Болэ Алесэ Ботэщей къуажэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэщ, абы и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъущ, школым хэт ныбжьыщIэ театрым и унафэщIщ, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ. Курыт еджапIэм къекIуалIэхэр еджэным дегъэхьэхыным, творческэ зэфIэкI зиIэ сабийхэр къэхутэным, литературэр къагурыIуэу егъэсэным, хэкупсагъэм хуэущииным теухуауэ бзылъхугъэм хузэфIэкIыр куэд мэхъу. Алесэ депсэлъащ и IэщIагъэм хэлъ щэхухэмрэ къигъэсэбэп Iэмалхэмрэ теухуауэ.
- Алесэ, егъэджакIуэ IэщIагъэр къызэрыхэпхам къытхутепсэлъыхьыт.
- ЕгъэджакIуэ сыщIэхъуар курыт еджапIэм урысыбзэмкIэ дыщезыгъэджа Къалэбатэ (Къазий) Еленэ щапхъэ зэрысхуэхъуар арауэ къыщIэкIынущ. Дерсхэр хьэлэмэту иригъэкIуэкIырт, урыс классикэм лъагъуныгъэ худигъэщIырт, литературэм дыдригъэхьэхырт. Ленэ сыхуэарэзыщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар псэужкъым. Школыр 1994 гъэм къэзухащ. А зэманым ирихьэлIэу Ленэ школым и унафэщI ящIат. КъБКъУ-м сыщIэтIысхьэну экзамен щыстым щыгъуэ, си егъэджакIуэр си адэ-анэм ящIыгъуу накIуэри, сыкъыщIэкIыжу си Iуэху зэрыхъуам и хъыбарыр яжесIэху къыспэплъат. Аращ егъэджакIуэм и лъагъуэм сытезышар. Ещанэ курсым сыщIэсу, сэ къэзуха школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу згъэзэжащ. Унагъуэ сыщихьэм, си лэжьапIэр схъуэжын хуей хъуати, Тэрч къалэм дэт етIуанэ курыт еджапIэм сыкIуащ. ЕджапIэм и унафэщIу щыта Дадэ Аслъэн егъэлеяуэ тыншу сыдэлэжьащ. Лэжьыгъэри, унагъуэри, еджэнри зэдэсхьыфырт – сыщIалэти псори сфIэхьэлэмэтт. ИтIанэ срагъэблэгъащ а зэманым Тэрч дэта еянэ интернатым. Абы щыгъуэ щхьэгъусэми сыбгъэдэсыжтэкъым, цIыкIуу сабиитI сиIэт. Гугъу сехьми, илъэс пщыкIузкIэ (интернатыр зэхуащIыжыху) сыщылэжьащ абы. Пщэдджыжьым щегъэжьауэ шэджагъуэ хъуху сыегъэджакIуэт, шэджагъуэм щIэздзэрти, пщыхьэщхьэ хъуху сыгъэсакIуэт. Гугъу пэтми, си лэжьыгъэм гурэ псэкIэ сыбгъэдэтт, си щIэщыгъуэр икIыртэкъым, злэжьым гукъыдэж къыхэсхыфырт. Си лэжьэгъухэр гуапэ защIэт. Илъэсий мэхъу IуэхущIапIэр зэрызэхуащIыжри, ноби дызэрощIэ, дызэхуэгуапэщ.
Интернат нэужьым, Плановскэ (Ботэщей) дэт етIуанэ курыт еджапIэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэу сыкIуащ, абы нэгъуэщI IэнатIэ зэхуэмыдэхэми сыщыпэрытащ. Илъэс етIуанэ хъуауэ ди еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэмкIэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ сричэнджэщэгъущ.
- ЩIэблэр еджэным дебгъэхьэхыну гугъу?
- ЩIэблэр тхылъым дебгъэхьэхыныр гугъущ ди зэманым. Компьютерри телефонри зэран хъууэ си гугъэщ. Ди гугъэр хэтхыжын хуэдизу ди Iуэхур мыщIагъуэуи схужыIэнукъым. Нэхъыжь классхэм щIэсщ IэщIагъэ яхуэхъунур иджыри къыхэзымыха. Ар си жагъуэщ, псалъэм папщIэ. Литературэм дихьэххэм я бжыгъэри нэхъыбамэ нэхъыфIт. «Евгений Онегин», «Война и мир», «Преступление и наказание», «Тарас Бульба», «Капитанская дочка» тхыгъэ хьэлэмэтхэм дауэ узэрыдимыхьэхынур!? Пэжщ, гугъу хъуащ сабийхэм уадэлэжьэну. Ауэ дэри Iэмалхэм дыхуокIуэ. ЕгъэджакIуэр щапхъэ хъумэ, абы литературэ тхыгъэхэм теухуауэ иIэ гупсысэхэр и гъэсэнхэм я деж нихьэсыфмэ, и къалэнхэм зэрапэлъэщым и нэщэнэщ. Сыт егъэджакIуэм е гъэсакIуэм и къалэн нэхъыщхьэр жыпIэмэ, сабийр зыхищIэнырщ, абы и зэфIэкIхэр къилъагъуфу иунэтIынырщ. Сытри гъэщIэгъуэн зыщыхъухэри яхэтщ ди еджакIуэхэм. Ахэр куэдым щIоупщIэ, загъасэ, запсыхь.
Литературэм хузиIэ лъагъуныгъэр нэгъуэщIми къыхокI. БалигъыпIэ сыщиувам усэ стхыуэ щытащ. Иджыри прозэ, статьяхэр сотх, газетхэм къыщытрезгъадзи щыIэщ. Сабийхэм папщIэ шыпсэ, рассказ зыбжанэ сиIэщ. УрысысбзэкIэ зы рассказ «КБП» газетым, адыгэбзэкIи «Лэскэн газетым» къытрадзауэ щытащ.
Хъарзынэу къызэхъулIэхэм ящыщщ сабийхэр зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм яхуэгъэхьэзырыныр. Зэпеуэ хэзгъэхьэ си сабийхэм япэ увыпIэхэр куэдрэ къахь.
- Курыт еджапIэм деж щылажьэ «Навигаторы детства» проектри уи нэIэ щIэтщ.
- Си къарумрэ зэфIэкIымрэ згъэунэхужмэ сфIэфIу яужь сихьащ а лэжьыгъэми. Езы проектыр къызэрырахьэжьэрэ илъэсиплI хъууэ аращ, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм егъэщIылIа урысей сабий центрым дыхэтщ. Си лэжьыгъэр зыхуэгъэпсар щIэблэр хэкупсэу гъэсэнырщ. А IэнатIэм сызэрыпэрытым ипкъ иткIэ, иджыблагъэ Москва сыщыIащ си щIэныгъэм хэзгъэхъуэн IуэхукIэ. Республикэм щыщу абы дыкIуащ цIыху 54-рэ. ТхьэмахуэкIэ лекцэ гъэщIэгъуэнхэр диIащ, дерс щIэщыгъуэхэм дыщIэсащ. Дыхуагъэхьэзыращ щIэблэм къэралым и тхыдэр, и хабзэхэмрэ и щэнхабзэхэмрэ ящыдмыгъэгъупщэным, зыщыпсэу щIыналъэм лъагъуныгъэ хуаIэным хуэдущиинымкIэ Iэмалхэр къэдгъэсэбэпыфу. Мы зэманым абы и IуэхукIэ лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI, пэжым ухуеймэ. «Росдетцентр» къэрал IуэхIущIапIэм къытхурегъэхь мазэм къриубыдэу ди гъэсэнхэм дазэрыдэлэжьэну мардэхэр къыщыхьа тхыгъэр. «Студентхэм я махуэр», «Ленинград блокадэм къызэрыIэщIахам и махуэр», «Холокостым хэкIуэдахэм я махуэр» - мыбыхэм иужьрейуэ делэжьащ.
«Навигаторы детства» Iуэхум сызэрыхэлэжьыхьым папщIэ республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэхэм къабгъэдэкIыу мызэ-мытIэу щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къысхуагъэфэщащ.
- Фи курыт еджапIэм хэт ныбжьыщIэ театрым уриунафэщIщ. Сытхэм фелэжьрэ?
- Илъэс зыбжанэ хъуауэ «Вдохновение» школ театрыр си нэIэ щIэтщ. Егъэлеяуэ си гур хегъахъуэ ар зэрыдиIэм, абы хэт ди еджакIуэхэр утыкум нэхъ тегушхуэф зэрыхъур, я гупсысэхэр гъэщIэгъуэну къызэрызэрыкIыр, артист зэфIэкI гуэрхэри ягъэлъагъуэу зэрыщIадзар. Уеблэмэ еджакIуэхэр хэту фильм кIэщI цIыкIухэри тыдох. Апхуэдэу, «Взгляд из прошлого» зыфIэтща фильмыр КIыщ Мухьэдин илъэс 85-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ ирагъэкIуэкIауэ щыта «Чегемский родник» зэпеуэм лауреат щыхъуащ. Ленинград и блокадэм теухуауи фильм кIэщI тетхащ. Зэхэгъэувэнри, къэгупсысынри, сабийхэм ядэлэжьэнри, фэилъхьэгъуэхэр къыхэхынри си пщэ дэлъщ, техынымкIэ къыздоIэпыкъу си лэжьэгъу Бэлэтокъуэ Рустам.
- Дунейпсо артийскэ комитетым щIэблэм яхэплъхьэ гъэсэныгъэм папщIэ медаль къыпхуигъэфэщащ.
- «Артиада народов мира» зэпеуэм си гъэсэнхэр хуэзгъэхьэзырат. ХъыджэбзиплI зэпеуэм хэзгъэхьати, дэтхэнэри япэ нагъыщэр зиIэ лауреат хъуащ. Iуэхум къыхэжаныкIахэр щагъэлъапIэ пшыхьым срагъэблэгъащ сэри. Си гъэсэнхэм щIыхь тхылъхэр къызэрыратыжынур сщIэрт, ауэ сэ апхуэдэ гулъытэ къызэрысхуащIынум хэсщIыкIIатэкъым. Арагъэнщ медалыр сэркIэ нэхъри лъапIэ щIэхъуар. ЩIэблэр хэкупсэу зэрызгъасэм, егъэджэныгъэ Iэмал щхьэпэхэр къызэрызгъэсэбэпым папщIэ «Творческэ щIалэгъуалэм щIыхь зиIэ я гъэсакIуэ» цIэ лъапIэр къысфIащащ. Абы щIыгъу медалыр къызитащ Дунейпсо артийскэ комитетым и унафэщI Бейтыгъуэн 1эуес.