Я хэщIапIэхэр хэIущIыIущ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым тарифхэмрэ псэупIэхэм кIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым интернет зэпыщIапIэхэм лэжьыгъэшхуэ щрегъэкIуэкI  цIыхубэм ялъэIэсын, закъыхуэзыгъазэ псори арэзы ящIын папщIэ.

Интернет зэпыщIапIэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ цIыхубэм яхуэщхьэпэну хъыбархэр зэбгрытыкIынымкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым тарифхэмрэ псэупIэхэм якIэлъыплъынымкIэ и къэрал комитетым а Iэмалыр жыджэру къегъэщхьэпэ цIыхухэр зыщIэупщIэ Iуэхутхьэбзэхэм щыгъуазэу щытын, дэтхэнэ зы лъэIуми пэджэжын папщIэ.

«Дэ дызэреплъымкIэ, ди къулыкъущIапIэм и лэжьыгъэ зэфIэхыкIэр ипэкIэ игъэкIуэтащ, а Iэмал хъарзынэр къигъэсэбэпкIэрэ. Къэрал IуэхущIапIэм хабзэм тету лажьэ апхуэдэ хэщIапIэ щиIэм деж, цIыхухэм къыхуащI дзыхьри нэхъыбэ мэхъу, зыщIэупщIэ Iуэхугъуэхэм къапэкIуэ жэуапхэр зэрыпэжым шэч къытрамыхьэу, - жаIэ комитетым и лэжьакIуэхэм.   -  Дэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр къэзыгъэнаIуэ соцсетхэр къыдогъэщхьэпэ къыдэкIа хабзэщIэхэр, къэпщытэныгъэхэм кърикIуахэр, къэрал Iуэхутхьэбзэхэр къагъэсэбэпа зэрыхъунум теухуауэ. Ди хэщIапIэхэр дзыхь зыхуэпщI хъуну защIэщ».

 Комитетым цIыхухэр къыхуреджэ нэхъ жыджэру я интернет зэпыщIапIэхэм зыкъыщыхуагъэзэну, сыту жыпIэмэ, абы езыхэм я лэжьыгъэри нэхъ щIегъэхуабжьэ.

          IуэхущIапIэм зыхуэвгъэзэфынущ мы адресхэмкIэ:

          ВКонтакте: https://vk.com/public2II748685

           Телеграм: https://t.me/gktkbr

 

КЪУДЕЙ Iэминэ.

Поделиться:

Читать также: