Тутыныр зэранщТутынхэр американ индеецхэм я деж къыщежьауэ къалъытэ. Ахэр иджы хуэдэу тутын тхьэмпэхэм кIуэцIышыхьатэкъым, атIэ нартыху е бгъэн тхьэмпэрт къагъэсэбэпыр. 1492 гъэм зыплъыхьакIуэ цIэрыIуэ Колумб Христофор тутыным тетхыхьауэ щытащ япэу. Абы и дневникым иритхат ар зэращI щIыкIэм, къызэрагъэсэбэпым теухуа хэзыгъэгъуазэхэр. 1636 гъэм иджырей тутынхэм хуэдэхэр къэунэхуащ. А зэманым япэ къэрал тутын фабрикэ къыщызэIуахащ Испанием. Фабрикэм тутын къыщыщыщIагъэкIкIэ тутын тхьэмпэ бзыхьэхуэхэр къадэхуэрт. А бзыхьэхуэхэри ямыгъэкIуэдын папщIэ тутын къызэрыгуэкIым нэхърэ зыкъомкIэ нэхъ цIыкIухэр къыхащIыкIыж хъуащ. «Philip Morris» инджылыз компанием къыщIигъэкI тутынхэр 1847 гъэм щIадзэ ящэн. А зэманым ирихьэлIэу IэкIэ зэкIуацIашыхьырт тырку тутынхэр. США-м япэ тутын фабрикэр къыщызэIуахащ 1864 гъэм. 1880 гъэм США-м къыщежьащ тутын зэращI машинкэхэр.
Поделиться:
Читать также:
17.08.2026 - 15:06 →
Щыуэпсымрэ цIыхумрэ
17.08.2026 - 13:00 →
Уадыгэу упсэуныр тыншкъым
16.08.2026 - 12:26 →
ПсэукIэ жыджэрым хуашэж
16.08.2026 - 11:18 →
Музейхэм ядоIэпыкъу
16.08.2026 - 09:30 →
ГъэщIэгъуэнщ икIи щхьэпэщ
| ||




