Шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэИужьрей илъэсиблым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ автомобиль гъуэгухэм ящыщу Лэскэн районым и щIыпIэу 7 къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ, псоми зэхэту километр 40-м щIигъу я кIыхьагъыу.
Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Аргудан, Урыху, Анзорей, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ, Ташлы-Тала, Уэзрэдж жылэхэм.
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2025 гъэми щыIэ мардэм кърагъэтIэсащ псори зэхэту километри 5-м щIигъу зи кIыхьагъ Лэскэн Езанэ - Лэскэн Ипщэ - Ташлы-Тала - Хазнидон автомобиль гъуэгур.
Апхуэдэуи зыхуей хуагъэзащ Ташлы-Тала къуажэм километри 3,1-рэ зи кIыхьагъ Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамыр. Мыбы тетщ курыт еджапIэ, сабий сад, сымаджэщ, пощт, къуажэ администрацэм и хэщIапIэр, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэри.
Мэзхэр къагъэщIэрэщIэж
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэм ящыщу гектар 95,2-м жыгыщIэу мини 126-м нэблагъэ щыхасащ. Абыхэм я нэхъыбэр кIей, блашэ, пхъэмыфей, дэшхуей, пхъэхуейхэрщ.
Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIащ «Фэеплъым и жыг хадэ» дунейпсо, «Мэзыр тхъумэнщ» урысейпсо Iуэхугъуэ щхьэпэхэм япэкъ иткIэ икIи ахэр хыхьащ Урысейм и мэзхэр хъумэным ехьэлIауэ УФ-м щылажьэ «Экологие ефIэкIуэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм. Ар хуэунэтIащ мэзхэр хъумэным, ахэр къэгъэщIэрэщIэжыным, абыхэм мафIэсхэр къыщымыгъэхъуным, нэгъуэщIхэми.
Къыхэдгъэщынщи, 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэм мафIэс гуэри къыщыхъуакъым.
Гъуэгухэр къызэщIагъаблэ
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа гъуэгу лэжьыгъэхэм хиубыдэу республикэм и автомобиль гъуэгухэм, псоми зэхэту километр 80-м щIигъу я кIыхьагъыу, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзащ.
Гъуэгухэр къызэщIагъэблэн папщIэ, абыхэм щагъэуващ гъущIымрэ бетонымрэ, гъущIым къыхэщIыкIа пкъохэр, трансформатор подстанцхэр, кронштейнхэр, электрошкафхэр, щаукъуэдиящ ток кIапсэ лъэщхэр, щыпадзащ иджырей светодиод лампIхэр.
Ахэр псори хуэунэтIащ гъуэгум тетхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ абы къыщыхъу насыпыншагъэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымрэ.
Лэжьыгъэхэм пащэ
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и автомобиль гъуэгухэм щыщу километри 10-м нэблагъэ щыIэ мардэм кърагъэтIэсащ илъэс блэкIам.
Абыхэм ящыщу нэхъ мыхьэнэ зратар Малкэ - Ингушли автомобль гъуэгум хиубыдэу Малкэ къуажэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэныгъэ куэд зытет, километри 8-м щIигъу зи кIыхьагъ и уэрам нэхъыщхьэр зыхуей хуэгъэзэнырт. Абы нэмыщI, Сэрмакъ къуажэм и кхъэм екIуалIэ гъуэгури зэIузэпэщ ящIащ.
Дзэлыкъуэ районым щрагъэкIуэкI гъуэгу лэжьыгъэхэм 2026 гъэми пащэнущ. Абыхэм хиубыдэнущ Малкэ – Ингушли автомобль гъуэгум и щIыпIитIрэ Сэрмакъ къуажэм къыпекIуэкI, километри 7,4-рэ зи кIыхьагъ гъуэгумрэ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ республикэм и жылэ нэхъ пхыдзахэм хыхьэ Чыщбалъкъ къуажэми. Мыбы къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ километри 4 хуэдиз зи кIыгъагъ гъуэгу Iыхьэр.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




