УпщIэ 20-м я жэуап

Иджыблагъэ УФ-м и щIыналъэ псоми щатхащ «Къэралышхуэм и щIэныгъэ» урысейпсо щIэныгъэ диктантыр.

Ар Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым траухуащ, ди къэхутакIуэшхуэхэмрэ абыхэм я къэхутэныгъэхэмрэ дигу къэдгъэкIыжын папщIэ. Нэгъабэрейр зыхухэхауэ щытар ТекIуэныгъэ иным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа щIэныгъэлIхэрт. Абы очнэу хэтащ къэралым и щIыналъэ 72-м я лIыкIуэхэр, ахэр цIыху мин 300-м щIигъурт.

Диктантыр гъэщIэгъуэну зэхалъхьащ мы гъэми. Абы зи гугъу щищI щIэныгъэлIыр и биографием щыщ Iуэхугъуэ зыбжанэкIэ къэпщIэн хуейщ. Псалъэм папщIэ: «Совет математикщ, Къэзан Техникэ еджапIэм математикэмкIэ и егъэджакIуэм и унагъуэм къыщалъхуащ, Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Сыбыр къудамэмрэ Новосибирск Академгородокымрэ къызэригъэпэщащ. Абы и цIэр зэрехьэ Новосибирск и зы проспектым, уеблэмэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ кхъухьым. Хэт ар?»

Жэуапхэм варианту къыщыхьащ: Курчатов Игорь Василий и къуэр, Менделеев Дмитрий Иван и къуэр, Лаврентьев Михаил Алексей и къуэр, Семенов Николай Николай и къуэр.

«Къэралышхуэм и щIэныгъэ» диктантым и утыку нэхъыщхьэ хъуащ Москва дэт «Атом» музейр, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщхэр онлайн IэмалкIэ диктант сайтым щылэжьащ. Апхуэдэуи щIыналъэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, колледжхэм, жылагъуэ зэхуэсыпIэхэм щрагъэкIуэкIащ Iуэхур. Псори зэхэту утыку 200-м щIигъум къыщызэрагъэпэщащ. УпщIэхэм къахуеджащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр, Президентым и Саугъэтым и лауреатхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.

Абы кърикIуахэр щызэхалъхьэжкIэ, цIыху нэхъыфIу 100-м хыхьэнущ дэтхэнэ федеральнэ округми къыбгъэдэкI лIыкIуэхэр, къищынэмыщIауэ, Донбассрэ Новороссиемрэ щыщ цIыху 20. Диктантыр зэратхар къыщапщытэкIэ жэуап пэжхэм я бжыгъэмрэ абыхэм трагъэкIуэда зэманыр зыхуэдизымрэ къалъытэнущ.

Лауреатхэм я цIэр зытет сертификатхэр хуагъэфэщэнущ. КъищынэмыщIуэ, цIыхур япэу хьэршым зэрылъатэрэ илъэс 65-рэ зэрырикъум теухуа творческэ къалэныр ехъулIэныгъэкIэ ягъэзащIэмэ, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я VI Конгрессым кIуэфынущ.

УФ-м щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министрым и къуэдзэ Секиринский Денис зэрыжиIамкIэ, диктантым и темэм илъэс къэс зехъуэж.

- Мы гъэр УФ-м и Президентым Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм зэрытриухуам къыхэкIыу, щхьэусыгъуэфIу къэтлъытащ урысей щIэныгъэм и къулеягъым тедухуэну, ар зыгъэбейр дауи, зы лабораторэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьэу, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, зы бзэкIэ зэпсалъэу, ауэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIауэ щIэт щIэныгъэлIхэрщ, - жиIащ Секиринский Денис.

ДАРИЙ Дахэнур.
Поделиться:

Читать также: