Хьэлъэу ягъэIэпхъуэм хохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъущI гъуэгухэмкIэ хьэлъэу ягъэIэпхъуэм и куэдагъым къыхэхъуэ зэпытщ. ЖыпIэнурамэ, дызэрыт илъэсым и щIышылэм – щэкIуэгъуэм къриубыдэу республикэм и гъущI гъуэгухэмкIэ хьэлъэ зэхуэмыдэу тонн мин 566-м нэблагъэ нэгъуэщI щIыналъхэм хурагъэшащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 11,4-кIэ ар нэхъыбэщ.
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу псори зэхэту хьэлъэу ягъэIэпхъуам щыщу тонн мин 501-р ухуэныгъэ материалхэрщ. Нэгъабэ яхузэфIэкIам елъытауэ процент 20,5-кIэ ари нэхъыбэщ. 
2025 гъэм и щэкIуэгъуэм гъущI гъуэгухэмкIэ хьэлъэу ягъэIэпхъуам и куэдагъми процент 16,4-кIэ хэхъуащ е тонн мин 66-рэ ар хъуащ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм ГъущI гъуэгухэмкIэ и управленэм. 
 
                                                                          ХадэхэкIхэр мэбагъуэ
Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым щэкIуэгъуэм и 1-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэм, унагъуэхэм хадэхэкIыу кърахьэлIэжар, губгъуэхэми хуабэщхэми къыщагъэкIар зэхэту, тонн мин 360,4-рэ хъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам процент 19-кIэ щIегъу ар.
ХадэхэкIыу псори зэхэту зэщIакъуэжам и тонн 360,4-р губгъуэхэм къыщагъэхъуахэрщ икIи зы гектарым хуэзэу центнер 235,5-рэ мы гъэм къытрахащ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 22-кIэ нэхъыбэу. Абы щыгъуэ зы гектарым къытекIар центнери 193,1-рэщ. 
Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм губгъуэхэм къыщагъэкI хадэхэкIхэм нэхъ йогугъу. ЖыпIэнурамэ, нэгъабэ псори зэхэту кърахьэлIэжа тонн мин 461,1-м щыщу тонн мин 422,2-р губгъуэхэм щащIат. 
 
                                                                              Налшык и уэрамхэр 
Налшык къалэм и уэрам нэхъыщхьэхэм ящыщу 9-р къызыхуэтыншэу 2026 гъэм зэрагъэпэщыжынущ: ахэр - Байсултановым, Тэрчокъуэм, ПащIэм, Руставели, Къэрэшейм, Мазлом, Абыдэм я цIэхэр зезыхьэ, Калининградскэ, Тепличнэ уэрамхэрщ. 
Абыхэм псори зэхэту километр 11-м нэблагъэ я кIыхьагъщ икIи лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну мылъкур ЩIыналъэм и гъуэгу фондым субсидиеу къыхэкIынущ.
 Зи гугъу тщIы уэрамхэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэ куэд тетщ икIи автомашинэрэ цIыхурэ куэду абыхэм щызокIуэ, абы къыхэкIыуи, ахэр щыIэ мардэм къигъэтIэсэныр япэ игъэщыпхъэ лэжьыгъэхэм хохьэ, жаIащ гъуэгуухуэхэм. 
Лэжьыгъэхэм хыхьэу автомобиль гъуэгухэр нэхъ бгъуэ ящIынущ, псы жапIэхэр хуащIынущ, асфальтыщIэр тIуащIэу тралъхьэнущ, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуэнущ, лъэс лъагъуэхэр щаукъуэдиинущ, гъуэгу дамыгъэхэр щагъэувынущ. Абыхэм нэмыщI, щхьэхуэу, Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым жьы хъуа и инженер коммуникацэр къанэ щымыIэу щызэрахъуэкIынущ. 
 
                                                    ПсэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм папщIэ
Льготэ зиIэхэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIата ахъшэм и Iыхьэ гуэрхэр иратыжын папщIэ къэрал бюджетым къыхэкIыу, УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 43-м сом меларди 2,8-рэ хуаутIыпщынущ. Урысей Федерацэм и Правительствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм апхуэдэ унафэ къыщащтащ. 
Ахъшэм щыщу сом мин 900-м щIигъу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуаутIыпщынущ икIи ар иратыжынущ льготэ зиIэхэм, 2025 гъэм и дыгъэгъазэм а Iуэхутхьэбзэхэм щIатыну пщIэм пагъэкIуэжу. 
Гулъытэ зыхуащIынухэм хохьэ Хэку зауэшхуэм, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм я ветеранхэр, ныкъуэдыгъуагъэкIэ гуп зыхуагъэува псори, радиацэ, техногеннэ къэхъукъащIэ шынагъуахэм фэбжь хэзыхахэр. ЖыпIэнурамэ, дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ ди республикэм и цIыху мин 31-м нэблагъэм апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэр иратащ.
УФ-м и Правительствэм къыбгъэдэкI ахъшэмкIэ щIыналъэхэм Iэмал яIэнущ я цIыхухэм защIагъэкъуэну, абы щхьэкIэ щIыпIэ бюджетхэм хэмыIэбэу.
Къэбгъэлъагъуэмэ, 2025 гъэм а социальнэ Iуэху щхьэпэм къэрал бюджетым сом меларди 123-рэ щыхухахащ.
 
                                                                  Псы къабзэ яIэрыхьэнущ
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм псы къабзэ зэрыкIуэ, ар зэрызэбгратыкI и бжьамийхэр щызэрахъуэкI, псыкъуийхэр щагъэув мы махуэхэм. 
Район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, бжьамий нэхъыщхьэм къыхэкIыу унагъуэхэм псыр зэрекIуэлIэну, псори зэхэту километри 9-м нэблагъэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр щаукъуэдиинущ а жылэм. Абыхэм къыщагъэсэбэпынущ иджырей технологиехэмрэ материалхэмрэ. Лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь, къуажэдэс I200-м псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэнущ. 
«Ди къалэн нэхъыщхьэу икIи псом япэ игъэщыпхъэу къыдолъытэ ди районым и цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэныр. Абы къыхэкIыу, сыт хуэдэ лэжьыгъэри, жэрдэмри, пэхуэщIэри зыхуэунэтIар а Iуэхугъуэращ икIи абыхэм я тыншыпIэхэр къызэгъэпэщыным, инфраструктурэм зегъэужьыным, нэгъуэщIхэмкIи сэбэп дахуэхъуным ехьэлIауэ лъэкI къэдгъанэркъым», - жиIащ Аруан щIыналъэ администрацэм и унафэщI ЛIыжьыкъуэ Хьэзрит. 
 
                                                Къуажэдэсхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщ
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм къыпекIуэкI Малкэ – Ингушли автомобиль гъуэгур 2026 гъэм щыIэ мардэм хуагъэкIуэнущ. Абы и кIыхьагъщ километри 7,4-рэ икIи хьэлъэзешэ машинэхэр куэду щызокIуэ. 
Сэрмакъ къуажэм къыпекIуэкI автомобиль гъуэгур зыхуей хуэгъэзэным къуажэдэсхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Жылэм и уэрам нэхъыщхьэм, Лениным и цIэр зезыхьэм, курыт еджапIэхэр, сабий сад, сымаджэщ, нэгъуэщI социальнэ ухуэныгъэхэри тетщ икIи куэду абы щызэблэкI машинэхэр цIыхухэм зэран яхуохъу. Абы къыхэкIыу, къуажэм лейуэ къыдыхьэ хьэлъэзешэхэр жылэм къыпекIуэкIыу ящIынущ, къуажэдэсхэм я тыншыпIэмрэ шынагъуэншагъэмрэ нэсу къызэгъэпэща хъун папщIэ, щыжаIащ щIыпIэ администрацэм. 
Лэжьыгъэхэм хиубыдэу гъуэгум асфальтыщIэ тралъхьэнущ, гъуэгу дамыгъэхэр, къэухьхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри щрагъэкIуэкIынущ.
  ПэхуэщIэм пэрыхьэнущ 2026 гъэм и япэ мазэхэм. 
 
                                                                         ХьэблэщIэм зеужь
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэм сабий садыщIэ ухуэн щыщIадзащ. Абы къыбгъурытщ иджыблагъэ къызэIуаха курыт еджапIэ №12-р. ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, садым сабийуэ 140-рэ зэуэ щыпхуэIыгъынущ.
Ухуэныгъэр къатитIу зэтетынущ икIи псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу 1280-м щIигъу иубыдынущ. Къат къэс сабийхэр щаIыгъын, ахэр щыджэгун, мэкъамэмрэ физкультурэмкIэ пэшхэр хэтынущ. 
Ухуэныгъэр щрагъэкIуэкI щIыпIэм зы гектар еубыд икIи 2027 гъэм и кIэхэм лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну траухуащ.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: