Мураду ящIам нэхърэ нэхъыбэ

Къэрал къулыкъущIэхэмрэ цIыхубэмрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэм, зыр адрейм зэрызэхихым куэд елъытащ. Жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къэрал, республикэ унафэщIхэм зыхуагъэзэфу, епсэлъэфу щытыным. Апхуэдэ Iэмал цIыхубэм ирату гъэ къэс къызэрагъэпэщ эфир занщIэхэр, пресс-конференцхэр. Мы гъэми, хабзэ зэрыхъуам тету, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм я упщIэхэм жэуап щаритащ эфир занщIэм. 
ЯпэщIыкIэ, Iэтащхьэр кIэщIу тепсэлъыхьащ щIыналъэм и щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэм икIи жиIащ псэукIэр егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ ящIэну я мурада псори къайхъулIауэ 2025 гъэр зэрырагъэкIыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетым елъытауэ пщэрылъ зыщащIыжахэр зэрызэфIахар, уеблэмэ нэхъыби къазэрыдэхъуар. Эфирыр къызэрыщIадзар дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм защIэгъэкъуэным теухуати, республикэ унафэщIым КъБР-м и цIыхухэм фIыщIэ яхуищIащ, абыкIэ хьэкъ къазэрытемынэм папщIэ. 
- Зауэм щыIэ ди щIалэхэм зыхуэныкъуэхэр къыджаIэурэ яхуедгъашэу, къахуэтщэхуу щытащ. Иджы щытыкIэм нэхъ зихъуэжащ, ахэр апхуэдэу къыдэлъэIужыркъым, хэгъэзыхь хэмыту ядэIэпыкъухэр, волонтерхэр куэд хъуащи. Абы къищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм ятеухуауэ къыщащта унафэхэр къанэ щымыIэу догъэзащIэ. НобэкIэ ди сэлэтхэм ягу нэхъ къеуэр я унагъуэхэр зыхуей хуэзэнращи, дэ абы сытым дежи ди нэIэ тетщ. ЗауэлIхэм я унагъуэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ защIэгъэкъуэныр зэпыдмыгъэууэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэщ, - жиIащ Iэтащхьэм. 
Кенжэ къуажэм щыщ КIэш Артур республикэ унафэщIым къыхуитхащ КIуэкIуэ Валерэ тхьэмадэу щыщыта лъэхъэнэм ветеренар IуэхущIапIэ район псоми щызэтриублауэ зэрыщытар, иджыпсту къуажэхэм ветеранархэр зэрыщымыIэжым гугъуехь къызэрыхэкIыр. «ЗдэщымыIэ жылэхэр гъэбелджылауэ, гъэзэкIуэжын хуейщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Ауэ Iэщ дохутыр 1500-рэ республикэм щолажьэ, Бахъсэненкэ ветеринар IуэхущIапIэ хъарзынэ къыщызэIутхащ, мис абы ещхьхэр жылэхэм дэщIыхьын хуейщи, абы иужь дитщ. Iэщ дохутырхэр димыIэу хъунукъым, республикэм былыму щагъэхъум и бжыгъэр нэхъыбэ хъуащи. 
Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, мэкъуэмэшым хуеджэнуи ирилэжьэнуи жэрдэм зиIэ куэд яхэттэкъым щIалэгъуалэм. Ауэ иджы щIым телэжьыхьыну гупыж зыщIхэм, фермерхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ. Ди деж агроному, ветеринару щеджэхэм ди республикэри ди гъунэгъу хэгъэгухэри зэрахьэфынущ, - къыхигъэщащ КIуэкIуэм. 
«Экологистикэ» IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм арэзы къимыщIу тхьэусыхэр зэрыкуэдыр жаIащ эфир занщIэр езыгъэкIуэкIхэм, абы и щхьэусыгъуэм щыщIэупщIэм:
- Мы махуэхэм щытыкIэр гугъу зыщIар, пхъэнкIийр дэзышхэр лэжьапIэ къызэрыдэмыкIарщ. КъыщIыдэмыкIами щхьэусыгъуэ иIэщ - и чэзум улахуэ иратыркъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи, мыр къэрал IуэхущIапIэкъым, унейуэ зэрыщытым гугъуехь куэд къешэри, икIэщIыпIэкIэ а лэжьыгъэр зэтедублэжыну фыкъыдогъэгугъэ», - жиIащ щIыналъэ унафэщIым.
Гъуэгу Iуэхум щынэсым, Iэтащхьэм жиIащ республикэм и автомобиль гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр щIэгъэхуэбжьауэ зэрекIуэкIыр, 2026 гъэм километр щэ бжыгъэхэр зэрагъэзэхуэжыну, щIэуэ тралъхьэжыну зэраубзыхуар. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Налшык и гъуэгухэм сом зы мелардрэ мелуан щиплIрэ хухахынущ етIанэгъэ. Абы нэмыщI районхэми къалэхэми щекIуэкIынущ апхуэдэ лэжьыгъэ. 
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр зэрыщекIуэкIыр, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэ поликлиникэ Налшык къызэрыщызэIуахар, медицинэ IуэхущIапIэхэм машинэщIэхэр зэрыратыр, сымаджэщхэр зыхуэныкъуэ IэмэпсымэщIэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщыр жиIащ Тиловэ Алинэ икIи Онкодиспансерыр хьэзыр щыхъунум щIэупщIащ. Абы и жэуапу Iэтащхьэм жиIащ 2026 гъэм и кIэм ар къызэрызэIуахынур. 
Республикэм туризмым зэрыщызиужьым арэзы къищIрэ-къимыщIрэ щеупщIым, КIуэкIуэм игъэбелджылащ, зэраубзыхуам тету, зэрыхагъахъуэр, гъэ къэс турист нэхъыбэ къызэрыкIуэр. «Къедгъэблэгъэфым, щыдгъэIэфыну бжыгъэм хуэдиз къокIуэ иджыпстукIэ. ДяпэкIэ туристхэм я бжыгъэр мелуанитIым нэдгъэсыну ди мурадщ. АпщIондэху дэ къытпэщылъщ зыгъэпсэхуакIуэхэм Iуэхутхьэбзэ яхуэзыщIэхэр едгъэджэну, я Iэзагъым хэдгъэхъуэну», - дыщIигъуащ абы. 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2019 гъэм щегъэжьауэ жылагъуэ зэхуэсыпIэу 250-рэ зыхуей щыхуагъэзащ, пщIантIэ 500-м щIигъу зэрагъэпэщыжащ. ДяпэкIи а Iуэхум къыпащэн-къыпамыщэным щыщIэупщIэм, Iэтащхьэм жиIащ фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIэхэр цIыхухэр арэзы ищIу щытын папщIэ ялъэкI къызэрамыгъэнэнур, ар лъэпкъ проектхэм ящыщ зы Iыхьэу зэрыщытыр. КъищынэмыщIауэ, КIуэкIуэм дыщIигъуащ унэ зэтетхэр зи нэIэ щIэт IуэхущIапIэхэмрэ республикэ унафэщIхэмрэ зэпыщIауэ зэрызэдэлажьэр, унэхэри зэгъэпэщыжыным иужь зэритыр.
Абазэ Музариф Налшык къалэм жыгхэр куэду къызэрыщраупщIыкIым, мывэ къалэ зэрыхъум игъэпIейтейуэ къэтхащ. «Сэ Налшык мывэ къалэу схужыIэнукъым, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. Архитектурэ и лъэныкъуэкIэ зэредгъэфIэкIуэным, жыг нэхъыбэ зэрыхэтсэным иужь дитщ. Мы гъэризэм къриубыдэу жыг миным щIигъу хэтсащ. Абы къищынэмыщIауэ, республикэм езым и питомник тщIынущ, илъэситху дэкIмэ, ди деж къыщыкIа жыгхэр уэрамхэм щыхэтсэну». 
Нарткъалэ щыщ Хъуэст Темирлан видеокIэ Iэтащхьэм зыхуигъэзащ, гъуэгухэм я щытыкIэм игъэпIейтейуэ. 
- Гъуэгу нэхъыщхьэхэр район псоми зыхуей щыхуэдгъэзэну ди мурадщ, - жиIащ КIуэкIуэм. - Езы район, къалэ унафэщIхэм зэраубзыхуам, къызэрагъэлъэгъуам тету, 2026 гъэм лэжьыгъэр щIыналъэхэм щедгъэкIуэкIынущ. 
Тэрч къалэм бассейн зэрыщымыIэм игъэпIейтейуэ къэпсэлъам жэуап щритым, КIуэкIуэм жиIащ абы и проект нэхъапэIуэкIэ ящIауэ зэрыщытар, ауэ Iэпэдэгъэлэл ящIыжу, ар жьы зэрыхъуар. Иджы щIэрыщIэу проектым иужь зэрихьэжынур къыхигъэщащ УнафэщIым. 
Налшык къалэм дэт кхъэхэм ящыщ зыр зыхуей хуэгъэзэн, жьы хъуа жыгхэр къиупщIыкIын зэрыхуейм и гугъу ищIу къэтхащ зы бзылъхугъэ; Нарткъалэ и Къэбэрдей уэрамым тесхэр арэзыкъым унэщIэ куэд къызэхагъэувэу къэкIухьыпIэ къазэрыхуэмынам; Луганск электрикыу щылэжьа щIалэм «Ветеран боевых действий» цIэр къыфIащащ, ауэ абыхэм яхухэха ахъшэр къызэрырамытым игъэгузавэрт анэр; Лашынкъей футбол командэу тIу яIэщ, ауэ ахэр щыджэгун губгъуэ зэрамыIэм игъэгумэщIырт щIалэр; Вольнэ Аул щащIа школыщIэм и гъунэгъу Лесная уэрамым асфальт зэрытемылъым егъэгузавэ студием къэпсэлъа цIыхубзыр; Адииху сабий гъэсапIэ зэрыдэмытыр, сабийхэм я лъэм зыщрагъэукъуэдиин щIыпIэхэр зэрамыIэм игъэгузавэрт нысащIэр… 
Ахэр псори пIалъэ къыхэмыкIыу зэфIахыну жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Аутизм къызэуз сабийхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъум иригузавэу къэтхащ адэ-анэхэр, абыхэм папщIэ школ щхьэхуэ республикэм къыщызэIуахыну Iэмал щыIэрэ-щымыIэрэ къащIэну. КIуэкIуэм жиIащ апхуэдэ цIыкIухэм папщIэ классхэр зэрыщыIэр, ауэ IуэхущIапIэ щхьэхуэ республикэр хуэныкъуэмэ, унафэ зэрищIынур игъэбелджылащ. 
Суйдым Беслъэн «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» программэм кърикIуахэм щыщIэупщIэм, абы дяпэкIэ нэхъ иныжу зэрызрагъэубгъунур жиIащ Iэтащхьэм. «2025 гъэм къриубыдэу цIыху мини 5 хэтащ абы. СВО-м щыIэ щIалэхэм я бынхэр IэщIагъэ, IэнатIэ, къулыкъу зэмылIэужьыгъуэ куэдым пэрыт IэщIагъэлIхэм я нэIэ щIагъэувауэ гъащIэм, унагъуэ лъапIэныгъэхэм, лэжьыгъэм хуагъасэ. Ар куэд и уасэщ», - дыщIигъуащ КIуэкIуэм. 
Спорт IуэхущIапIэ зимыIэ жылэ зэрыщыIэм, жылагъуэ транспортыр зэрызекIуэм, анэдэлъхубзэхэр хъума зэрыхъунум, нэгъуэщI куэдми игъэпIейтейуэ къэпсэлъащ, къэтхащ къалэхэм, къуажэхэм щыщ ди лъахэгъухэр. Абыхэм псоми жэуап пыухыкIа яритащ Iэтащхьэм.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: