Нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, бзэ зэмылIэужьыгъуэу тху зыщIэм полиглоткIэ йоджэ. Америкэ лингвист Эрард Майкл зэрыжиIэмкIэ, бзитхур икIэм нэсу игъэшэрыуэу аракъым полиглотым, атIэ цIыхур къызэрыгуэкI Iуэхум щытепсэлъыхькIэ, къыгурыIуэу, псалъэ къызэрыгуэкIхэмкIэ жэуап итыжыфу аращ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, археолог цIэрыIуэ, Троя къэзыхутауэ щыта Шлиман Генрих бзэ 14-м ирипсэлъэфырт. Ахэр зэригъэщIэн папщIэ, и анэдэлъхубзэмкIэ тха зы тхыгъэр нэгъуэщI бзэхэмкIэ зэрыригъэдзэкIыуэ еджэурэ зэригъэщIауэ арат. ИужькIэ хамэ къэралыбзэкIэ тхыгъэр гукIэ зэригъащIэрти, ар къипсэлъым-къипсэлъыурэ и бзэр хуэшэрыуэ хъурт. ИтIанэ фIэгъэщIэгъуэн хъыбар цIыкIухэр, зэрыхъум хуэдэурэ, хамэбзэмкIэ итхырти, къригъэпщытэну зыгуэрым иритырт.
Итальянец Лампариелло Лукэ бзэ 11-м ирипсалъэрт. Дауэт зэрызригъащIэр? Iыхьиплу зэхэтт. ЕдаIуэрт, а зэдэIуар макъкIэ жиIэрт, иритхэрт, зэридзэкIырт. Абы щыгъуэми хамэбзэкIэ тхар и анэдэлъхубзэмкIэ зэрихъуэкIыу аратэкъым, атIэ и бзэкIэ тхар хамэ къэралбзэ ищIырт.
Бзэ зэмылIэужьыгъуи 6-кIэ псалъэ ирланд полиглот Льюис Бенни и Iэмалыр нэгъуэщIщ, абы зэбгъащIэ бзэм занщIэу урипсэлъэн щIэбдзэн хуейуэ къегъэув. Льюис къызэрилъытэмкIэ, псалъэ зырызу зомыгъащIэу, псалъэуха зэрыIыгъыурэ уигу ибубыдэн хуейщ. Апхуэдэуи грамматикэм зэман лей томыгъэкIуадэу, бзэм ирипсалъэхэм интернеткIэ запыпщIэу уадэуэршэныр нэхъ хэкIыпIэфIу къелъытэ.
ГъэщIэгъуэну къэхъуащ мыпхуэдэ зы Iуэхугъуэ. ЛингвистикэмкIэ профессор Хадсон Дик упщIэ къигъэуват: «Полиглотхэм ящыщу хэт бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэр?».
«Си адэшхуэрагъэнщ!», - къыхуитхыжащ абы зы щIалэ гуэрым, и цIэ-унэцIэр къраIуэну зэрыхуэмейр кIэщIэту.
Тхыгъэм и автор США-м щыпсэум жиIэрт и адэшхуэ итальяныр блэкIа лIэщIыгъуэм и 10-нэ гъэхэм Сицилием къикIыу Америкэм зэрыIэпхъуар, ар зэи школ зэрыщIэмысар, ауэ бзэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу къызэрипхъуатэр. ЩIэныгъэ зимыIэ сицилиецым и ныбжьыр щыхэкIуэтам бзэ 70 ищIэрт, абыхэм ящыщу 56-м иритхэфырт, иреджэфырт.
Ар Нью-Йорк щыIэпхъуам и ныбжьыр илъэс 20 хъууэ арат. ГъущIгъуэгу вокзалым хьэлъэзехьэу щылэжьэу арати, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэдым ящыщ цIыхухэм ирихьэлIэрт, арагъэнщ бзэхэм яхуищIа лъагъуныгъэр къызыхэкIар.
Хьэлъэзехьэм и Iуэхур фIы дыдэу екIуэкIырт, ахъшэ хъарзыни къилэжьырт, зрихьэлIэ цIыхухэм елъытауи, бзэщIэхэр къищIэрт. Абы и къуэрылъхум зэрыжиIэжымкIэ, 50 гъэхэм адэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ дунейр къызэхакIухьащ. Сыт хуэдэ къэрал къыщымыхутами - Венесуэлэ, Аргентинэ, Норвегие, Инджылыз, Португалие, Италие, Алыдж, Тырку, Сирие, Мысыр, Ливие, Мароккэ, ЮАР, Пакистан, Индие, Таиланд, Малайзие, Индонезие, Австралие, Филиппинхэр, Гонконг, Японие – дадэр цIыхухэм зэрепсэлъэн бзэр ищIэрт, фIыуэ игъэшэрыуэрт.
Таиландым щынэсам лIыжьым тай бзэр ищIэртэкъым, ауэ тхьэмахуитI щыIати, я къэкIуэжыгъуэм ирихьэлIэу псэлъэф хъуат. Тхыгъэм и автор къуэрылъхум дзэм къулыкъу щищIэу Таиландым зы илъэсрэ ныкъуэрэ щыIауэ къэкIуэжати, абы зэрызригъэщIам нэхърэ нэхъыфIу зэгуэр тхьэмахуитIкIэ а къэралым щыIа дадэр псалъэрт.
Полиглотым и къуэрылъхум жиIэрт, бзэхэр фIыуэ зыгъэшэрыуэр и адэшхуэм зэримызакъуэр, атIэ абы и адэжми бзэуэ щэм нэблагъэ ищIэу зэрыщытар.
Хадсон профессорым и упщIэм и жэуапу цIыхухэм къыхуатхащ итальян кардинал Меццофанти Джузеппе (1774 - 1849) бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытар, абыхэм ящыщу 39-мкIэ шэрыуэу псэлъэфу къызэрекIуэкIар. Апхуэдэ дыдэу мэжэр зэдзэкIакIуэ Ломб Като (1909 - 2003) бзэ 17-м ирипсэлъэфырт, иджыри 11-кIэ къеджэфырт. Нэмыцэ Кребс Эмиль (1867 - 1930) бзэ 60 ищIэрт, псалъэм папщIэ ермэлыбзэр тхьэмахуи 9-м къриубыдэу зригъэщIат. Абыхэм яхыубжэ хъунущ бзэ 24-рэ зыщIэу щыта нэмыцэ щIэныгъэлI Энгельс Фридрихи.
Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм «гиперполиглот» яфIищащ Хадсон Дик. Абыхэм профессорым яхебжэ бзих е нэхъыбэ зыщIэхэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ЩIы хъурейм и языныкъуэ плIанэпэхэм щыпсэухэм бзитху шэрыуэу зыщIэхэр яхэтщ. Псалъэм папщIэ, Швейцарием къэралыбзиплI щыIэщ, ахэри ящIэ, етхуанэу инджылызыбзэри нэхъыбэм зрагъащIэ.
Лингвистхэм, психологхэм, нейробиологхэм зэхагъэкI апхуэдэ цIыхухэм я щхьэкуцIым и зэхэлъыкIэр нэгъуэщIу арарэ я егугъуныгъэкIэ зэрагъэщIэрарэ. Псалъэм папщIэ, Шлиман Генрих дунейпсо коммерсанту зэрыщытым ипкъ иткIэ, бзэ 15 зригъэщIэн хуей хъуащ, къимыгъэсэбэпу хъуртэкъыми. ЗэрыжаIэжымкIэ, кардинал Меццофанти Италием зэрыщыпсалъэ бзэ нэхъ цIыкIухэм ящыщ зыгуэр зы жэщым зригъэщIат, пщэдджыжьым щхьэпылъэ ящIыну зы щIалэ-щIэпхъаджащIэм и иужьрей псалъэхэм щIэдэIужын хуейти.
Бзэ куэд зыщIэ цIыхухэм ятеухуауэ мыарэзыныгъэ къэзэIуатэхэр сыт щыгъуи щыIэщ. Апхуэдэу языныкъуэхэм шэч къытрахьэ Меццофанти бзэ 72-рэ ищIэу зэрыщытам. А къомыр зэбгъэщIэн папщIэ зэман дапщэ текIуэдэну? Бзэ къэс псалъэ мин 20 зэрыхэтыр къэплъытэмэ, цIыхум зы дакъикъэм къриубыдэу зы псалъэ зэрыхузэгъащIэм тепщIыхьмэ, бзэ 72-рэ зэбгъэщIэн папщIэ илъэситхурэ ныкъуэкIэ махуэ къэс сыхьэт 12-кIэ убгъэдэсын хуейщ. Апхуэдизыр зэбгъэщIа нэужьи, пщымыгъупщэжу урипсэлъэфын щхьэкIэ, зэман дапщэ тебгъэкIуэдэн хуей?!
Лингвистхэм къызэралъытэмкIэ, абы пхузэфIэмыкIын хэлъкъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Массачусетс технологие институтым (США) щылажьэ Флинн Сюзаннэ къызэрилъытэмкIэ, цIыхум и акъылыр бзэ дапщи хузэгъэщIэн хуэдэу ухуащ, зэман хурикъумэ. Гарвард университетым (США) щыщ Пинкер Стивени бзэ куэд зэбгъэщIэным ямылей хэлъу къыщыхъуркъым, ауэ зи ухуэкIэкIэ зэщхь бзэхэр пфIызэхэзэрыхьынкIэ хъунущ.
Германием м посольствэу Китайм щыIэм зэдзэкIакIуэу щылэжьа, нэмыцэ гиперполиглот Кребс и щхьэкуцIым щхьэхуэныгъэ гуэрхэр иIэу къахутащ. Ауэ ар иIэу къалъхуарэ бзэ 60-м щIигъу зригъэщIа нэужь, апхуэдэу хъуарэ зыми ищIэркъым.