Лъэпкъ 200-м нэблагъэ щызэдопсэу

ГъащIэм мыхьэнэ щызиIэ, цIыхубэм гу зылъатэн хуей Iуэхугъуэхэр яубзыхуурэ илъэсыр абы зэрытраухуэ хабзэр 2000 гъэхэм къыщежьащ ди къэралым. Апхуэдэ япэ гулъытэхэр зыхухахар СНГ-м хыхьэ къэралхэрщ. ИужькIэ ди хэкум дежкIэ щхьэпэ Iуэхухэр къыхалъхьэу щIадзащ. Мы гъэр Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу ягъэуващ. Абы лъабжьэ хуэхъур УФ-м лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ щыгъэбыдэнырщ. Урысейр лъэпкъ, бзэ, щэнхабзэ щэ бжыгъэхэр щызэхэухуэна къэрал телъыджэщ.

Зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр хуэгъэпсащ а зэмылIэужьыгъуэ куэдым дызэримыгуэшыр, атIэ дызэригъэбейр къыхэгъэщыным. Абы и къалэн нэхъыщхьэр дэтхэнэ лъэпкъми и хабзэ, бзэ телъыджэхэр дэIыгъынымрэ цIыху псоми яку дэлъ пщIэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэнырщ.

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, лъэпкъ куэду зэхэт, дин зэмылIэужьыгъуэхэр зезыхьэ жылагъуэр къэралу зэфIэуващ. Иджырей лъэхъэнэм лъэпкъ политикэм и къалэн нэхъыщхьэр къэралым и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнырщ, жылагъуэ, щIыналъэ, этнощэнхабзэ зыужьыныгъэм и щытыкIэр егъэфIэкIуэнырщ, цIыхубэ зэкъуэтыныгъэр къызэгъэпэщынырщ.

Росстатым къызэритамкIэ (2024 гъэм и пэщIэдзэм), Урысей Федерацэм цIыхуу исыр мелуани 146,5-рэ мэхъу. Урысейм и цIыхухэм я лъэпкъ зэхэтыкIэр мыпхуэдэ зэхущытыкIэм къыхощ: урысхэр къэралым щыпсэухэм я процент 80- м нос; нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэр цIыхухэм я процент 20 мэхъу. Урысейм щыпсэу тэтэрхэр, шэшэнхэр, башкирхэр, чувашхэр, авархэр, ермэлыхэр, украинхэр, даргинхэр, къэзахъхэр. КъедбжэкIа лъэпкъхэм нэмыщI, Урысей Федерацэм и щIыналъэм нэгъуэщI лъэпкъ гуп куэди исщ, абы къэралыр щэнхабзэ щIэин къулей зиIэ хэку ещI.

А лъапIэныгъэхэр къыхэщу къызэIуахащ мы гъэр зыхухэха Iуэху нэхъыщхьэри. «ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэкIуэкIа «Урысейр унагъуэхэм я унагъуэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Владимир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр. Зэхыхьэм цIыху миниплIым щIигъу, ди къэралым щыпсэу лъэпкъи 190-м щIигъум я лIыкIуэхэр, къекIуэлIащ. Абыхэм яхэтт школакIуэхэр, студентхэр, хамэ къэралхэм къикIа хьэщIэхэр.

«ЩIэныгъэ» зэгухьэныгъэм и гъусэу марафоныр къызэрагъэпэщащ Урысейм и Правительствэм, Урысейм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэм, Росмолодежым, УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, «Урысей» Лъэпкъ центрым, Урысейм ис лъэпкъхэм я унэм, Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем, «Эксмо-АСТ» тхылъ тедзапIэм.

«Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр» Урысей Федерацэм щегъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» Унафэ №962-м къэралым и Iэтащхьэм Iэ щIидзащ 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м.

- Лей хъунукъым псори дыкъызыхэкIар, Урысейр къызэрыунэхуар, ди лъэпкъхэр къызэрежьар дигу къэдгъэкIыжыныр. КъежьапIэ хъуар, дауи, зэпэщхьэхуэу псэуа славян лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэрщ, ахэр щызэкъуэувар зы щIыналъэ ягъуэта нэужьщ, иджыпсту зэрыжаIэм хуэдэу, я экономикэ сэбэп зыхэлъхэр, зы псэкупсэ лъапIэныгъэхэр къащылъыкъуэкIарщ, - жиIащ Путин Владимир къыщыпсалъэм. - Урыс лъэпкъым иджыри апхуэдэу ныбжьышхуэ иIэкъым, къэкIуэнум хуэпабгъэу гъуэгу теува къудейщ. НэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэр къыхыхьэурэ, хуэм-хуэмурэ зэфIэуващ ди къэралыр.

Сыт мыхьэнэшхуэ зиIэр икIи нэхъ гъэщIэгъуэну абы хэтар? Сытыт нэхъыщхьэ дыдэр? Урысейм къыхыхьэ лъэпкъхэм къызэрымыкIуэ пщIэ зэрыхуащIырт, абыхэм я щэнхабзэмрэ я хабзэхэмрэ, я псэкупсэ лъапIэныгъэхэр зэралъытэрт. Абы къыхэкIыу, дэтхэнэми бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ езыхэм яйм хуэдэу пщIэ хуащIу хъуащ.

Я теплъэкIэ зэщхьэщокI лъэпкъ хабзэхэр - абыи мыхьэнэшхуэ иIэщ, ар хъарзынэщ, ар хъумэн хуейщ, ауэ купщIэкIэ, лъабжьэкIэ а лъапIэныгъэхэр зэщхьщ. Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIудох. Сынывохъуэхъу!», - жиIащ Президентым.

 Махуэ псом къриубыдэу «Урысей» Лъэпкъ центрым щекIуэкIащ къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэхэм, щIэныгъэлIхэм, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм, спортсменхэм, Урысейм и ЛIыхъужьхэм я лекцэхэмрэ зэпсэлъэныгъэ зэIухахэмрэ.

Лекторхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я гулъытэр нэхъыбэу зытеухуар Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэрщ, псоми я зэхуэдэ щэнхабзэ щIэинымрэ хабзэхэмрэщ, лIыгъэ зехьэнымрэ Хэкур хъумэнымрэщ. Марафоным хыхьэу хьэщIэхэр хэтащ IэщIагъэлI цIэрыIуэхэм я нэIэм щIэту екIуэкIа творческэ, спортым, пщэфIэным хухэха мастер-классхэм, Алтайм, Урысей Ищхъэрэм, Камчаткэм я щIыуэпсым, щэнхабзэм, тхыдэм теухуа документальнэ фильмхэр ягъэлъэгъуащ.

ЦIыхубэ литературэмкIэ библиотекэм хьэщIэхэм щыгъуазэ зыщащIа лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я тхакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, «Урысейм и Гастрономие картэ» проектым ипкъ иткIэ, пщафIэ гупыр щIалэгъуалэм яхутепсэлъыхьащ лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэмрэ ерыскъыхэмрэ я гъэхьэзырыкIэм.

УФ-м и щIыналъэ 89-ри телелъэмыж жыхуаIэ зэпыщIэныгъэмкIэ хэтащ махуэшхуэр къыщызэIуахым иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм, Москва кIуащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм я лIыкIуэхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ, ди республикэм щыщ гупышхуэ щыIащ къалащхьэм. ЩIалэгъуалэр жыджэру хэтащ марафоным и кIуэцIкIэ къызэрагъэпэща Iуэхугъуэ псоми, апхуэдэуи Лъэпкъ центрым щыIуащ ди пшыналъэхэр, щагъэлъэгъуащ къафэхэр.

Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Iэтауэ къыщызэIуахым иращIэкIа концертышхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ щIыналъэ псоми щыщ артистхэмрэ цIыхубэ ансамблхэмрэ.

Мы илъэсыр нэхъыщхьэу зытеухуар къэралым щыпсэу лъэпкъхэр нэхъ зэпэгъунэгъу, зэрылъытэ, зэкъуэт щIынырщ. Марафонми нэхъыбэу утыку къыщрахьар тхыдэм, щэнхабзэм, щIэинхэм я зэхэтыкIэрщ, хабзэхэр зэрызэпэгъунэгъу щхьэхуэныгъэхэрщ. ЩIыпIэ хэха еубыд Хэкум хуэлэжьэным, зэкъуэтыныгъэм и иджырей щапхъэхэм. Ахэри щхьэхуэу къыщагъэлъэгъуащ зэхыхьэм. Уеблэмэ Президентым къыхигъэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм я зэхуаку дэлъ псэкупсэ зэпэгъунэгъугъэмрэ пщIэ зэхуэщIынымрэ гъэбыдэнымкIэ а Iуэхугъуэм къалэн щхьэхуэ зэриIэр.

Апхуэдэу дахэу ди щIалэгъуалэми къыщызэIуахащ зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр КъБКъУ-м. ЗэIущIэр къыщызэIуахым, езыгъэкIуэкIахэм къыхагъэщащ ди къэралым лъэпкъыу 200-м нэс зэрыщыпсэур, КъБКъУ-м абыхэм ящыщу 45-м я щIэблэ зэрыщеджэр. Аращ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщхьэм, Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм и орденыр зыхуагъэфэщам мы Iуэхур щIыщрагъэжьари. ИлъэсыщIэм университетым щаубзыхуащ лъэпкъ щэнхабзэмкIэ «ЩIэин» студент клубым и лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну, лъэпкъ къудамэщIэхэр къыщызэIуахыну, ар къэралым зыхуигъэувыж къалэнхэр гъащIэм зэрыхапщам и щапхъэ хъунущ.

КъБКъУ-м и попечительскэ советым и унафэщI, УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ комиссэм хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий утыкум къыщрагъэблагъэм жиIащ: «ЛIэщIыгъуэ куэд зи ныбжь Урысейм и тхыдэр лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и тхыдэщ, дэтхэнэми езым и хабзэхэр ехъумэ. 2026 гъэр Зэкъуэтыныгъэм и илъэсу УФ-м и Президентым къыщыхилъхьэм жиIащ ди къарур ди зэрыIыгъыныгъэм зэрыхэлъыр. Ар наIуэ къещI къэралым ис лъэпкъ псоми я къуэхэр зылI и быну зэкъуэту Хэкур нобэ зэрахъумэм. Ди къэралыгъуэм и быдапIэр псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэрщ».

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: