыхэлъри жиIащ.
Апхуэдэуи абы жиIащ УФ-м и Президент Путин Владимир къахуигъэува плъапIэхэм: 2030 гъэм ирихьэлIэу щIыналъэм и валовэ продуктым туризмэм и Iыхьэу проценти 5 хэлъыным, щIыналъэм къыщызыкIухь туристхэм я бжыгъэр мелуани 140-м нэгъэсыным, - хуэмурэ пэгъунэгъу зэрыхуэхъухэр.
Чернышенкэ Дмитрий мыбдеж къыщыхигъэщащ УФ-м и Правительствэм и дэIэпыкъуныгъэхэм я фIыгъэкIэ иужьрей илъэситхум зыужьыныгъэфI IэнатIэм зэригъуэтар. ЖыпIэнурамэ, нэгузегъэужьакIуэ къэзыкIухь туристхэм я бжыгъэр 2021 гъэм мелуан 66,5-рэ, 2022 гъэм – мелуан 73,1-рэ, 2023 гъэм – мелуан 83,6-рэ, 2024 гъэм – мелуан 90-м нэсу хэхъуащ.
2025 гъэм и мазипщIым къриубыдэу туристхэм я нэхъыбэр Мэзкуу къалэм (мелуани 10,3-рэ), Краснодар крайм (мелуани 8,3-рэ), Санкт-Петербург къалэм (мелуани 6) щыIащ. Туристхэм кIуапIэ ящIа щIыналъэ нэхъыфIхэм адэкIэ хохьэ Мэзкуу областыр, Тэтэрстаныр, Кърымыр, Свердловск областыр, Ставрополь крайр, Тюмень, Ростов областхэр.
Иужьрей илъэсхэм турист IэнатIэхэр жыджэру езыгъэфIакIуэ щIыналъэхэм къагъэлъэгъуа зэфIэкIхэри узыщыгуфIыкIынщ. Псалъэм папщIэ, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIэ бжыгъэхэм елъытауэ Къэрэшей-Шэрджэсым хьэщIапIэ къакIуэ туристхэм я бжыгъэм проценти 128-кIэ, Адыгейм – процент 65-кIэ, Тверь областым – процент 49-кIэ, Къалмыкъым – процент 47-кIэ, Чукоткэм – процент 46-кIэ мы гъэм хэхъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым, зэкIэ къызэратамкIэ, дызэрыт илъэсым и мазибгъум къриубыдэу щыIащ туристу мелуан 1,5-рэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм елъытауэ проценти 5-кIэ нэхъыбэ.
Решетников Максим къыхигъэщащ туристхэм я бжыгъэм хэхъуэныр, абыхэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъыр зыхуэдэнур туристхэм кIуапIэ ящIэ щIыпIэхэр зэрырагъэфIакIуэм, турист инфраструктурэм зэрызрагъэужьым, хьэщIэщхэм я бжыгъэм зэрыхагъахъуэм куэдкIэ зэрелъытар.
Ди туристхэм нэмыщI, хамэ къэралхэм къикIхэм я бжыгъэми къыхэхъуэ зэпытщ икIи абыхэм нэхъыбэу здаунэтI хабзэр Мэзкуу, Санкт-Петербург къалэхэрщ, Краснодар край, Тэтэрстан, КъуэкIыпIэ Жыжьэ лъэныкъуэхэрщ, жиIащ абы.