ЩIыпIэ зэпэщхэр

«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм къыщыгъэлъэгъуахэр зэфIэгъэкIыным Бахъсэн щIыналъэм гулъытэ хэха щыхуащI. ЖыпIэнурамэ, иужьрей илъэсихым къриубыдэу районым и жылэу 12-м цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэу 15 зэIузэпэщ ящIащ. 
 Псалъэм къыдэкIуэу, лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкIащ Къулъкъужын Ипщэ къуажэм. Къуажэдэсхэм фIыуэ ялъэгъуа, зыгъэпсэхупIэ яхуэхъуа жыг хадэ цIыкIур къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Къэнэжар пхъэхуейхэмрэ мэз жыг цIыкIухэмрэ ихъуреягъкIэ щыхэсэжынырщ.
Бахъсэненкэ къуажэм икури зэIузэпэщ ящIащ: асфальтыщIэ тралъхьащ, лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр щралъхьащ, мывэхэмкIэ ахэр кърагъэбыдэкIыжащ. Апхуэдэ щIыкIэкIи, къуажэдэсхэм, псом хуэмыдэу курыт еджапIэ №1-м кIуэ цIыкIухэм, зекIуапIэ зэпэщрэ тыншрэ хуащIащ.
Бахъсэн щIыналъэм и инфраструктурэр егъэфIэкIуэным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм я фIыгъэкIэ, цIыху мин 53-м щIигъум (районым щыпсэум и процент 82-рэ мэхъу ар) тыншыпIэхэмрэ гупсэхугъуэ щагъуэт щIыпIэхэмрэ яIэ хъуащ. Лэжьыгъэхэм адэкIи пащэнущ.

Псы къабзэр ирашалIэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Хьэбэз къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ, псори зэхэту километри 7,4-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр щызэрахъуэкI, псыкъуийхэмрэ хъумапIэхэмрэ щаухуэ. 
Лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь къуажэдэсу 1700-м щIигъур псы къабзэкIэ зэпымыууэ къызэгъэпэща хъунущ. Яубзыхуахэм ящыщу процент 70-м щIигъур нобэкIэ зэфIагъэкIащ: бжьамийхэр щIым щIалъхьащ, псы хъумапIэу тIу яухуащ. Иджы къэнэжар псыкъуийуэ 65-рэ ухуэнымрэ гидрантхэр гъэувынымрэщ.
 «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI икIи ахэр зэфIагъэкIынущ 2026 гъэм и фокIадэм ирихьэлIэу.

Лэжьыгъэхэм пащэ

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Псыгуэнсурэ Шэрэдж Ищхъэрэмрэ зэпызыщIэ Шэрэдж Ищхъэрэ - Жэмтхьэлэ - Сукан Суу автомобиль гъуэгур зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и кIэух Iыхьэр 2026 гъэм зэфIагъэкIынущ. 
Зи гугъу тщIы автомобиль гъуэгур къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын щIадзат 2019 гъэм икIи дызыхуэкIуэ илъэсым и кIэхэм зэфIагъэкIынущ. ЩыIэ мардэм кърагъэтIэсэж щIыпIэр псори зэхэту километри 5,3-рэ мэхъу. 
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, гъуэгум асфальтыщIэ тIуащIэу тралъхьэнущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр, дамыгъэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, къэухьхэр и кIыхьагъкIэ щагъэувынущ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ нэгъуэщI лэжьыгъэхэри щрагъэкIуэкIынущ.

И кIэм нагъэс

ЩIыналъэ гъуэгу программэр гъэзэщIэным ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и мылъкукIэ Бахъсэн и къалэ паркым ухуэзышэ Парковая уэрамым щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ.
НобэкIэ гъуэгум и лъабжьэр ягъэбыдэри, асфальтрэ бетонрэ зэхэту и щхьэм тралъхьащ, абы и бгъум пкъохэри щагъэуващ. Зэрагъэпэщыжа гъуэгум метр 230-м щIигъу и кIыхьагъщ, метрих и бгъуагъщ. Иджыпсту лэжьакIуэхэм лъэс лъагъуэхэр зыхуей хуагъазэ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщу, гъуэгу дамыгъэхэр ирикIуэу щагъэув, къыщыхагъэщхьэхукI. 

Япэ игъэщыпхъэхэр

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №4-м ухуэзышэ гъуэгум иджырей лъэс лъагъуэ щыпхашащ, псори зэхэту метр 1500-м щIигъу и кIыхьагъыу. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «КъБР-м и транспорт IэнатIэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
ЛэжьакIуэхэм лъэс лъагъуэм асфальт тралъхьащ икIи светодиод уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуащ. Абы и фIыгъэкIэ, пасэу пшапэр щызэхэуэ, щыуэтIпсытI зэманхэм школым кIуэ сабийхэми къуажэдэсхэми я Iуэхур нэхъ тынш хъуащ.
«ЕджапIэхэм екIуалIэ гъуэгухэм цIыхухэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къыщызэгъэпэщыныр япэ идгъэщыпхъэ къалэнхэм ящыщщ», - жиIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Абрэдж Iэдиб.

ЦIыхухэм я тыншыпIэхэм хуэщIауэ

«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Аруан районым проектитI мы гъэм щагъэзэщIащ. 
Япэр, Нарткъалэ и Красная уэрамым тет жыг хадэ цIыкIур зэIузэпэщ щIынырт. ИнтернеткIэ ирагъэкIуэкIа 4-нэ урысейпсо IэIэтым къалэдэсу мини 5-м щIигъум а щIыпIэм щхьэкIэ Iэ яIэтат. 
Апхуэдэуи, къуажэдэсхэм я лъэIукIэ, Псыгуэнсу къуажэм КIасэм и цIэр зезыхьэ уэрамым цIыхухэм зыщагъэпсэхуу иIэ жыг хадэ цIыкIури зыхуей хуагъэзащ.
ЩIыпIитIми щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм хыхьэу лъэс лъагъуэхэм плиткэхэр щралъхьащ, я гъунэхэр мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ, тетIысхьэпIэхэмрэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэмрэ щагъэуващ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ, къэкIыгъэхэр щыхасащ. 
Къыхэдгъэщынщи, Псыгуэнсу къуажэм жыг хадэ цIыкIур щагъэтIыса и щIыпIэр япэм зыкIи къамыгъэсэбэпу щытащ, Нарткъалэ япэм щыIа жыг хадэ цIыкIур щIэрыщIэу зэрагъэпэщыжащ икIи иджырей мардэм ар хуагъэкIуащ. 

МЫСОСТ Ислъам.
Поделиться:

Читать также: