Хэку, хамэ къэрал куэдым пшынэм и хэкужьу къагъэлъагъуэр Германиерами, мы Iуэхум иджыри къыздэсым иризодауэ. Адыгэхэм макъамэ Iэмэпсымэр къащыIэрыхьар хуэгъэфэщауэ фIэкIа ящIэркъым. Гребнев А. Ф. зэрыжиIэмкIэ, бгырысхэм пшынэр къацIыхуащ XIX лIэщIыгъуэм и кум, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм урысхэм яжь къащIихуу щыхуежьа зэманым.
XIX лIэщIыгъуэм и 30-40 гъэхэр къапщтэмэ, пшынэм и гугъу адыгэ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий, Нэгумэ Шорэ сымэ я IэдакъэщIэкIхэм къахэщыркъым. Уеблэмэ нэхъ иужьыIуэкIи, 1885 гъэм, щIэныгъэлI, композитор Танеев Сергей бгырыс макъамэм теухуа и къэхутэныгъэ лэжьыгъэм къыщрибжэкIа Iэмэпсымэхэми пшынэм и цIэр къыщриIуэркъым. Абы и щхьэусыгъуэу къагъэлъагъуэр а лъэхъэнэм, адыгэхэми балъкъэрхэми яхэтыху, пшынэ яIыгъыу зэраримыхьэлIагъэнурщ.
Ауэ щыхьэт тхыгъэ куэд къэнащ а макъамэ Iэмэпсымэр адыгэ гъащIэм XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм и кIэм къыхыхьауэ зэрыщытам теухуауэ. Урыс зыплъыхьакIуэ Тепцов Василий «По истокам Кубани и Терека» зыфIища и тхылъым щитхащ 1892 гъэм Бахъсэн аузым щыщыIам зыхэта адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм щIалэгъуалэр пшынэм къыдэфэу зэрыщилъэгъуар. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, жылэ зэмылIэужьыгъуэхэм, щIыналъэ щхьэхуэхэм пшынэр къазэрыIэрыхьам илъэси 10 - 15, языныкъуэми 20 - 25-рэ я зэхуакущ. Нэхъ япэ дыдэу IуэрыIуатэм пшынэр къыздыхэщыжыр Къущхьэ Жамбот теухуа адыгэ уэрэдырщ. ЛIыхъужьым и анэр и нысэ Нэгурэш йолъэIу пшынэ къищтэу, «къафэ» хуеуэну: «Ей, Нэгурэш, уи пшынэр къащтэ, жи, дыкъэгъафэ! Нэгурэшу дахэмэ и пшынэр къещтэри, къафэ йоуэ. ЛIыгъэу Екъубмэ ищIам хуэгуфIэу и анэр щэ къофэ».
ЕплъыкIэ щыIэщ къэбэрдейхэм пшынэр нэхъ пасэу (адрей адыгэ лIакъуэхэм нэхърэ) къащтауэ. 1890 гъэхэм ипэм а макъамэ Iэмэпсымэр псоми зэхуэдэу къагъэIурыщIат. Къэбгъэлъагъуэмэ, 50 гъэм къыщыщIэдзауэ 90 гъэхэм пщIондэ пшынэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэунэхуащ. Урысейм и IэщIагъэлIхэм а лъэхъэнэм къриубыдэу къапщытэжат пшынэ лIэужьыгъуэ 200-м нэблагъэ щыIэу.
Адыгэхэм езым яIэт макъамэ IэмэпсымэщIэхэм зэрызраубгъу Iэмалхэр. Псалъэм папщIэ, «пшынэефэ» хабзэ щыIэт, Iэмэпсымэм и уасэр щызэхуахьэс зэхэс хуэдэу. Ар къызэригъэпэщырт пшынэ еуэну щIэхъуэпс хъыджэбз цIыкIу къыщыхъу унагъуэм. Пшынэ уасэ зимыIэ адэ-анэм благъэ-Iыхьлыхэр, гъунэгъухэр, ныбжьэгъухэр пшынэефэм кърагъэблагъэрти, хьэщIэхэм Iэнэм къытралъхьэ ахъшэм Iэмэпсымэр къращэхуфырт.
Апхуэдэурэ пшынэм къамылымрэ шыкIэпшынэмрэ иригъэкIуэтэкIат, блэкIам, тхыдэм я дамыгъэ пэлъытэ хъуауэ. Кавказым къыщызэтеувыIакъым кнопкэ хъурей зытет пшынэр. Хэбгъэзыхьмэ, цIыхубэ музыкантхэр арэзы къищIыртэкъым а пшынэм и теплъэми и щхьэпагъми. Рояль клавишэ зиIэ пшынэхэр нэхъ Iэхуитлъэхуитт, икIи и теплъэкIэ адыгэхэм ар нэхъ яфIэдахэт. Абы и Iэпэхэр ирагъэщхьырт цIыхухъу фащэм тет хьэзырхэм. Пшынэм и хьэлъагъми арэзы къыщимыщI щыIэт. Ар псынщIэу щытын хуейт. Абы щхьэусыгъуэ иIэт: пшынауэр макъамэм еуэу щыс къудейтэкъым, атIэ джэгу утыкуми ар итт.
- Макъамэр зи лъым хэту къэгъуэгурыкIуэ хыIуфэрыс шапсыгъхэм пшынэр къалъытэ я лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэу. Зы Iуэхугъуэ цIыкIуи - хьэгъуэлIыгъуэ ирехъу, махуэ хэхауэ щрет - а макъамэ Iэмэпсымэр хэмытауэ зэфIэкIыркъым. Ауэ куэдым ящIэркъым нобэрей адыгэ пшынэм и лъабжьэр урыс къалэжь Вяткэ къызэрыщежьар, - етх Мейкъуапэ щыщ, гъуазджэ зыдж IэщIагъэлI цIэрыIуэ Соколовэ Аллэ. - Къуажэ къэс музыкант зыбжанэ Iэмал имыIэу дэсу урихьэлIэнут. Абыхэм пщIэ яIэт, ирипагэт. XIX лIэщIыгъуэм и иужьрей илъэсхэм сатуущI-щэхуакIуэхэрщ япэщIыкIэ Адыгейм и щIыналъэм, итIанэ хыIуфэрыс шапсыгъхэм Столбов Фёдор и IэкIэ ищIа пшынэхэм хуэдэхэр изыхьауэ щытар. IэмэпсымэщIэхэр апхуэдизкIэ ягу дыхьати, илъэс зыбжанэ дэкIа нэужь, адыгэхэр езыхэр Вяткэ кIуэуэ щIадзащ. Къащэхун къудей мыхъуу, пшынэр зэрырагъэфIэкIуэну я чэнджэщхэр жраIэрт. Псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ зэрыжытIауэ, ахэр хуейт пшынэр псынщIэу щытыну: хьэгъуэлIыгъуэм пшынауэхэр къэмыувыIэу сыхьэтищ-плIыкIэ, языныкъуэми нэхъыбэрэ щеуэн хуей хъурт. «Тальянкэ» пшынэм и Iэпэхэр пщыкIутI хъумэ, музыкантхэр щIэхъуэпсырт абы я бжыгъэр 16-м нагъэсыну. Абы макъамэр нэхъ ину игъэIуну къалъытэрт. Апхуэдэу урыс пшынэм къытращIыкIа хъуат япэ адыгэ пшынэр.
«Столбоврэ и къуэхэмрэ» зытетха пшынэхэр нэхъыфI дыдэхэм ящыщт. Ахэр апхуэдизкIэ псынщIэу зэбграхырти, гъуэтыгъуейт. ЗэратхыжымкIэ, Столбов Иван мызэ-мытIэу я Iэмэпсымэхэр езым Кавказым, псом хуэмыдэу, Сочэ къалэмрэ ТIуапсы районымрэ, яхуишат. А щIыналъэхэм щикуэдт ицIыху музыкантхэр. Апхуэдэ пшынэ щхьэкIэ адыгэхэр уеблэмэ езыхэри щIыналъэ жыжьэм кIуэну хьэзырт. А пшынэм и «макъыр» ещхьтэкъым адрейхэм.
Адыгэпсэ зыхалъхьа Столбов и Iэмэпсымэхэр куэд щIауэ тхыдэм хыхьэжащ икIи зыми ищIыжыркъым. Столбов Иван пшынэм елэжьа лIакъуэм и иужьрей IэщIагъэлIт - 2011 гъэм и ныбжьыр илъэс 92-рэ хъууэ дунейм ехыжащ. Абыхэм я лъэужьым тету нэгъуэщI IэщIагъэлIхэри елэжьащ пшынэ къыдэгъэкIыным, ауэ я фIагъкIэ къыкIэрыхурт япэрейхэм.
Адыгэхэм пшынэ уеуэфыным пщIэшхуэ пылъу къалъытэу щытащ сыт щыгъуи. Ауэ а IэщIагъэр псоми къагъэIурыщIэфыркъым. Узыгъэгушхуэщ ди зэманым пшынэми нэгъуэщI Iэмэпысмэхэми зыхуэзыгъасэ щIалэгъуалэр куэду къызэрызэщIэрыуэжар. ЩIэх-щIэхыурэ ахэр хэтщ макъамэ зэхьэзэхуэхэм икIи ехъулIэныгъэфIхэр яIэщ. Пшынэм хуащIа лъагъуныгъэр нобэми къыдогъуэгурыкIуэ ди лъэпкъым. КIэщIу дигу къэдгъэкIыжынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и пшынауэ цIэрыIуэхэм щыщ.
РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ, адыгэ макъамэ куэд зи Iэдакъэ къыщIэкIар, «Кабардинка» къэфакIуэ гуп цIэрыIуэм дэгъуэгурыкIуащ. ЦIыхубз зэчиифIэм теухуа тхыгъэ куэд ди газет напэкIуэцIхэм мызэ-мытIэу тетащ.
Зи цIэ къиIуапхъэхэм ящыщщ Алъхъэс Хацерон - пшынауэ Iэзэт, «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащат. ГъэщIэгъуэнрати, макъамэмкIэ щIэныгъэ зэримыIэм емылъытауи, абы езым макъамэри усэри итхыжу, Iэмэпсымэ зыбжанэм еуэфу щытащ.
РСФСР-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. ЗэратхыжымкIэ, илъэситху-хы ныбжьым иту арат абы пшынэ къыщищтам. И адэ шыпхъу Гъуэтыж ТIамышэ къыдэIэпыкъуурэ адыгэ макъамэхэм еуэфу зригъэсауэ, къуажэ школымрэ клубымрэ зыкъыщигъэлъагъуэрт. 1966 гъэм щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым папщIэ, «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэр, 1971 гъэм «РСФСР-м и цIыхубэ артист» цIэр къыфIащащ.
«КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэхэр, «ЩIыхь дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэща артист икIи пшынауэ Iэзэ Къэжэр Индрис пасэу пшынэр Iэпэгъу зыхуэхъуахэм ящыщщ. Индрис и ныбжьыр илъэс 22-м иту, Октябрь революцэмрэ Совет властымрэ IущIат и пшынэр иIыгъыу, и къару илъыгъуэу. Абы и зэфIэкIым нэхъыбэу зыщиужьар совет зэманрауэ къалъытэ. «ЗэгуакIуэр дахэщ», «Залымыгъэ», «Рэмэзан» и уэрэдхэм а зэманым мыхьэнэшхуэ яIащ. Къыщалъхуа Алътуд къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм уэрэджыIакIуэ гуп 1929 гъэм абы къыщызэригъэпэщат, езыр и унафэщIу. Къэжэрыр Къэбэрдей-Балъкъэр радиоми пшынауэу икIи уэрэджыIакIуэу 1931 гъэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
КъБР-м и цIыхубэ артист Къуэдз Iэбубэчыр илъэс 30-м щIигъукIэ щылэжьащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым, абы къызэригъэпэщащ пшынауэхэр зыхэт «Мелодия» гупыр. НыбжьыщIищэ бжыгъэ игъэсагъэнщ Къуэдзым, ахэр нобэ дунейпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэхэм къыщыхожаныкI.
Лосэн Тимур Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингушым щIыхь зиIэ я артистщ. ЗэрыцIыкIурэ пшынэм, макъамэм зыхуигъэсащ. Адыгэ IуэрыIуатэм къызэрымыкIуэу хэзыщIыкI щIалэм лъэпкъ макъамэм нобэрей «теплъэщIэ» иритыфащ. Адыгэ пшынэмрэ эстрадно-симфоние гъэIукIэмрэ зрипхыфащ. ЗэрытщIэщи, абы езым макъамэри псалъэри етхыж. КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ Лосэным къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр.
Пшынауэ нэхъ щIалэхэм, ауэ икIи нэхъ Iэзэхэм ящыщщ Жыгун Эдуард. Жыгуныр ядолажьэ музыкант цIэрыIуэхэу Иуан БетIал, Теувэжыкъуэ Руслан, Увыж Анзор сымэ.