Лъэпкъ пэхуэщIэхэм псэукIэр нэхъ тынш ящI«ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу республикэм и медицинэ уэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, щIэуэ ухуэным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Иджыблагъэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ Шэджэм районым хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и амбулаторэр. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр илъэс 38-рэ хъуауэ щрамыгъэкIуэкIа IуэхущIапIэр абы къекIуалIэхэм я тыншыпIэм хуэщIауэ къагъэщIэрэщIэжащ. Амбулаторэм и пэшхэм я зэкIэлъыхьыкIэр яхъуэжащ, дэтхэнэри зыхуей хуэзэу зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Абы къепха щIыналъэри гъатхэм ирихьэлIэу зэIузэпэщ ящIынущ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




