ГъащIэ щыIамэ арат

Дыщыпсэу ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу ди Дыгъэм и хъуреягъыр къэзылъэтыхьхэм нэмыщI, астрономхэм уахэ жыжьэм зыщызыгъэхъейуэ гу зыщылъатэ планетэхэм зэреджэр экзопланетэщ («экзо» псалъэр, «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэр къикIыу, пасэрей алыджыбзэм къыхэкIащ). АтIэми, ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу астрономхэм къахутэ уафэщIхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ.  
БлэкIа гъунэгъум дриплъэжмэ, хьэрш жыжьэм экзопланетэхэр зэрыщыIэм астрофизикхэр япэу зэIухауэ тепсэлъыхь щыхъуар 1992 гъэм къыщыщIэдзауэщ. 
Экзопланетэхэм я нэхъыбэр ди Дыгъэм къегъэщIылIа Юпитер, Нептун, Сатурн сымэ хуэдэу уафэщI абрагъуэщ, япэу дызыIуагъаплъэ я пкъыгъуэхэри гъащIэ здэщыIэнкIэ гугъэ дэзымыгъэщI гъуэз къэплъащ. Ауэ абыхэм, гу зэрылъатауэ, яхэтщ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм куэдкIэ ирагъэщхьхэри. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, астрономхэм TESS телескопымкIэ илъэс зыбжанэ ипэкIэ къалъэгъуа GJ 1252 b  экзопланетэри. 
Ар дыщыпсэум нэхърэ тIукIэ нэхъ хьэлъэщ, и зэпрыупIэ-и бгъуагъымкIи хуэдэ 1,2-кIэ нэхъ инщ, нэхум зэрызидз гъуэгуанэкIэ къэтпщмэ, илъэс 66,5-кIэ тпэжыжьэщ, зэкIэрэхъуэкIыр ди Дыгъэм нэхърэ процент 60-кIэ нэхъ «жьгъей», «плъыжь цIыкIужьей» («красный карлик») зыфIаща вагъуэ жьэражьэхэм хуэдэщ. 
Алъандэрэ щыIами-щымыIами зыхэдмыщIыкIа GJ 1252 b уафэщIыр и теплъэкIи, и зэхэлъыкIэкIи дыщыпсэу ЩIы Хъурейм пэбж хъуну къэзылъытэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы и щхьэфэм и нэхъыбэр къырылъэми, и щIыгум гъащIэ гуэр щыIэнкIэ зэрыхъунуми уезыгъэгупсысщ. GJ 1252 b  экзопланетэр, къызэрапщытамкIэ, «плъыжь цIыкIужьейуэ»  зэкIэрэхъуэкIым гъунэгъубзэу бгъэдохьэ, зэпымыууэ зэрыхуэгъэзари и зы лъэныкъуэрщ. 
ГъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэхэм ящыщщ астрономхэм тIэкIу нэхъапэIуэкIэ ЩIы Хъурейм ирагъэщхьу къахута, «GJ180», «GJ229A» нагъыщэхэр зрата уафэщIхэри. Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэм къагъуэта а тIур зэгъэщIылIар дэ, цIыхухэр, дыздэщыIэм нэхъ къыпэгъунэгъухэм халъытэ «плъыжь цIыкIужьей» вагъуэ жьэражьэрщ. 
Мыр ди Дыгъэм елъытауэ зымащIэкIэ нэхъ упщIыIуащ, и щIыгум и зэпрыупIэри зытIэкIукIэ нэхъ кIэщIщ. КъызэрахутамкIи, апхуэдэ къэщIыгъэхэр ди Шыхулъагъуэ галактикэм щыкуэдыкIейщ. ИкIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, зи гугъу тщIы а вагъуэхэм къедза планетэхэрщ, ди ЩIы Хъурейм зэрызыщиужьам ещхьу, гъащIэ нэхъ здэщыIэнкIэ хъунухэри. 
 «GJ180», «GJ229A» нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщхьэхукIахэм гъащIэ щыIэну хуагъэфащэми, тIури ди планетэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ хьэлъэщ: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэдэ 7,5-кIэ, 7,9-кIэ. Ахэр дыщыпсэу ЩIыгум къыщхьэщокI зэгъэщIылIа я «дыгъэхэм» я хъуреягъыр къызэралъэтыхь махуэ бжыгъэхэмкIи: зэрызэкIэлъыкIуэу къэдгъэлъагъуэмэ, хуэди 106-кIэ, 122-кIэ нэхъыбэщ.
Зи гугъу тщIа планетэхэр зэрыщыIэм гу лъатащ ахэр зэпха вагъуэхэм уахэм къызэрыщакIухь гъуэгуанэхэм узыпэмыплъа я зэщIэхъеекIэмкIэ (зым адрейр зэрызыщIишэм къыхэкIыу). Ахэр «къалъэгъуащ», къызэрыхэдгъэщащи, мардэщIэм ипкъ иту зэхагъэува иджырей Iэмэпсымэ лъэщхэм я фIыгъэкIэ. 
А уафэщIхэм нэмыщI, зи гугъу тщIа астрономхэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым щылажьэхэм хьэршым къыщалъэгъуащ «Нептун щIыIэ» зыфIаща пкъыгъуэ абрагъуэри. Мыр къыщагъуэтар GJ433 зи нагъыщэ вагъуэ къызэрыгуэкIым и Iэхэлъахэрщ. Астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, абы и щхьэфэм псы къыщыбгъуэтынущ, ауэ зэщIэщтыхьауэщ, зыпыщIа и «дыгъэм» зэрыпэжыжьэIуэм къыхэкIыу. ЩIэныгъэлI Фенг Фабо зэрыжиIэмкIэ, мы планетэр ящыщщ Нептун хуэбгъэдэну ди Дыгъэм и къэухьым нэхъ пэгъунэгъу дыдэу къагъуэтахэм. 
«ЕдгъэкIуэкI къэхутэныгъэм ещхьхэм дызыхуашэр аращи, лъэхъэнэ гъунэгъум зэрагъэпэщыну телескопыщIэхэмкIэ дэ езым ди нэхэмкIэ зэдгъэлъагъуфыну уафэщIхэм я бжыгъэм нэхъри къахэхъуэнущ. АтIэми, мы зэманым нэхъыбэу дызытелажьэр нэхъ къэтплъыхьыф вагъуэхэм я Iэгъуэблагъэм зыщызыгъазэ къэщIыгъэхэм гъащIэ щыIэнкIэ зэрыхъунур зэхэдгъэкIынырщ», - жиIащ Батлер Пол.
 Зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ирагъэщхьу, телескопхэмкIи зрагъэлъэгъужу, 2025 гъэм и кIэм къихуэу къахута экзопланетэхэм я бжыгъэр 6000-м щIигъуащ. Ахэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм ирагъэщхь вагъуэ жьэражьэу 4500-м нэблагъэм.  
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: