СадыщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ

«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Аруан щIыналъэм и Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм сабий садыщIэ щаухуэн щыщIадзащ. КъатитIу зэтетыну а ухуэныгъэм сабийуэ 100 щIэхуэнущ. ЛэжьакIуэхэм нобэкIэ котлованхэр датIыкIащ икIи бетоныр зэрыдакIэнум ар хуагъэхьэзыращ.

ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, сабийхэр щаIыгъыну пэшхэм нэмыщI, макъамэмрэ спортымрэ, медицинэм хуэщIахэри хэтынущ, иджырей пщэфIапIэ иIэнущ.

Апхуэдэуи, сабий садым къедза щIыпIэр зыхуей хуагъэзэнущ. Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым зэфIагъэкIынущ.

ЗэхъуэкIыныгъэхэр

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ къалэм цIыхухэр куэду щызэхуэс и щIыпIитI - Парк Ипщэмрэ ЗАГС-м и бжэIупэмрэ - зэIузэпэщ ящIынущ.

Къалэм и Парк Ипщэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр ирагъэгъуэтынущ. Мыбдежым щагъэувынущ дзэ Iуэху хэхам и лIыхъужьхэм я фэеплъ. Абы нэмыщI, щIалэгъуалэм я унэр щаухуэну щIыпIэм и гупэм нэгузегъэужьыпIэхэр щащIынущ, иджырей уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.

ЗАГС-м и бжэIупэм деж телъ асфальтыжьыр зэрахъуэкIынущ, тетIысхьэпIэхэр щагъэувынущ.

Лэжьыгъэхэр ирагъэжьэнущ мы гъэм и гъатхэпэм ирихьэлIэу.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: