Зи Iуэху тыншу дэкIхэм, ехъулIэныгъэ зиIэхэм папщIэ «цIыху насыпыфIэщ» жаIэу зэхыдох. Апхуэдэу зэчий къызэрымыкIуэ зиIэу цIэрыIуэ хъухэми я цIэр, езыхэр мыпсэужми, лIэщIыгъуэкIэрэ ящымыгъупщэжу дунейм къытонэ, тхыдэм къыхонэ.
ЦIыху къэс езым и къалэн, ауэ щыхъукIэ, зэчий гуэр бгъэдэлъу къалъхуу жыхуаIэр зи фIэщ хъуи абы тегъэщIапIэ имыIэу къэзылъытэхэри щыIэщ. Языныкъуэ IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, зэчийр цIыхум къыдалъхуркъым, атIэ зызыхуигъасэ Iуэхугъуэщ. Ар цIэрыIуэ щыхъури егугъуу, фIэхьэлэмэту зыгуэрым щелэжьырщ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, фIэщ щIыгъуафIэщ зэчий зыбгъэдэлъ нэхъыжьым и IэщIагъэр щIэблэм щIэину зэрыритыр. Псалъэм папщIэ, лъыщхьэмкIэ (генетикэкIэ) зэIэпахыфынущ бжыгъэхэм нэхъ тегъэпса акъылыр, макъамэр зыхэщIэныр, нэгъуэщI зэчийхэри. Ауэ мы Iуэхум нэгъуэщI еплъыкIи хуаIэщ, цIыхум и зэчийр и щхьэ куцIым и ухуэкIэм куэдкIэ елъытауэ жаIэу.
А псом ятепщIыхьмэ, зэчийм зегъэужьыныр Iуэхугъуэ куэдым елъыта мэхъу. Дауэ атIэ къызэрыбгурыIуэнур зэчий уиIэрэ уимыIэрэ? Псом япэу егупсысын хуейщ, «Сыт нэхъыфIу схуэщIэр?» «Сыт сызыхунэсар?» упщIэхэм.
Дауи, дэтхэнэми ахэр сэтей къыхуэщIыркъым. Ди сабиигъуэм дэтхэнэми зэхэтхауэ къыщIэкIынщ зыгуэрым дыхуэпабгъэу, адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу зыгуэр тщIыуэ зыхуэдгъэсэн зэрыхуейр. АрщхьэкIэ зэчий зыбгъэдэлъым ар зэриIэм шэч къытезыхьэжи щыIэщ: хэти гушхуэныгъэ зэрыхуримыкъум, хэти укIытэм е дзыхьмыщIыныгъэм къыхэкIыу. Зыгуэри, уеблэмэ езыр тегушхуэну хуеиххэкъым.
Мыбдеж сигу къэкIыжащ тхакIуэ Хьэх Сэфарбий «талантыр цIыхум къыдалъхуу» жаIэ, пфIэкъабыл ар хьэмэ жыхуэтIэр зэбгъэхъулIэж хъун гуэру уеплърэ, жысIэу сыщеупщIам, къызитауэ щыта жэуапыр. Абы къызжиIат:
«ЖыхуэпIэм теухуауэ «Си хъуреягъкIэ» тхылъым мыр щыжысIащ: Талантым пэрыуэфын, ар зыубыдын щыIэкъым, жаIэ. Сэ абы къытызохьэ шэч. Адрей псоми хуэдэу, мы дунеижьым зэригъэкIэрахъуэщ талантри. Куэд елъытащ зэманым, щIыпIэм, псэукIэм…
Моцарт и ади, и ани, и къуэш-шыпхъу нэхъыжьхэри – къэзылъхуаи къыдалъхуаи музыкэр я гъащIэу, я дунейуэ псэурт. Жэщыр хэкIуэтэпауэ щызэгъэж тIэкIум фIэкIа къэмынэу, я унэм къыщыIурт макъамэр е абы теухуа псалъэмакъ щекIуэкIырт. Иужь ихьэпами, Моцарт хузэфIэкIынутэкъым музыкэм пэIэщIэ зищIыну…
НтIэ, а талантышхуэ къыдалъхуари зэриIэу, а зэман жыжьэм ди адыгэ къуажэхэм ящыщ зым, псалъэм папщIэ, Аушыджэр къуажэкIэм, къыщалъхуауэ щытамэ-щэ Моцарт? Хьэ банэ макъ нэхъ музыкэшхуэ зэхимыхрэ щIым и пэр етауэ белкIэ, гуахъуэкIэ лажьэу дунейм тетамэ? Моцартыну пIэрэт Моцарт? Композиторышхуэ хъун дэнэ къэна, музыкэ щыIэми щымыIэми имыщIэу, къигъэщIэнур къигъащIэу лIэжынкIэ хъунут.
Ар япэм. Иджы-щэ? Дунейпсо зыужьыныгъэм зи хъыринэр щIиупскIэ къалэ нэхъ пэрыт дыдэм и курыкупсэм къыщыхутатэмэ-щэ а композитор иныр зыхалъхуа унагъуэр нобэ? Моцарт аргуэру Моцарт мыхъункIэ хъунут – сабий зырыз-тIурытI фIэкIа зэзымыгъэгъуэт адэ-анэм бын ебланэр (Моцарт ебланэу къалъхуат) дунейм къытрамыгъэхьэххэнри хэлът!
Дэтхэнэ зы Iэмэпсымэми хуэдэу, къызэрыбгъэсэбэпщ уи талантри. Уи жэмыр мэкъумылэншэмэ, шэмэдж зэщIэлъыкIа уиIэкIэ сыт и мыхьэнэр?! Абы изогъэщхь талантри - къызэрыбгъэсэбэпщ.
Тхэным куэд пыщIащ. Узыхуей пхъэм хуэдиз мэзым щыпыбупщIрэ унэм уекIуэлIэжакъэ, зыбгъэпсэху мэхъу. Абы хуэдэкъым тхэныр - мыбдеж гупсэхугъуэ уихуэркъым махуэми, уеблэмэ жэщми…»
ЖытIахэр къызэщIэткъуэжмэ, мыпхуэдэ гупсысэм дыхуокIуэ: зэчийр Iэзагъэм къызэрыщхьэщыкIыр ар цIыхум къыдалъху фIыгъуэу, Iэзагъэр абы зригъэгъуэтауэ зэрыщытым.
Iэзагъэр ар цIыхур еджэурэ, зигъасэурэ Iуэхугъуэ гуэрым IэкIуэлъакIуэ щыхуэхъурщ. Ар цIыхум и гуащIэдэкIым и Iэужьщ. Зэчийращи, ар зэрыхабзэу, уи къару къэбгъэсэбэпмэ, Iэзэу къохъулIэну гуэрщ.