ГъащIэр апхуэдизкIэ щхъуэкIэплъыкIэу икIи гъэщIэгъуэныщэу зэIущауэ макIуэри, дыгъуасэм зэрещхьыж щIагъуэ щымыIэу нобэм нэху дыкъокI.
Тхьэм цIыхухэм къыдита зэманым нэхъ лъапIэ щыIэкъыми, ар бжыгъэр зи лъабжьэ технологиехэм къапыIукI даущ хъуауэ щыIэныгъэр идохьэкI. ЗэфIэтха лэжьыгъэм и куэдагъымрэ дызыбгъэдэс компьютерым къызэпхидз нэхумкIэ нобэрей гъащIэм и пщалъэр къэдмыпщу пIэрэ жыуегъэIэ. Сытри щхьэхьу къыщызэрехьэкI лъэхъэнэм дыгъэгъазэм и 31 махуэ закъуэрауэ къыпщохъу, икIи арауэ къыщIэкIынущ ар зэрыщытыр, къалэшхуэхэм дэсхэри бгылъэ щIыпIэхэм щызэбгрыпхъа къуажэ цIыкIухэм щыпсэухэри къыщызэтеувыIэр. Шэч къытесхьэркъым: мыр мэгъу къару зиIэ зы дауэдапщэ гуэрщ.
Зы Iуэху дызэдевгъэгупсысыну фыкъыхузоджэ. Мор е мыр блыщхьэм къезгъэжьэнщ е пщэдеймыщкIэ иужь сихьэнщ, жытIэу сыт хуэдизрэ дигу къэкIрэ? Ди гъащIэм къегъэжьапIэщIэ гуэр хуэтщIыну сыт щыгъуи дыхущIокъу. Тыншкъым, дауи, узэбэкъуэныр, узыщIэхъуэпсым, нэхъыфIу къэплъытэм занщIэу зыпIэту ухуежьэныр. Блыщхьэмрэ пщэдеймыщкIэмрэ дыщIемыхъулIэри аращ – дызэрызэмыбэкъуэжыфырщ. Ауэ цIыхур зыхэт Iуэху къомым зы кIэух гуэр иIэн хуейщ, къызэринэкIам хэплъэжрэ и щыуагъэхэр щызэригъэзэхуэжын, жимыIахэр щынигъэсыжын, зыщыгугъахэм къаруущIэ щахилъхьэжын далэ къелъыхъуэ. Абдеж нэхугъэм дыкъыщызэщIиIэтэ хуэдэщ, хъуапсэ гуэрым дрихьэжьэм ещхьщ. Ар къытпэщылъыр нэхъыфIу дызыщызыгъэгугъ ИлъэсыщIэращ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, жьы Iурыхьэгъуэмрэ абы и къыжьыдэкIыжыгъуэмрэ я зэхуакум илъ щэхур гъащIэ псо зи кIыхьагъ хъуэпсапIэхэу щызэIущэ меданырщ.
ЦIыхур псэуху мэгугъэ, ар абы IэщIэзыхыфын къару зэрыщымыIэр къэзыIуатэ пIалъэщ ИлъэсыщIэр. А зэпыугъуэм ирихьэлIэу – илъэсыжьыр щынэтхьэсарэ щIэр иджыри къыщымысам – зихуэдэ щымыIэ пэж куэд щхьэм щызэблэкIыу хуожьэ. КъызэрыгуэкI хуэдэу, ауэ, уегупсысыжыпа нэужь, уигъэпIейтейуэ упщIэ зыбжанэ уи пащхьэ къоувэ: узытет гъуэгур захуэрэ пхэнжрэ уогупсыс, уи гъащIэм хэт цIыхухэр зыхуэдэмрэ зищIысымрэ уахоплъэж, блэкIа илъэсым къыщыбнэнухэм, къакIуэ илъэсыщIэм пхьынухэм уаходэ… ИпэжыпIэкIэ, илъэсыщIэпежьэр къэпIэт хъуэхъубжьэ къудеймкIэ зэфIэкIыркъым, ар а зи гугъу сщIа щэхум хуэныкъуэщ, упщIэбэм жэуап ягъуэтын щхьэкIэ…
Нэхумрэ щэхумрэ зэшщ, жиIащ адыгэжьым. Дызытет дунейр нэхъ гугъусыгъу, къыщекIуэкIым я Iэуэлъауэр нэхъ ин хъуху, ди псэупIэхэр нэхъ дгъэщIэращIэ, нэхъ нэху зэрытщIыр гу лъызытам жиIэфынущ. КъызэднэкI илъэсыр зыми хуэдэжкъым… ИлъэсыщIэ псейр гъэувыныр ди лъэпкъ хабзэхэм щымыщми, ар зэрыдгъэщIэращIэ щIыкIэ къудейм къегъэлъагъуэ нэху дызэрыхуэныкъуэр, щэхур щытепщэ нэхугъэ къызэрытлъыхъуэр… ЩIымахуэр махуэр щыкIэщI, жэщыр щыкIыхь лъэхъэнэщи, кIыфIыгъэр щытепщэ хуэдэщ, ди унэхэр зэрыдгъэщIэращIэ джэгуалъэхэр нэхъыбэ зэрытщIми къиIуатэр абы дызэрыпэщIэтырщ. «Тхьэ Закъуэм и фIыщIэщ, дыпсэущ, илъэсыр къэтхьэсащ, нэхури хуабэри тщIыгъущ, зыхуримыкъуми дыдэгуэшэнущ», – жытIэ хуэдэщ. Аращ-тIэ, угугъэмэ, сытми упэлъэщынущ, узытемыкIуэн гугъуи щыIэкъым.
Дыгъэгъазэм и 31-м хуэдэу я Iыхьлыхэм, фIыуэ ялъагъухэм, я гур зыхузэIухахэм деж уэру цIыхухэм щагъэзэж нэгъуэщI зы махуэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ди нитIыр къэплъэж хуэдэщ а махуэм. Блыщхьэмрэ пщэдеймыщкIэмрэ дымыщIэфар абдеж щызыхэтщIэм хуэдэщ. Илъэс хъурейкIэ телефонрэ жэрыгъэ IуэхукIэ фIэкIа дызыхуемыплъэкIахэм нэхъ набдзэгубдзаплъэу дахоплъри, къыдолъагъу ди бынхэр къызэрыдэкIуэтеяри, ди адэ-анэхэм я щхьэр нэхъыбэу къызэретхъухари, ди цIыкIущхьэр зыдэдгъэкIуахэр нэхъ тIорысэ зэрыхъуари… Ар къэгъэнауэ, зыгуэрхэри ди япэ ищащ, зыгуэрхэр дигу къыдогъэкIыж… А махуэ закъуэм къызэрыгуэкIыу тыгъэ яхудощI фIыуэ тлъагъухэм, абыхэм ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэрыщаIэр къэдгъэлъагъуэу, илъэсыщIэми дызэщIыгъуну дызэрыщыгугъыр къэтIуатэу.
Арыххэуи, 2026 гъэр къоблагъэ. Сыт псори зылъэгъуа мы дунеижьым узэрыхуэупсэфынур? ЦIыху къэс езым и жэуап иIэжынщ, ауэ «фи хъуэпсапIэхэр къывдрырехъу» жысIэнкъым. Хъуапсэхэр фIыщ, ух зэрамыIэмкIэ, дапщэщи узэхъуэпсэни узыщIэхъуэпсыни зэрыщыIэмкIэ. Ауэ щытыкIэ дахэкIэ сыхуэупсэнт мы дунеижьым. Хъыбар бзаджэ къыщIэIуэмэ, зишыIэну, пцIы зэхихмэ, ар пэжым къызэрыщхьэщигъэкIыфын акъыл иIэну, зи Iуэху хуэмыщIа хуэзэмэ, абы щIэузын гу игъуэтыну сехъуэхъунт цIыхум. Ауэ, нэхъыщхьэращи, лъагъуныгъэ къритыну Тхьэ Закъуэм селъэIунт. Дызэвгъэхъуэхъуж абыхэмкIэ а дунеижьым тет цIыхухэр псори.
Гъуэгу дытетщ иджыри, дремыух ар, кIуэцIрырекI захуэу, абы щыдгъэкIуэну зэманри дблремыкI. КъэдвгъэгъащIэ а пIалъэр, и махуэ къэсми мыхьэнэ яIэу, нэхукIэ, щэхукIэ, мамырыгъэкIэ, купщIэкIэ гъэнщIауэ.
Тхьэм и нэфIыр къыпщыхуэ, си лъэпкъ дахэ!