ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъхэр зэкъуегъэувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и къегъэлакIуэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ ехъуэхъуащ я IэщIагъэм епха махуэмкIэ икIи Урысейм а и къулыкъущIапIэр илъэс 35-рэ зэрырикъумкIэ:
«А IэнатIэм зэкъуегъэувэ хахуагъэ, лIыхъужьыгъэ зыхэлъхэр, пщIэ зиIэ а IэщIагъэр къыхэзыхахэр. Фэ жэуаплыныгъэшхуэ фи пщэ дэлъщ. ЩытыкIэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм деж фэращ цIыхухэм дэIэпыкъуэгъу япэу яхуэхъур, псынщIэу икIи фыкъимыкIуэту фогъэзащIэ къыфпэщыт къалэнхэр.
Урысей МЧС-м и къегъэлакIуэ къулыкъущIапIэм и къудамэхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэхэм мызэ-мытIэу къагъэлъэгъуащ я Iэзагъэр, Iуэхум зэрыхуэхьэзырыр, сыт хуэдэ къызэрымыкIуэ шытыкIэми зэрыхуэфэщэнкIэ зэрыбгъэдыхьэфыр, зэщIэкъуауэ, я къару емыблэжу къалэнхэр зэрагъэзащIэр. Псом хуэмыдэу а фи хьэл-щэнхэр наIуэ къэхъуащ дызэрыт илъэсым Тырныауз ятIэпс псыдзэ къыщыдэуам щыгъуэ.
Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI фи псэ фемыблэжу фи къалэнхэр зэрывгъэзащIэм, фызэрыгумащIэм, цIыхухэм дэIэпыкъуэгъу фахуэхъуну сыт щыгъуи фызэрыхьэзырым папщIэ. Иджыри зэ сынывохъуэхъу фи махуэшхуэмрэ ИлъэсыщIэ къэблэгъамкIэ! Си гуапэщ фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэщIэхэр адэкIи щызыIэрывгъэхьэну, фэри фи унагъуэм исхэри фыузыншэну, фефIэкIуэну!», - щыжеIэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и хъуэхъум.
Урысей Федерацэм и КъегъэлакIуэм и махуэмрэ Урысейм и МЧС-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 35-рэ щрикъум ирихьэлIэу КIуэкIуэ Казбек кIуащ а IэнатIэм и къудамэхэм ящыщу Налшык щыIэ, мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм. Ар епсэлъылIащ абы и лэжьакIуэхэу а махуэм къулыкъур езыхьэкIахэм икIи абыхэм ящIыгъуу удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и мафIэсгъэункIыфIхэм я лIыхъужьыгъэм, къэмыланджагъэмрэ лIыгъэмрэ папщIэ» мемориалым деж.

Поделиться:

Читать также: