Дывгъэхъумэ ди хабзэмрэ нэмысымрэСабийм и гъэсэныгъэм унагъуэм деж къыщыщIидзэми, абы и хьэл-щэныр зэфIэувэнымкIэ къалэнышхуэ егъэзащIэ курыт школым, егъэджакIуэр и набдзэгубдзаплъэу зэрыщытым куэд елъыта мэхъу. Зи IэщIагъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт, лъэпкъ тхыдэмрэ хабзэхэмрэ къызыфIэIуэху лэжьакIуэм и щапхъэм и гъэсэнхэри ирокIуэ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ дахэ зиIэ егъэджакIуэщ Къущхьэ Жаннэ икIи мы тхыгъэм къыщыхьар ди къекIуэкIыкIам теухуауэ абы и Iуэху еплъыкIэрщ. Адыгэхэм гъащIэ гъуэгуу къакIуам сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ гужьеигъуэрэ хэмытами, сыт хуэдэ хьэзаб ятемылъами, дэнэ къэралыгъуэ къыщымыхутами, лъэпкъ дапщэм яхэмысами, яхузэфIокIыр я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь адыгэ хабзэ гъуэзэджэр яхъумэну. Хъан-Джэрий итхат мыпхуэдэу: «Адыгэхэм я хабзэ псори зытращIыхьыр напэм и къабзагъэрщ». Ар икIи пэжщ. Урыс псалъалъэм уеплъмэ, Адыгагъэм къикIыр мыращ: пасэрей адыгэхэм яхэлъу щыта хабзэхэр унафэу яхурикъуу щытащ. «Уадыгэкъым, адыгагъэ пхэлъкъым», жримыгъэIэн щхьэкlэ, адыгэлIым и псэр итынут. Лlэныгъэм нэхърэ eмыкIум нэхъ фlэлIыкlырт. «ДыIуохьэри даукI, дыlуокlри ди напэм едгъэкlуркъым» - жаlащ япэм щыIа адыгэхэм. Пасэрей адыгэхэм лlыуэ ялъытэр, зи щхьэ фlыуэ зыгъэпсэужыфу щытар аратэкъым, атlэ хэкур зыгъэпсэу, зи къуажэр зыlыгъыф, лей къызытехьэм къыщхьэщыж, къулейсызым дэIэпыкъу, дэхуэхар къызэфIэзыгъэувэжыр арат. Лlыгъэ зиlэу ялъытэм, пщыхьэщхьэ зэрыхъуу, и шым уанэ трилъхьэрти дэкIырт. Абы губгъуэ гъунэгъухэр къызэхикlухьырт, хутыкъуа щыIэмэ, зигу уфэрэкlа щыIэмэ, шым идза щыIэмэ ядэIэпыкъурт. Губгъуэм Iэщ кIэрутlыпщ къинауэ игъуэтмэ, къахурихулIэжт, хэт ейми, ахэр хьэм яримыгъэшхыу. Пшапэр зэхэуэу цlыхухэр я пIэм изэгъэжыху, къуажэбгъухэм щысакът. Абы имыщlэу къуажэм, губгъуэм зыгуэр къыщыхъуну и щхьэм хуигъэфащэртэкъым. А зэманым куэдрэ пхъэр къэхъуу щытащ. Апхуэдэ зыгуэр къэхъуамэ, цlыхухэр игъэпхъэрт. Псом хуэмыдэу адыгэм гъунэгъумрэ ныбжьэгъумрэ ягъэлъапlэу, щlыхь хуащIу щытащ. ИгъащIэми псалъэжьу къогъуэгурыкlуэ: «Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ», - жаIэу. Абы къикlыр - щыгъыным щыщу япэ дыдэ зэпхъуэр, укIытэр щlэзыуфэ гъуэншэджыр аращ. Абы ещхьу, япэ дыдэ зэпхъуэри, япэ къигъуэтри гъунэгъур арат. Мис арат а тlyp щlызэригъэщхьар. Гъунэгъуу къалъытэр гъунэгъум къигъунэгъужыр арат. Ар псалъэжь пэж дыдэщ. «Гъунэгъур унэгъущ» жыхуаlэр зэрыпэжым мыр щыхьэту тоувэр: гъунэгъум мэл иукlыу ялъэгъуамэ, езым пlастэ ящlу щытащ, а гъунэгъум яукlа мэлым дашхыну. Пэжу икlи дашхырт, къапцIэртэкъым. Гъунэгъум ещхьыркъабзэу ныбжьэгъури ягъэлъапIэрт, ягъэпэжт. Адыгэм ныбжьэгъу пэжыр къуэш папщIэут зэралъагъур. «Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI», - жаlэу я псалъэжьт. Уеблэмэ, ныбжьэгъуфlыр къуэшым щытекIуэ щыlэт. Адыгэ лIыжьхэр къуаншагъэ зылэжь еIуящlэ гуэрхэм ярихьэлlамэ, «мыбы сыт хузиlуэху» - жаIэу блэкIыртэкъым. Къуаншэм ешхыдэрт, хуэфащэу щытмэ, теухьыпэт. «Щхьэ уешхыда е щхьэ уеуа, сыт абы уи lуэхуу хэлъыр?» - жаlэу псалъэмакъ щыIэтэкъым. Уеблэмэ теухьым къыщимыгъанэу, щIалэр и адэм и деж ишэжырти, и быным илэжьа мыхъумыщlагъэр жриlэрт, иригъэшхыдэрт, иригъэубэрэжьт. Уеблэмэ, а ишэжа щIалэм нэхърэ зыхуишэжа и адэр нэхъ къыщышынэрт, «лIыжьыр къызэшхыдэнщ е eмыкIу къысхуищlынщ», - жиlэрти. Мис ар хабзэу зэрыщытым нэхъыщIэхэр хуабжьу игъэшынэрт, игъэукIытэрт. Мис абы хуэдэ хабзэм къыщlэтаджэр нэмысыфIэ хъурт. Нэхъыжьым нэмыс зэрыхуащIыр щышынэ къудейуэ аратэкъым. И нэхъыжьыгъэм щхьэкIэ нэхъыбэу щlыхь хуащlт, хабзэ кIэлъызэрахьэт. ЛIыжьым и Iэнэм щlалэ дэтIыстэкъым, и бын дыдэу щытми. Нэхъыжьхэр Iэнэ щысмэ, тIыc ямыlэу нэхъыщIэхэр ящхьэщытт. Къуажэм гуфIэгъуэкIэ е гузэвэгъуэкIэ Iуэху къыдэхъуамэ, унафэр зыIэщIэлъыр а къуажэм дэс лIыжьхэр арат. Абыхэм ящIа унафэм щIалэхэр зыкIи тепсэлъыхьыртэкъым, ящIа унафэр ягъэзащIэ мыхъумэ. Адыгэ хабзэр тхауэ щымыIа пэтми, абы ехьэлIа Iуэхугъэхэр псоми язэхуэдэу, ямыгъэзэщIэнкIэ Iэмал имыIэу яхэлъ хабзэщ. Ар ткIийуэ зэрахэлъам и щыхьэту псалъэжь куэд ди зэманым къэсащ. Псалъэм папщIэ, хабзэмыщIэ емыкIухьщ жыхуиIэр тIууэ къыбгурыIуэ хъунущ: япэр - хабзэр умыгъэзащIэмэ, емыкIу къыбохь. ЕтIуанэр - хабзэр умыщIэмэ, къыбгурымыIуэмэ, емыкIу къэпхьынущ. Лъэпкъым и дэтхэнэ цIыху пэрытри гъащIэм Iэмал имыIэу къегъэщI. ИужькIи, апхуэдэхэм лъэпкъ тхыдэм увыпIэшхуэ щаубыдри, ахэр хэмыту тхыдэри щэнхабзэри уи нэгу къыпхущIэгъэувэркъым. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ адыгэхэм ди тхыдэм зи цIэ лъапIэр дыщэ хьэрфкIэ хатха КIыщокъуэ Алим. Адыгэхэр дрогушхуэ Алим ди лъэпкъым къызэрыхэкIам. Псом хуэмыдэу, дэ, щхьэлыкъуэдэсхэр дропагэ Алим ди къуажэм къызэрыщалъхуам. Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Алим. Дуней псом адыгэр дыкъригъэцIыхуащ. Ди адыгэ лъэпкъыр къулейщ хабзэ, бзэ дахащэмкIэ, жэнэт лъахэмкIэ, псом япэр аращи, ди цIыху дыщэхэмкIэ. лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр и бзэр, и хабзэращи,дывгъэхъумэ ди Хабзэмрэ нэмысымрэ. КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 15:22 →
ЛIыхъужьыр ящыгъупщэркъым
28.11.2026 - 14:15 →
Къэбэрдейхэр
28.11.2026 - 13:18 →
КъБР-м щыIэ УФСБ-м къет
28.11.2026 - 13:12 →
Зэшхэм я лъэужь хэмыгъуэщэжыр
28.11.2026 - 12:26 →
Жэщыр зыгъэдахэр тIэщIэкIыуи?
| ||




