Нобэрей махуэм и лIыхъужьхэр

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек кадет школхэм щеджэ сабийхэм яIущIащ. 
 «Мы ныбжьыщIэхэм яхэтщ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я бынхэр, - щитхыжащ КIуэкIуэ Казбк и интернет напэкIуэцIым. – Ахэр ди хэкупсэ щIэблэщIэщ, спортым зыхуагъасэу, нэмыс яхэлъу, я адэхэм, адэшхуэхэм, я Хэкум и пащхьэм щахь жэуаплыныгъэр къагурыIуэу. Къару зыщIэлъ хьэл-щэн дахэ ядыболъагъу абыхэм: дзэм хэта я нэхъыжьхэм ядоплъей, фIы дыдэу йоджэ, зэхьэзэхуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахь. 
Ахэр зыгъэса адэ-анэхэми, егъэджакIуэхэми, гъэсакIуэхэми фIыщIэшуэ яхузощI. Фэ фызэлIалIэр нобэрей зэманым и лIыхъужьхэрщ. 
 ЦIыкIухэ! Дэ фэркIэ догушхуэ, дызыщыгугъри фэращ! Еджэным, спортым, цIыхубэ гъащIэм фэ къыщывгъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэр республикэм щыпсэу щIалэгъуалэм я дежкIэ щапхъэшхуэщ. А фызытетым фытет! Сыт и лъэныкъуэкIи фефIэкIуэну, фIы къывэхъулIэну си гуапэщ!»  

 

Поделиться:

Читать также: