КъБР-м и Парламентым и Президиумым гъатхэ лэжьэгъуэм хыхьэу и япэ зэIущIэр екIуэкIащ.
Ар къыщызэIуихым, хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ депутатхэм ехъуэхъуащ лэжьыгъэ купщIафIэ яIэну. Абы къыхигъэщащ гъатхэ лэжьэгъуэр къыщызэIуах зэIущIэр зэман гъунэгъум зэрекIуэкIынур, ауэ, иужьрей зэхуэсым ягъэбелджылауэ щыта Iуэхухэм тету, Парламентым лэжьэн зэрыщIидзар.
- Ди мурадщ законопроект 20-м щIигъум дыхэплъэну. Апхуэдэуи къэпщытэныгъэ лэжьыгъэу 30-м щIигъуу едгъэкIуэкIынущ. Абыхэм нэгъуэщI Iуэхухэри къахэхъуэнущ, - жиIащ Егоровэм. - Президиумым и къыкIэлъыкIуэ зэIущIэм республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэр зэредгъэфIэкIуэну Iэмалхэм дыщытепсэлъыхьыну тедухуащ. ЩIышылэм и кIэм, Законодательствэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ комитетым и жэрдэмкIэ, Бахъсэн къалэм Парламентым и зэIущIэ щедгъэкIуэкIынущ. Ар теухуауэ щытынущ къалэ мыинхэм зэрызрагъэужь щIыкIэм.
Егоровэ Татьянэ тепсэлъыхьащ депутатхэр псапэ зыпылъ Iуэхухэм, щIыналъэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм зэрыхэтым, апхуэдэуи нэгъуэщI щIыналъэхэм я хабзэубзыху IэнатIэхэм зэрадэлажьэр ирагъэфIэкIуэну зэрамурадым.
КъБР-м и Паламентым и зи чэзу зэIущIэр щIышылэм и 29-м екIуэкIыну траухуащ.
Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ комитетым и унафэщI Кансаевэ Еленэ къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ 2026 гъэм япэу екIуэкIыну зэIущIэм КъБР-м и Парламентым хэмыт политикэ партхэм я лIыкIуэхэ- ри къызэрырагъэблагъэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэ-политикэ, социально-экономикэ зыужьыныгъэм ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэм зэрыщедаIуэр. Парламентым и Президиумым зэриубзыхуамкIэ, мы гъэм ахэр тепсэлъыхьынущ республикэм мэкъумэш IэнатIэм иджырей мардэхэм тету зэрызыщрагъэужьыпхъэм.
ЗэIущIэм депутатхэр щыхэплъащ «КъБР-м и Адвокат палатэм и квалификацэ комиссэм Парламентым и лIыкIуэхэр зэрыщыхах щIыкIэм теухуауэ» республикэ законым и проектым. Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ комитетым и унафэщI Кривко Михаил къыхигъэщащ зи гугъу ящI законыр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ дэфтэрыр къызэрыхалъхьар. Законопроектым теухуа чэнджэщхэр къагъэлъэгъуэн папщIэ, IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм иратащ.
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щыхэплъащ нэгъуэщI щIыналъэхэм я жэрдэмхэм. Абыхэм яхэтщ сатур къызэрызэрагъэпэщым, щэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, псыщIэгъэлъадэ Iуэхум, волонтёр зэгухьэныгъэмрэ хьэрычэт Iуэхумрэ зегъэужьыным, УФ-м Унагъуэ, Лэжьыгъэ, административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ и Кодексхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным.