НыбжьыщIэ зэчиифIэхэр ягъэгушхуэКъБР-м щыIэ МВД-м щагъэлъэпIащ «Си адэ-анэр полицэм щолажьэ» зыфIаща, сабий сурэтхэм я Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм къыщыхэжаныкIахэр.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру республикэм щыIэм и къуэдзэ, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэнрэ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ ныбжьыщIэхэм иратащ фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ.
«Нобэ къэвгъэлъагъуэ творческэ бгъэдыхьэкIэр фи къэкIуэнум лъабжьэ быдэ хуэхъунущ, шэч хэмылъу», – жиIащ Бахъуэм. Абы къыхигъэщащ мыпхуэдэ конкурсхэм сабийхэр ягъэгуфIэм имызакъуэу, абыхэм я хьэл-щэныр зэтеувэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, я адэ-анэхэм я IэщIагъэм пщIэ хуащIыныр, Хэкур фIыуэ ялъагъуныр зэрыхапщэр.
Хъуэхъум къыпызыща Мэкъушэ Руслан къыхигъэщащ мы зэпеуэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэм я унагъуэхэм ящыщ ныбжьыщIэ нэхъыбэ кIуэ пэтми къызэрыдихьэхыр. Утыку кърахьа, я адэ-анэхэр - дамэтелъхэр зытелъ лIыхъужьхэр къызытещ дэтхэнэ лэжьыгъэри сабийм дунейм хуиIэ еплъыкIэр къэзыгъэлъагъуэщ.
ЗэIущIэ гуапэм и кIэухыу гукъинэж ящыхъуну сурэтхэр зытрагъэхащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




