Къэралым щагъэлъапIэ

Урысейм и зауэлI щIыхьым и махуэр – Ленинград къэзыувыхьауэ щыта фашист зэрыпхъуакIуэхэм къалэр совет зауэлIхэм къызэрыIэщIахыжрэ илъэс 82-рэ зэрырикъур щIышылэм и 27-м къэралым щагъэлъапIэ. Ар Хэку зауэшхуэм ехьэлIа гуауэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ. Бийм и зэранкIэ къалэм дэубыда хъуа, мэжэщIалIагъэмрэ щIыIэмрэ иукI ленинграддэсхэр зэралъэкIкIэ я гъащIэм щIэбэнащ. 
Хабзэ хъуауэ, Урысейм и щIыналъэ псоми щагъэлъапIэ махуэ 872-кIэ нэмыцэхэм яIыгъа Ленинград къалэр щхьэхуит къыщащIыжа зауэлI щIыхьым и махуэр. 2025 гъэм зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ илъэс 80 зэрырикъум теухуауэ. Ленинград блокадэр абы дэсахэм ягу къинащ, уеблэмэ куэдым яхъумащ а лъэхъэнэм щIакхъуэ фIыцIэ грамми 125-р зэрату щыта, цIэ-унэцIэр зытета карточкэр. Иджы урысейпсо Iуэхум и дамыгъэ хъуащ щIакхъуэ фIыцIэ Iыхьэр. 
ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и тхыдэм уриплъэжмэ, зэрыкъалэу апхуэдэу зэман кIыхькIэ къыщаувыхьар а зэрщ. Абы цIыху мелуан ныкъуэм щIигъу хэкIуэдами, къалэдэсхэм бийм зратакъым. Уеблэмэ, бийм и нэхейкIэ, цIыхубэм зэпагъэуакъым театрым кIуэн, къэфэн, макъамэ едэIуэн.
Ленинград блокадэм и тхыдэм щIэблэр хагъэгъуазэ, щIыIэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ къызэзынэкIа цIыхухэм я щхьэм кърикIуа гузэвэгъуэхэр еджакIуэхэм ящIэн папщIэ. Абы щыгъуэ щIакхъуэ фIыцIэ Iыхьэм и уасэр зыхуэдизыр къэлъытэгъуейт, цIыху гъащIэм и уасэм пэкIуэрти. А гугъуехьыр зышэчахэм жаIэ щIакхъуэ фIыцIэм нэхъ лъапIэ абыхэм я дежкIэ нобэр къыздэсым зэрыщымыIэр. 
Ленинград къалэр къыщаухъуреихьам абы цIыху мелуанищым нэблагъэ щыпсэут. Иужьрейрэ къызэрабжамкIэ, а къэхъугъэ шынагъуэм цIыху мин 690-м щIигъум я гъащIэр ихьащ икIи абыхэм ящыщу мин 400-р сабийщ. Илъэс 12 зи ныбжь, къаухъуреихьа къалэм къыдэна Савичевэ Таня и унагъуэм теухуа хъыбар гуузыр зымыщIэ къэгъуэтыгъуейщ, абы и дневникыр Ленинград и Тхыдэ музейм щахъумэ. 
Ладогэ гуэлым кIуэцIрыкIыу щыта, лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа «ГъащIэм и гъуэгум» и фIыгъэкIэ ленинграддэс куэд кърагъэлащ. Бийм къиувыхьа къалэм дэсхэм щыщ къызэрыдашари абы щылажьэ, щызауэ, щыпсэу цIыхухэм зыхуеинухэр, ерыскъым къыщыщIэдзауэ зэрызэуэну Iэщэм щыщIэкIыжу, зэраIэрагъэхьэри а гъуэгурат. Абы щыгъуэми, нэмыцэ артиллериемрэ авиацэмрэ къеуэу, мылым кIуэцIрыхухэу дакъикъэ къэс псэзэпылъхьэпIэ ихуэу. Бийм къиухъуреихьа къалэр щхьэхуит къэзыщIыжа лIыхъужьхэм я зэфIэкIыр къэралым и тхыдэ напэкIуэцI лъапIэхэм щыщ хъуащ.
Совет зауэлIхэм, къызэрыгуэкI мамыр цIыхухэм къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, я зэкъуэтыныгъэр щIэблэм я дерсщ икIи я щапхъэщ. «Блокадный хлеб» урысейпсо Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ ленинграддэсхэм зэрахьа лIыгъэм и тхыдэ фэеплъхэр яхъумэнымкIэ. Мамыру псэу цIыхухэм зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ТекIуэныгъэ къытхуэзыхьахэр. Урысейм и щIыналъэ куэдым щопсэу фронтым щызэуа лIыхъужьхэм, щIытIым щылэжьахэм, блокадэм пхыкIахэм я щIэблэр. Ветеранхэм, блокадэм хиубыдахэм цIыхубэм фIыщIэ хуащI икIи я щхьэр хуагъэщхъ къэралым и щхьэхуитыныгъэр зэрахъумам папщIэ. 
Мы тхыдэ къэхъугъэм теухуауэ художественнэ фильму 16 щыIэщ, дэтхэнэ зыми цIыхум и фэм дигъэхуэфынум уригъэгупсысу. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: