КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ИлъэсыщIэм хуэгъэза и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ! 
 Куэд дэмыкIыу, 2026-нэ ИлъэсыщIэр ди унэхэм къытхуеблэгъэнущ. Иджыпсту гур щыпIейтей мы дакъикъэхэм къэкIуэнум дыщегупсыскIэ, шэч къытетхьэркъым псори фIы зэрыхъунум. Апхуэдэу дигухэр тхуэзыгъэбыдэр щIыхь яIэу ди Хэкур тхуэзыхъумэхэрщ, дзэ Iуэху хэхам щыIэу, Урысейм и къэкIуэнумрэ и лъапIэныгъэхэмрэ къащхьэщыжхэрщ. 
 Ди зауэлI щIалэхэм захуэзгъэзэну сыхуейщ. Дэ дрогушхуэ фи лIыгъэмрэ хахуагъымрэ. Фэ фхуэдэщ лIыхъужькIэ зэджэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэри ди къэралышухэри дывигъусэщ. 
 Едгъэжьэж 2025 гъэр тыншу щытакъым, ауэ пщIэ пылъу къызэднэкIащ ар. Экономикэм лъагапIэ хъарзынэхэм дыщынэсащ. Промышленностым, мэкъумэшым, ухуэныгъэм, туризмэм фIыуэ заужьащ. ЦIыхубэм я хэхъуэм зиубгъуащ. Школрэ сабий IыгъыпIэу пщIы бжыгъэхэр, сымаджэщхэр, поликлиникэхэр, щэнхабзэм, щIалэгъуалэм, спортым телажьэ IуэхущIапIэхэр къызэIутхащ. Гу лъыптэу ефIэкIуащ гъуэгу инфраструктурэр, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я теплъэр. 
 А псори зи фIыгъэр республикэм щыпсэу цIыхубэр псэемыблэжу зэрылажьэрщ. СигукIи си псэкIи фIыщIэшхуэ фхузощI, си хэкуэгъухэ, зэгъусэу зэфIэдгъэкIа Iуэху щхьэпэхэм папщIэ. 
 Илъэс блэкIам Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр илъэс 80 зэрырикъуар дгъэлъэпIащ. А махуэшхуэр зэрытIэтам къигъэлъэгъуащ Урысей цIыхубэр, дапхуэдэу дунейм и щытыкIэм зихъуэжу щытми, зэкъуэту къызэрынэнур. УФ-м и Президентым, быдэу дызэрызэрыIыгъым и мыхьэнэр къигъэлъагъуэу, 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу щытыну игъэуващ. 
 Шэч хэлъкъым ди пащхьэ къиувэ къалэн псори зэрытхуэгъэзэщIэнум, ди республикэри къэралри зыхуей хуэзэн папщIэ, тлъэкI къызэрыдмыгъэнэнум. 
 ИлъэсыщIэм ди гуращэхэр, хъуэпсапIэхэр, фIыуэ дигу илъхэр къыщыдэхъулIэну догугъэ. Абыхэм далъэIэсын, цIыхухэм я гъащIэр ефIэкIуэн папщIэ, ди къарум дыщысхьынукъым. Сабийхэр узыншэрэ насыпыфIэу къыдэкIуэтейуэ. ЩIалэгъуалэм зэманым декIу щIэныгъэ зэрагъэгъуэту, дэтхэнэ зыми къыдалъхуа зэфIэкIымрэ зэчиймрэ зригъэужьыфу. Нэхъыжьхэр цIыхухэмрэ къэралымрэ я гулъытэм щымыщIэу. 
Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
 ИлъэсыщIэр къихьэным къэнэжар мащIэ дыдэщ. Фи Iыхьлыхэр, благъэхэр къывбгъэдэтщ: фи унагъуэр, сабийхэр, адэ-анэхэр, къуэрылъху-пхъурылъхухэр, ныбжьэгъухэр. 
 ЕхъулIэныгъэ фиIэну, дэтхэнэ зы унэри, унагъуэри, ди Къэбэрдей-Балъкъэрри, фIыуэ тлъагъу ди Хэкушхуэ Урысейри ефIэкIуэну си гуапэщ. 
 ДызыщIэхъуэпс фIы псори ИлъэсыщIэм къытхуздрехь! 
 ИлъэсыщIэ угъурлы Тхьэм дытригъэхьэ, си хэкуэгъу лъапIэхэ!

Поделиться:

Читать также: