Куэдым къыхуигъэщIа щIэныгъэлIЛъэпкъ махуэгъэпсым щIышылэм мазэм къыщыхэгъэбелджылыкIа махуэщIхэм ящыщщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр къызэрызэIуахрэ илъэси 100 зэрырикъур. А илъэсхэм я Iыхьэ щанэм щIигъум абы хьэлэлу щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэмрэ и щIэныгъэмрэ я зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэ, кавказыдж Iэзэ, адыгэхэм ди тхыдэмрэ этнологиемкIэ IэщIагъэлI, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр (1949-2013). IуэхугъуэфI куэдым къыхуигъэщIа щIэныгъэлIт ар, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и тхыдэ фэеплъымрэ и щэнхабзэ щIэинхэмрэ папщIэ гууз-лыузи зиIэт. Къэжэр Валерэ Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. Жылэм дэт курыт школыр фIы дыдэу къиухри, щIалэм еджэным щыпищащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие къудамэм. Зэрысабийрэ зыщIэхъуэпсу щыта IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэщIэр абдежым къыщыувыIакъым. Бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ адэкIэ хигъэхъэун мурадкIэ, Валерэ 1971 гъэм щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Миклухо-Маклай и цIэр зезыхьэ и этнографие институтым и аспирантурэм. Студент илъэсхэми абыхэм къакIэлъыкIуа зэманми иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр абы къыщызэщIикъуэжащ «Сельская община у адыгов в первой половине XIX в. (поземельные отношения)» и диссертацэм икIи а лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIри тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр къыфIащащ. Къэжэрым и щIэныгъэ унафэщIу абы щыгъуэ щытащ кавказыдж цIэрыIуэ, еджагъэшхуэ Гарданов Валентин. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа Къэжэрыр I980 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 35-м нэскIэ щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым. Ар япэщIыкIэ лаборант нэхъыжьу къащтащ, иужькIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ хъуащ, этнографиемкIэ къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу 1993 гъэ пщIондэ щытащ. Къэхуктэныгъэ куухэм дапщэщи дахьэхыу щыта щIэныгъэлIыращ япэу и гугъу зыщIар къэбэрдейхэм я феодальнэ псэукIэ-зэхэтыкIэм пыщIауэ щыта гугъуехь инхэм, ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэхэм я жылагъуэ гъащIэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм набдзэгубдзаплъэу ириплъэжурэ. ИужькIэ «Кризис традиционного феодализма в Кабарде» (1986 гъ.) и лэжьыгъэм ар зыубгъуауэ щызэпкърихащ абы. А Iуэхугъуэм теухуауэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр Къэжэр Валерэ щызэхуихьэсыжауэ щытащ «Адыгская хаса. Из истории сословно-представительских учреждений феодальной Черкесии» (Налшык, 1992 гъ.), «Адыгская вотчина. К проблеме основной социальной единицы адыгского феодального общества» (Налшык, 1993 гъ.) 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 20-м къриубыдэу Валерэ лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщIу. Абы и нэIэм щIэту а илъэсхэм институтым лэжьыгъэшхуэ зэфIэха щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэ гъуэгуанэр джыным епхауэ. СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЭтнографиемкIэ и институтым и докторанту щыта Къэжэрым 1994 гъэм утыку ирихьащ «Традиционные общественные институты кабардинцев и их кризис в конце XVIII — первой половине XIX вв.» и доктор диссертацэр. ЩIэныгъэ дунейм щытхъу куэд зыщыхужаIа а лэжьыгъэ купщIафIэм ди лъэпкъ тхыдэм щыщ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр щызэкIэлъихьащ Валерэ. Ар ехъулIэныгъэкIэ Москва щыпхигъэкIащ адыгэ еджагъэшхуэм икIи тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор хъуащ. А монографие цIэрыIуэм КъБР-м и Къэрал саугъэтыр 1997 гъэм къыхуагъэфэщащ. ЗэфIих апхуэдиз Iуэхугъуэхэм къыпэкIуэу 1999 гъэм Къэжэрым къыфIащащ «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэри. Адыгэм ди тхыдэм теухуа и къэхутэныгъэхэм кърикIуахэм ящыщщ ди лъэпкъ щIэныгъэлI гупым ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэр: «Современная государственность Кабардино-Балкарии: истоки, пути становления, проблемы» (I999), «Северный Кавказ в составе Российской империи» (М., 2007), нэгъуэщIхэри. «Адыгские песни времен Кавказской войны» (2005 гъ.) тхылъым и хэзыгъэгъуазэ тхыгъэхэм ящыщ зыи игъэхьэзырауэ щытащ Къэжэрым. Абы и жэрдэмкIэ КъБИГИ-м 2005 гъэм къыщыщIэдзауэ къыщыдагъэкI «Исторический вестник» щIэныгъэ журналыр. Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, дуней псом щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэхэм Кавказым ис лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемрэ ятеухуауэ я къалэмыпэм къыпыкI щIэныгъэ лэжьыгъэхэр абы трагъадзэ. Къэжэр Валерэ и IэдакъэщIэкIхэр иджырей кавказыджхэм хуабжьу къахуэщхьэпащ. И къэхутэныгъэхэм абы щыщIигъэбыдащ адыгэхэм я шыфэлIыфэм, я тхыдэм щIэныгъэлIхэм хуаIэ еплъыкIэщIэм и лъабжьэр. Абы щагъэбелджыла Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр Валерэ и гъэсэнхэм я мызакъуэу, IэщIагъэлI куэдым къызэдащтэ. ЩIэныгъэлIым и дэтхэнэ лэжьыгъэми щIэупщIэшхуэ ноби зэриIэм белджылы ещI ахэр лъэпкъ тхыдэр зыдж щIэныгъэм зезыгъэужь хэлъхьэныгъэ ину зэрыщытыр, апхуэдэуи гурыIуэгъуэ къытщащI Къэжэр Валерэ езым и щIэныгъэ школым и лъабжьэ ахэр зэрыхъуар. Акъыл жан зиIэ, фIэщхъуныгъэшхуэ зыхэлъ цIыху гуапэр, жаныр псэуху лэжьыгъэм къыпикIуэтакъым ар, гупсысэщIэхэр, мурадыфIхэр и куэдт. ЩIэныгъэм пыщIа псоми щыгъуазэт, и гъэсэнхэми яхуэсакъ зэпытт Валерэ, ахэр лэжьыгъэм хигъэгъуазэу, къэхутэныгъэщIэхэм тригъэгушхуэу. АдыгэлI нэсым, цIыху щыпкъэм, жумартым хэлъыфыну хьэл-щэныфIхэм ящыщ куэд гъащIэм щыдалъагъурт абы и ныбжьэгъухэм. Гуапагъэшхуэ зыбгъэдэлъу, зи псэр зэIуха цIыху пэжу, егъэджакIуэ Iущу икIи емызэшыжу дунейм тетащ Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр. Абы и фэеплъыр къыщIэна и унагъуэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм апхуэдэущ, дауи, я гум къызэринари. ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




