Ерыскъы куэд къыщIагъэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъымрэ ерыскъыхэкIхэмрэ елэжь и IуэхущIапIэхэм продукцэу къыщыщIагъэкIым и куэдагъым илъэс къэс хагъахъуэ зэпытщ. 
ЖыпIэнурамэ, 2025 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм къриубыдэу псыхэкIыу къалэжьар проценти 7-кIэ, ерыскъыхэкIыр – процент 0,4-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. 
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу хэхъуэ къагъэлъэгъуащ IэфIыкIэхэмрэ щIакхъуэхэкIхэмкIэ, тхъуцIынэмкIэ, шэ зэфэмрэ шатащхьэмкIэ, кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмкIэ, IусыпхъэхэмкIэ, хадэхэкI-пхъэщхьэмыщхьэ консервхэмкIэ, крахмалымкIэ.
 
СадыщIэ яухуэ
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2025 гъэм Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэм сабий садыщIэм и ухуэныгъэр щрагъэжьащ. Ар бгъурытынущ иджыблагъэ къызэIуаха курыт еджапIэ №12-м икIи сабийуэ 140-рэ зэуэ абы щыпхуэIыгъынущ. 
  ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, сабий садыр къатитIу зэтетынущ икIи псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу 1280-рэ абы иубыдынущ. Къат къэс сабийхэр щаIыгъын, макъамэмрэ физкультурэмкIэ щадэлэжьэн пэшхэр, нэгъуэщIхэри хэтынущ.
Бахъсэн къалэм щIыуэ зы гектар хуэдиз сабий садым хухихащ икIи 2027 гъэм ухуэныгъэр зэфIагъэкIын мурад щыIэщ. 
 
ХуэдищкIэ хагъэхъуэнущ
2025 гъэм Налшык къалэм и кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэм цIыху мини 185-м Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIащ икIи 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10-кIэ нэхъыбэщ ар, жиIащ аэропортым и унафэщI Айнетдинов Сергей.
Абы къызэрыхигъэщамкIэ, кхъухьлъатэхэр нэгъабэ нэхъыбэу здэлъэтар Мэзкуу (Шереметьевэрэ Внуковэрэ я аэропортхэм), Къэзан, Сочэ къалэхэмрэ Кувейтымрэщ.
«Дэ нобэ тхузэфIэкIам деж дыкъыщыувыIэркъым, атIэ гугъэшхуэхэр диIэщ Санкт-Петербург, Истамбыл, Анадолэ къалэхэм дылъатэу едгъэжьэжыну, Мэзкуу кIуэ рейсхэр нэхъыбэ тщIыну, Къэзан дызэрыкIуэ бжыгъэми къыхэдгъэхъуэну, Сочэ дылъэтэн щIэддзэжыну», - жиIащ Айнетдиновым. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2024 гъэм Налшык къалэм икIыу кхъухьлъатэхэм рейсу зы миным нэблагъэ ягъэзэщIауэ щытащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жиIауэ щытащ, ди аэропортым щызэблэкI цIыху бжыгъэм хуэдищкIэ хагъэхъуэн икIи дызыхуэкIуэ илъэсхэм ар мин 500-м нэблагъэм нагъэсын мурадхэр зэрыщыIэр.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: