Шагъырым хохъуэ2025 гъэм ди къэралым шагъырыр щIыналъэ 18-м къыщыщIагъэкIащ, абы ипэ ита илъэсым абы елэжьхэр 19 хъууэ щытащ. Алтай крайр абыхэм якIэрыхуащ: нэгъабэ къыщыщIэдзауэ а фадэ лIэужьыгъуэр а щIыналъэм щрагъэхъуэжыркъым. Мыдрейуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым шагъыру къыщыщIагъэкIым хуэдэ 1,8-кIэ е декалитр мин 984,4-м нэблагъэкIэ хигъэхъуащ. Абы къыкIэлъокIуэ Ленинград областыр – декалитр мелуани 3,9-рэ иIэу. Ещанэ увыпIэр Дагъыстэным иIыгъщ – декалитр мелуани 2,2-рэ. Жызумым къыхэщIыкIа шагъыру Осетие Ищхъэрэ – Аланием щрагъахъуэм и куэдагъым Iыхьэ плIанэм хуэдизкIэ хигъэхъуащ икIи декалитр мелуани 3,4-рэ хъуащ. Адыгейм процент 19-кIэ хигъэхъуащ икIи декалитр мелуан 1,9-рэ къыщIигъэкIащ. Нэхъыбэ дыдэу шагъырым кIэрызыгъэхуар Тверь областырщ – хуэдэ 87-кIэ, Томск областым и зэхуэдитIым нэскIэ ар игъэмэщIащ. Зэрыхабзэу, шагъыр нэхъыбэ нэгъабэ изыгъэхъуар Краснодар крайрщ – декалитр мелуан I5,5-рэ е къэралым псори зэхэту къыщыщIагъэкIым и процент 42-р. Абы къыкIэлъокIуэ Кърымыр – декалитр мелуани 7,1-рэ иIэу (процент 19-кIэ хэхъуащ). Ещанэу къакIуэ Ленинград областым процент 11-кIэ хигъэхъуащ илъэс блэкIам. «Росалкогольтабакконтроль»-м ипэIуэкIэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщамкIэ, 2025 гъэм жызумым къыхэщIыкIа шагъыру УФ-м къыщыщIагъэкIам и куэдагъым процент 13,6-кIэ хагъэхъуащ е декалитр мелуан 36,981-м нагъэсащ. ЩЭУЕЙ Башир.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




