Сакъыну къыхураджэ

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабыр республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ къедгъэблагъэ ИлъэсыщIэмрэ РождествомкIэ йохъуэхъу икIи ахэр къыхуреджэ сакъыну, терроризмэм зыщыхъумэнымкIэ хабзэхэр ягъэзэщIэну:
- щытыкIэ къызэрымыкIуэхэр, фыкъэзыухъуреихьхэм я дежкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъунухэр къэвмыгъэхъу;
- фи автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;
- шэч къызытефхьэ хьэпшыпхэм, автомашинэхэм фрихьэлIэмэ, апхуэдэуи терактхэр ирагъэкIуэкIыным, цIыхухэм къагъауэ пкъыгъуэхэмрэ Iэщэрэ зэраIыгъым, щIэпхъаджагъэхэм зыхуэгъэхьэзырным икIи ар лэжьыным пыщIахэм ехьэлIа хъыбар гуэр къэфщIамэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ экстреннэ къулыкъущIапIэхэмрэ икIэщIыпIэкIэ хъыбар евгъащIэ;
- хабзэхъумэхэм, апхуэдэуи цIыху куэд зыхэт зэхуэсхэр щекIуэкIкIэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ жэуап зыхьхэм къыфхуагъэувхэр вгъэзащIэ.
 КъаIэрыхьэ дэтхэнэ хъыбарри нэсу къапщытэнущ, зыхуэфащэ Iуэхухэр зэфIагъэкIынущ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ.
Шэч зыхуащIхэм ятеухуа хъыбарыр КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым къезыгъэщIахэм я цIэ къраIуэнукъым, апхуэдэуи республикэм щыпсэухэм фIыщIэ хуащI зэрызэхащIыкIым папщIэ.
«Линэ пщтыр» телефонхэр:
- Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм: 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
- КъБР-м щыIэ МВД-м: 40-49-10 (плъыр часть), 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
- Урысейм и Слественнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм: 77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
- Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм: 39-99-99 (плъыр часть). 

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штаб.
Поделиться:

Читать также: