Теплъэ дахэхэр ягъуэтащ«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIэу 14 къагъэщIэрэщIэжащ нэгъабэ. Абыхэм ящыщщ жыг хадэ цIыкIухэр, псы Iуфэхэр, къэрал IуэхущIапIэхэм я бжэIупэхэр, нэгъуэщIхэри.
Псалъэм къыдэкIуэу, КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет, КъБР-м унафэр щызехьэнымкIэ и центрым (ЦУР), «Ладья» шахмат клубым, Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет библиотекэм къедза щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзащ. Мыбдежхэм, асфальтхэмрэ плиткэхэмрэ щызэрахъуэкIащ, мывэхэмкIэ кърагъэбыдэкIыжащ, къэкIыгъэхэр щыхасащ икIи теплъэ дахэхэр иратащ.
УФ-м и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур и цIэр зезыхьэ уэрамым тет ШыкIуртIым аллеем, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм и къэфапIэм, Налшык къалэ администрацэм и бжэIупэм, Балкарскэ уэрамым и жыг хадэ цIыкIум, КIыщокъуэмрэ Къатхъэнымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхуакум дэлъ псы Iуфэм, Головком и цIэр зызыхьэ уэрамым и лъэс лъагъуэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ.
ГъащIэм хуэщIа программэ
«Къалэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн», «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» къэрал пэхуэщIэхэм япкъ иткIэ Тэрч щIыналъэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIитI зэIузэпэщ ящIащ нэгъабэ: зыр Тэрч къалэм, адрейр Новая Балкария къуажэм.
Тэрч къалэм щагъэзэщIа пэхуэщIэр 2024 гъэм ирагъэкIуэкIа 4-нэ урысейпсо интернет IэIэтым щытекIуауэ щытащ. Школьнэ уэрамым и аллеер зэIузэпэщ щIыным щхьэкIэ къалэдэс 4140-м Iэ яIэтат абы щыгъуэ.
Метр зэбгъузэнатIэ 3300-м щIигъу хъу щIыпIэм ита жыгыжьхэр щаухъуэнщIащ, языныкъуэхэри ираупщIыкIащ. ИужькIэ лъэс лъагъуэхэм телъа плиткэжьхэм я пIэкIэ асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьащ, мывэхэмкIи кърагъэбыдэкIыжащ, уэздыгъэхэр щыпадзащ, тетIысхьэпIэхэр, кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр щагъэуващ, къэкIыгъэхэр щыхасащ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэри щрагъэкIуэкIащ Новая Балкарие жылэм и Центральнэ уэрамми.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




