ЛIыхъужьхэм ятеухуа тхыгъэхэр

Иджырей ди лIыхъужьхэм траухуащ «Стойкость и мужество ради светлого будущего потомков» тхылъыр. Ар Налшык къалэм къыщыдэкIащ бзылъхугъэхэм я советым и нэIэ щIэту, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр я дэIэпыкъуэгъуу. Тхылъым щызэхуэхьэсащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я благъэ-Iыхьлыхэм я тхыгъэхэр.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэу Налшык щыIэм и унафэщI Дыджэш Лидэ «Стойкость и мужество ради светлого будущего потомков» тхылъым зи тхыгъэ ихуахэм папщIэ зэIущIэ къызэригъэпэщащ. Абы хэтащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ПедагогикэмкIэ, психологиемкIэ, физкультурэмрэ спортымкIэ и институтым и унафэщI Михайленкэ Ольгэ. 
 Мы тхылъым делэжьыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъуар мы зэманым СВО-м лIыгъэ зэрахьэу щыIэ ди щIалэхэм ятеухуа тхыгъэхэм цIыхухэр щыдгъэгъуэзэнырщ, - жиIащ Дыджэш Лидэ.
 Тхылъым ихуа тхыгъэхэр гъэнщIащ лIыхъужьыгъэкIэ, гуапагъэкIэ, бэшэчагъкIэ, а хъыбархэм къахэбгъуэтэнущ гъащIэм къигъэув упщIэ куэдым я жэуапхэри. Тхылъым итщ зи адэ, зи Iыхьлы къулыкъу гугъум пэрыт сабийхэм я гупсысэхэр къыщагъэлъэгъуа тхыгъэхэри. Псалъэм папщIэ, Пщыгъэуш Дамир тетхыхьащ и адэ Залым. ЩIалэ цIыкIум и тхыгъэр къытыдодзэ.

ГУГЪУЭТ Заремэ. 

Си адэр лIыхъужьщ! 

Сэ си цIэр Дамирщ, илъэсипщI сохъу, къуэш нэхъыщIитI сиIэщ – Алимрэ Ратмиррэ. Си анэ Рузанэ хуэдэу гущабэ дунейм тету си фIэщ хъуркъым. Ауэ мы тхыгъэмкIэ деж зи гугъу сщIынур си адэ Залымщ. Ар зауэлIщ, Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэщ. 
Псори дыхуозэш папэ. Псом нэхърэ нэхъыбэу зэшу си гугъэщ мамэ, зэзэмызэ жэщу сыкъызэщыумэ, ар щэхуу зэрыгъыр икIи тхьэ зэрелъэIур зэхызох. ЗыкъезгъащIэркъым сыкъызэщыуауэ. Мэгузавэ мамэ, шынэуи къыщIэкIынущ папэ дзэ Iуэхум зэрыхэтым щхьэкIэ. Сэри согузавэ…
Папэ сэ куэдрэ къызжиIащ лъэщу ущытыным умышынэн хуейуэ къызэримыкIыр. Абы къикIыр ушынэу щытми, пэжым тету упсэунырщ. Си адэм жиIащ дэри нэгъуэщI цIыхухэри зэрихъумэр. ЖиIащ дэ мамыру дыпсэун папщIэ езыр дзэ Iуэху хэхам зэрыкIуар. А псалъэхэм я мыхьэнэр сэ и кIэм нэсу къызгурыIуэу схужыIэнукъым. Ауэ къызгурымыIуэми, си фIэщ мэхъу си адэм жиIар. Абы сыт щыгъуи пэжщ жиIэр. 
Си адэр зэрытщIымыгъурэ сэ щIэх-щIэхыурэ согупсыс къызжиIауэ щытахэм, сызыхуигъэсахэм. «Уи плIэр занщIэу Iыгъ» жиIэрт зэпымыууэ, абы сесащ. Iуэху куэд зэдэтщIэрт: е гаражым дыщIэтынт, машинэр тщIыжу, е гъущIыгур итхьэщIыну щыкIуэкIэ сыздишэнт, е конструкторхэр зэпкърытлъхьэнт. И Iэр си дамэм къытрилъхьэрти: «Уэ ухъумакIуэ цIыкIущ», - жиIэрт. Сэ сыдыхьэшхырт. Ауэ иджы къызгурыIуащ «хъумакIуэ цIыкIуу» сыщытын зэрыхуейр. 
Си адэм и макъыр си гум къохьэ. Ауэ куэдрэ къэпсалъэркъым телефонкIэ, зэзэмызэщ зыкъыщытпищIэфыр. Сыщепсалъэм деж, телефоныр быдэу IитIкIэ соубыд си нэпсыр ерагъыу сошыIэри, «псори дыхъарзынэщ» жызоIэ. ФIыуэ сызэреджэр, си анэм сызэрыдэIэпыкъур, Алимрэ Ратмиррэ дазэрытемыплъэкъукIыр жызоIэ. Езым сыт щыгъуи къызжеIэ: «Уэт, лIы, уэт, си щIалэ! Сэ уэркIэ согушхуэ!». Сэ а псалъэхэр зыкIэ си гуапэщи! 
СыщIохъуэпс си адэр узыншэу унэм къэкIуэжыну, дэ псори дыгуфIэу дыпежьэну, дыкъиIэтыну. Алим тIэкIу ткIиифэ зытригъэуэну иужь итынкIэ хъунущ, ауэ къыпымыгуфIыкIыу хуэшэчыну си фIэщ хъуркъым. Ратмир папэ и пщэдыкъым дэтIысхьэнущ, гуфIэнурэ! Мамэ IэплIэ иришэкIынущ. «Си адэ, уэ нэхърэ нэхъыфI щыIэкъым! УлIыхъужьщ!», - жысIэнущ сэ. 
Сэ сощIэ си адэр гугъу зэрехьыр. Тхьэ солъэIу, нэхъ псынщIэу зэщIыгъу дыхъужыну. 
Пэпэ, мы си тхыгъэм укъеджэ хъужыкъуэмэ, бжызоIэ: «Сыножьэ. Псори дыножьэ. ФIыуэ удолъагъу, уэркIэ догушхуэ! Уи щIалэ Дамир!»

Поделиться:

Читать также: