ЦIыхугъэ, лIыгъэ, хэкупсагъХэкур хъумэныр дэтхэнэ зы цIыхуми и къалэн лъапIэщ. Абы къикIыр дзэм къулыкъу щыщIэн къудейркъым, атIэ къэралыр зэIузэпэщу псэун папщIэ жэуаплыныгъэ зэрыпхьыр зыхэпщIэнырщ.
Урысейм и тхыдэр гъэнщIащ лIыгъэмрэ псэемыблэжыныгъэмрэ я щапхъэкIэ. Хэку зауэшхуэм и зэманым Хэкум и ХъумакIуэхэм къыпхуэмыIуэтэн хахуагъэ къакъуэкIат, зэрыпхъуакIуэхэм я лъахэр IэщIамыгъэхьэн щхьэкIэ. Ноби, дызэрыт зэманым, гъэунэхуныгъэщIэхэр къыкъуэкIащ, ди Хэкум и шынагъуэншагъэр хъумэн, иджырей технологиехэм зегъэужьын, щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэн хуейуэ. А Iуэхугъуэхэр зауэлIхэм я закъуэкъым зи пщэ къыдэхуэр, атIэ щхьэж зыIут IэнатIэм сэбэп зэрыщыхъуным хущIэкъупхъэщ.
ЩIалэгъуалэм къагурыIуэн хуейщ Хэкур хъумэныр къалэн гуэру зэрыщымытыр, атIэ псоми ди зэхуэдэ Iуэхум езыхэми хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIыпхъэр. Къапщтэмэ, иджыпстурей щIалэгъуалэм и шыфIэлIыфэр ди нэгу къыщIэдгъэувэмэ, ар хахуэщ, гъэсащ, зэчиифIэщ. Щапхъэхэри ди гъунэжщ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ дзэ Iуэху хэхам и ветеран Къущхьэ Андемыркъан Артур и къуэр. 1989 гъэм Налшык къалэм ар къыщалъхуащ, 2015 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм и дзэм и гъащIэр ирипхащ.
2022 гъэм и мазаем Андемыркъан дзэ Iуэху хэхам кIуащ, абы лъандэрэ мызэ-мытIэуи нэрылъагъу хъуащ зэрыхахуэр. «ЩIалэр хэкупсэу, щалъхуа и лъахэр фIыуэ илъагъуу къызэрыдгъэхъуным сыт щыгъуи дыхущIэкъуащ», - жеIэ абы и адэ, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэм и къулыкъум пэрымытыж майор Къущхьэ Артур.
Зэрыхэкупсэм къыдэкIуэу, щIалэм цIыху нэс икIи хахуэ къызэрищIыкIам шэч къытетхьэркъым. Дзэ Iуэху хэхам къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм къыпэкIуэу, УФ-м и Президентым и УнафэкIэ, абы къыхуагъэфэщащ Жуковым и цIэр зезыхьэ медалымрэ «Хахуагъэм папщIэ» дамыгъэмрэ. Нэхъ ипэкIэ Сирием щекIуэкIа зауэм зэрыщыIам къыпэкIуащ «ЗауэлI лIыгъэм папщIэ» медалым и етIуанэ нагъыщэр.
Дзэ Iуэху хэхам япэ махуэм щегъэжьауэ щыIэ Андемыркъан 2025 гъэм и мэлыжьыхьым и узыншагъэ щхьэусыгъуэкIэ дзэм къыхэкIыжри, и лъахэм къигъэзэжащ.
- Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, сэ хьэкъыу спхыкIат си къалэныр дауэ мыхъуами нэгъэсауэ згъэзэщIэн зэрыхуейр. Гупым хэтхэм зыгуэр пIейтей хъуауэ гу лъыттамэ, «мыдэ къаплъэт зэ, псори тэмэмщ», - жытIэу, дыхуэгуфIэу, и гукъыдэжыр къызэрытIэтыжыным иужь дитт. Ар щIыжысIэращи, щIытIым ущисми угушыIэни угуфIэни къэбгъанэркъым, уи гур бгъэкIуэд хъунукъым. КъищынэмыщIауэ, сыт щыгъуи си гупсысэр унэмкIэ, си адэ-анэм я деж щыIащ. Ахэр згъэщIэхъу зэрымыхъунур къызгурыIуэрт, - жеIэ щIалэм.
Сабиигъуэм щегъэжьауэ Андемыркъан ехъуапсэу щытащ дамэтелъ фащэ зэгуэр зэрихьэну. Налшык къалэм дэт курыт школ № 25-р къиуха нэужь, юрист IэщIагъэм щыхуеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым. ИужькIэ дзэм къулыкъу щищIэну дэкIащ. ОМОН-м илъэсищ щылэжьащ. ЗэрыжытIащи, Сирием къыщыхъеяуэ щыта зауэми хэтыну хунэсати, щIалэр хуэхьэзырт дзэ Iуэху хэхам.
Андемыркъан апхуэдизкIэ цIыху щэныфIэщи, губгъуэм зэрисами гугъуехь зыхэтами тепсэлъыхьыну фIэфIкъым: «Абы и лъэныкъуэкIэ гугъу дехьауи схужыIэнукъым. Къапщтэмэ, псори зэкIэлъыгъэкIуауэ къулыкъур етхьэкIащ. Хэкур мамыру щытыным дызэрытелажьэр зэи ди гупсысэм хэкIакъым», - жеIэри.
ЩIытIым иса цIыхур дунейм нэгъуэщIынэкIэ еплъу къыщIэкIынщ. Андемыркъани абы шэч къытрихьэркъым: «Нэхъ ипэкIэ уиIа еплъыкIэхэм зехъуэж. Уи хъуреягъым къыщекIуэкIыу хъуар плъытэн, пщIэ хуэпщIын щIыбодзэ. Уеблэмэ зэманми нэхъ ущысхьу, ухуэсакъыу, ар пщIэншэу зэрумыгъэкIуэным уегупсысу мэхъу».
ПсэзэпылъхьэпIэ ихуа цIыхум и къарур къызэщIэзыIэтэ гуэр имыIэу хъуркъым, лIыхъужьым абы теухуауэ зыщ жиIэр - дин фIэщхъуныгъэр сыт щыгъуи зэрыщIыгъур.
Къызэригъэзэжрэ гъащIэм ар зэрыхэзэгъэжам дыщыщIэупщIэм, абы дыщегъэгъуазэ: «СыкъызэрыкIуэжрэ, япэ махуэм щегъэжьауэ сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн къысхуэхъуащ «Хэкум и хъумакIуэхэр» щIыналъэ фондыр. Си дэфтэрхэр гъэхьэзырынымкIи, пенсэ ахъшэ схуагъэувынымкIи, сыт хуэдэ IуэхукIэ захуэзгъэзами къыздэIэпыкъуащи, фIыщIэ яхузощI».
Иджыпсту ар «КъБР-м и ЛIыхъужьхэр» егъэджэныгъэ Iуэхум хэтщ. Мы Iуэхур фигу къэдгъэкIыжынщи, хуэгъэпсащ щIалэхэм я зэфIэкIым, IэщIагъэм храгъэхъуэным, лэжьыгъэм и пIалъэ кърагъэщIэным, IэнатIэ ягъуэтынымкIэ ядэIэпыкъуным. Ахэр щIыналъэ унафэщIхэм егъэбыдылIауэ къэрал Iуэху зехьэкIэм, цIыхухэм я псэукIэр зэрефIэкIуэну Iуэхухэм зэрелэжьым щагъэгъуазэ, министерствэхэм я IуэхущIафэхэр ялъагъу. «Сэ сызыхуейр си Хэкум, цIыхум сэбэп сазэрыхуэхъун Iуэхущ», - къыхегъэщ ди псэлъэгъум.
Ди тхыгъэр къызэрыщIэддзащи, лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ Къущхьэ Андемыркъан къызэрыгурыIуэмкIэ ар дыухыжынщ: «ЦIыхугъэр сэ къызэрызгурыIуэр псом япэ зумыгъэщынырщ. Уи пщIэр пIыгъыжу, абы щыгъуэми зыкъыхыумыгъэщу. ЦIыхугъэ зыхэлъыр сыт щыгъуи захуагъэм и телъхьэщ. ЛIыгъэр Iэмал имыIэу зауэм епхакъым. Ар дэтхэнэ зыми къыщигъэлъэгъуэфынущ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм. ЛIыгъэщ мафIэм ис унэм зыгуэр къебгъэлынри, гузэвэгъуэ хэхуам ублэмыкIыу дэIэпыкъуэгъу ухуэхъунри»
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




