IэпщIэлъапщIэхэр щагъэхьэзыр еджапIэ

ГъащIэм къыщысэбэп, щIэупщIэ нэхъыбэ зиIэ IэщIагъэхэм ящыщщ Налшык дэт «Строитель» колледжым зыщыхурагъаджэхэр. Сыт хуэдэ зэманми дахуэныкъуэщ ухуакIуэ IэпщIэлъапщIэхэм, электрикхэм, гъущI зэпызыгъавэхэм, пхъащIэхэм, нэгъуэщIхэми. Илъэс куэд хъуауэ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр колледжым и унафэщI Къурмэн Мурат тедгъэпсэлъыхьащ колледжыр нэхъри егъэфIэкIуэным, абы къыщIигъэкI IэщIагъэлIхэр лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным, езы IуэхущIапIэр Iэмэпсымэрэ техникэкIэ зыхуей хуэгъэзэным теухуауэ и мурадхэм.

- «Строитель» колледжым щагъэхьэзыр IэщIагъэлIхэр, зытет хабзэхэр, егъэджэныгъэм и пщалъэхэр сыт хуэдэ?

- ЕджапIэм къыщIотIысхьэ ебгъуанэ классым къыщIэкIхэри, класс пщыкIуз къэзыухахэри. Очнэуи, заочнэуи щыдогъаджэ. Студентыр хуэныкъуэмэ, колледжым и общежитым пэш къыщылъысынущ. Мыбы щыхудогъаджэ куэдым: IуэхущIапIэхэр, автомобиль гъуэгухэр, аэродромхэр, электрическэ станцхэр ухуэным, автомобилыр гъущIым, абджым, пхъэм елэжьыным, нэгъуэщI куэдми. ЕджапIэм иIэщ гъущI щызэпагъавэ, унэлъащIэ щащI, зыгуэрхэр щалэж, кузов, мотор цеххэр. Нэхъыбэр щIалэщ, дауи, ауэ бзылъхугъэхэр фIыуэ зыхэзэгъэн IэщIагъэхэри щыIэщ. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ, «страховое дело» жыхуэтIэр. Ди колледжым и къудамэ щыдиIэщ Шэджэм. Мис абы дэрбзэри пщафIи щагъэхьэзыр. Колледжым щрагъэкIуэкI щIэныгъэм щыхагъахъуэ курсхэр. Ахэр лIэужьыгъуэ 35-м ноблагъэ.

Ди студентхэр республикэм и IуэхущIапIэхэм лэжьыгъэм щыхагъэгъуэзэну догъакIуэри, куэдыр а здэкIуам къыщагъэнэж.

 Илъэс къэс лъэпкъ проектхэр къыхалъхьэ. Абыхэм ухыхьэрэ упхыкIыфмэ, абы къыпэкIуэ мылъкумкIэ еджапIэр зыхуей пхухуэгъэзэнущ. Студентхэм щIэныгъи зэрагъэгъуэтынущ, загъэсэнущ, ахъшэ гуэри къалэжьыну Iэмал яIэнущи, ди мурадщ лъэпкъ проектым дыхыхьэу ди зэфIэкI къэдгъэлъэгъуэну, къыдэхъулIэмэ, абы къыпэкIуэ мылъкумкIэ еджапIэр нэхъри едгъэфIэкIуэну.

- Колледжым щеджэн къешэлIэным теухуауэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэвгъэсэбэпрэ?

- Колледжым ныбжьыщIэхэр къешэлIэным, мыбы узыщыхуеджэну IэщIагъэхэм цIыхухэм сыт щыгъуи сэбэп уарихуэхъуфрэ уи щIакхъуэ Iыхьи къриблэжьыфу зэрыщытыр ягурыгъэIуэным теухуауэ лэжьыгъэ идогъэкIуэкI. Ди егъэджакIуэхэр республикэм и школхэм кIуэурэ абыхэм щеджэхэм IуощIэ, щапхъэхэр ирагъэлъагъу. Езы ныбжьыщIэхэри къакIуэурэ ди лъэщапIэхэм щекIуэкIхэм кIэлъоплъ, загъасэ. Ди деж щIэх-щIэхыурэ щокIуэкI дерс зэIухахэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр.

Ухуэныгъэм и мардэхэм щыхурагъаджэу республикэм щыIэр ди колледжым и закъуэщ. Зэман кIыхькIэ еджапIэм зэригъэпэщыжащ щIэныгъэкIэ узэда, Iуэхум хэзэгъа IэщIагъэлIхэр къыщIигъэкIыным щхьэпэ Iэмалхэр. Ди еджапIэм къыщIигъэкI IэщIагъэлIхэр республикэр нэхъ зыхуэныкъуэ дыдэхэм ящыщщ. Псоми долъагъу ухуэныгъэхэр нэхъри куэд зэрыхъур. Ахэр псори хуэныкъуэщ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ ухуакIуэ. Сварщик, электрикхэращи, абыхэм ящIэ Iуэхутхьэбзэм цIыхухэр щыхуэмыныкъуэ зэман къэхъунукъым.

- Колледжым спорт секцэхэри хэтщ, щIалэгъуалэр жылагъуэ Iуэхухэм дегъэхьэхынми гулъытэ хувощI…

- Спортзал, стадионхэр диIэщ. Футболыр, волейболыр, теннисыр ди студентхэм нэхъыфIу ялъагъу спорт лIэужьыгъуэхэм ящыщщ. ЕгъэджакIуэхэри студентхэри дерс нэужьхэм спортымкIэ щызэхьэзэхуэ щыIэщ. Спортыр фIыуэ зылъагъу ди студентхэм куэдрэ ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэ республикэм щекIуэкI зэпеуэхэм. Ди еджапIэм къыщызэIуахащ «Пэрытхэм я жэрдэм» зэгухьэныгъэм и къудамэ. Волонтёр зэгухьэныгъэхэм хэт студент жанхэр ди куэдщ.

- IуэхущIапIэ унафэщIыр хабзэ хэха гуэрым тет? И хьэл-щэным нэхъыщхьэу къыхэщыр, пщIэ къызэрилэжьыр сыт?

- Сэ IэнатIэм сыкъызэрыпэрыувэрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ аращ. НэхъапэкIэ МВД-м, Росгвардием, сыхэту сылэжьащ, ди Iэтащхьэм и администрацэм и деж шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ IэнатIэм сыпэрытащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ щапхъэфI зэрыслъэгъуар, IэнатIэм пэрытыным и пIалъэр зэрысщIэр.

- ЦIыхум и ехъулIэныгъэхэр щыцIыкIум къыхалъхьа щэнхэм къыщожьэ. Сыт хуэдэ гупсысэхэр къыздипха сабиигъуэм?

- Тхыдэ къулей зиIэ, зи цIэ фIыкIэ ираIуэ цIыху куэд къызыдэкIа Псыгуэнсу къуажэм сыкъыщыхъуащ. Дэтхэнэ къуажэ щIалэ цIыкIуми хуэдэу, щIыуэпсыр си къэжыхьыпIэ-джэгупIэт. Курыт еджапIэм фIыуэ сыщеджащ, тху защIэкIи къэзухауэ щытащ. Спортыр фIыуэ слъагъурт. Ди сабиигъуэм интернетрэ телефонрэ зэрыщымыIам и фIыгъэкIэ, библиотекэхэмрэ тхылъхэмрэ нэхъ тпэгъунэгъут. Седжэну сфIэфIт тхыдэм теухуа тхылъхэм. А зэманым нэхъ трахыу щытар Хэку зауэшхуэм теухуа фильмхэрти, абыхэми хэкупсэу уагъасэрт. Си нэхъыжьхэм къысхалъхьа щэнщ, зэрысхузэфIэкIкIэ, цIыхухэм сэбэп сахуэхъуныр. Къапщтэмэ, лъэпкъыр узыншэнымкIэ псом япэ гулъытэ зыхуэщIын хуейр щIалэгъуалэрщ. АтIэ сэри щIэблэм садэлэжьэныр IэнатIэ щысхуэхъуакIэ, ахэр гъуэгу тегъэувэнымкIи я гупсысэр бзыгъэ щIынымкIи сэ езым си нэхъыжьхэм сызыщIапIыкIар тегъэщIапIэ сощIыж.

- Сыт гъащIэм щынэхъыщхьэр?

- ЦIыхум и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэр быныфI игъэсэнырщ. Ар цIыху хуэдэу къыдригъэкIуэтеярэ, гъащIэ гъуэгу захуэ тригъэувамэ, абыхэми къащIэхъуэжынухэм гъэсэныгъэ яIэнущ. Унагъуэращ псоми я къежьапIэр. Мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ уи цIэр фIыкIэ жаIэным - абы къикIыр сэбэп ухъуфу, цIыхум я гум гуапэу уилъу аращ.

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться:

Читать также: