УФСБ-м къет Терроризмэм и телъхьэт
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ илъэс I9 зи ныбжь налшыкдэс щIалэм зэрихьэ хабзэншагъэр.
ЗэраубзыхуамкIэ, абы хъыбар-телекоммуникацэ бэджыхъыр къигъэсэбэпурэ Интернетым щызэбгригъэхырт терроризмэр дэзыIыгъ тхыгъэхэр.
Урысейм и Следственнэ Комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 205.2-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ хабзэншагъэхэр зезыхьар илъэси 7-м нэскIэ ягъэтIыс.
ПцIым фIым ухуишэркъым
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ автострахованием ехьэлIауэ щIыпIэм щыпсэу цIыхуитIым ялэжь хабзэншагъэр.
Страховой ахъшэр зыIэрагъэхьэн папщIэ абыхэм Налшык къалэм гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэ зыбжанэ къыщагъэхъуащ, хьэгъэщагъэ зэрахьэн мурадкIэ. Абы кърикIуащ сом мелуан 14-м щIигъу хэщIыныгъэ.
Уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ УФ-м и УК-м и 159.5 статьям и 3-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэси 6-м нэскIэ ягъэтIыс.
НаркотикхэкIхэр къытрахащ Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм, хабзэм ебакъуэу наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, къызэпаудащ гъунэгъу щIыналъэхэм щыщ цIыхуитIым ялэжь щIэпхъаджагъэр. Ахэр пыщIат ди республикэм наркотикхэкIхэр къишэныр къызэгъэпэщыным.
ХабзэншагъэкIэ ирагъэкIыну зыхэта «мефедрон» наркотикхэкI грамм 1039-м щIигъу къытрахащ.
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Следственнэ IэнатIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1 статьям и 5-нэ Iыхьэм япкъ иткIэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьам и гъащIэр лъэхъуэщым щихьыну ягъэтIысынкIэ хъунущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




