Апхуэдэут Iуэхум зэреплъыр

Къэбэрдей-Балъкъэрми гъунэгъу щIыналъэхэми къыщацIыхурт КъБКъУ-м и профессор, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей. Ар адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ хуэлэжьа, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм гу лъызытэу щыта хэкупсэт. Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж еджагъэшхуэм ди бзэм и зыужьыныгъэм теухуауэ къытхуиIуэтауэ щыта и гупсысэхэр.

«Дэтхэнэ лъэпкъ цIыкIуми и анэдэлъхубзэр фIэкIуэдынкIэ шынагъэ щыIэщ. Абы и щхьэусыгъуэри лъэпкъыр а Iуэхум зэремыгугъурщ. Лъэпкъым абы пщIэ хуищIмэщ бзэр хъума щыхъунур. Къалэм куэдрэ ущрохьэлIэ, адыгэбзэр ящIэ пэтми, щIалэгъуалэр урысыбзэкIэ зэпсалъэу, зэдэгушыIэу. Зи бзэр зымыгъэшэрыуэф, зи лъэпкъым теухуауэ зыри зымыщIэ сабийм абы щымыщу зилъэтэжынущ, и бынхэми ящIэнур хамэбзэщ. Адыгэ къуажэхэм зэIущIэхэр урысыбзэкIэ зэрыщрагъэкIуэкIыр сфIэтэмэмкъым. Хуиту я гупсысэр я бзэкIэ къамыIуатэу, языныкъуэхэм деж яхузэмыгъэкIу хамэбзэр къагъэсэбэп.

Бзэм и пщIэр емыхуэхын папщIэ, ар зезыхьэ лъэпкъым щыщ дэтхэнэри а Iуэхум хуэлэжьэн хуейщ. Анэдэлъхубзэр быным езыгъэщIапхъэр адэ-анэрауэ щыщыткIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ абы унагъуэм щызэпсэлъэным. Бзэр унагъуэм исхэм яIурылъмэ телевиденэмкIэ, радиомкIэ лъэпкъ нэтынхэр нэхъыбэ хъумэ, гъэсапIэхэм, еджапIэхэм адыгэбзэм хухах сыхьэт бжыгъэр ямыгъэмащIэу, къыщIигъумэ, абы щыгъуэ гурыIуэгъуэ мэхъу лъэпкъым и бзэр ихъумэжыну зэрыхуейр.

Анэдэлъхубзэр курыт школым щезыгъэджхэм я пщэ къалэнышхуэ къыдохуэ: абы сабийр анэдэлъхубзэкIэ тхэфу, еджэфу иригъэсэн хуей къудейкъым, атIэ ар и лъэпкъ хабзэм, и щэнхабзэм щыгъуазэ ищIу, хэкупсэ гъэсэныгъэ щIэблэм яхилъхьэу щытын хуейщ. Сыт хуэдэ зэхэщIыкI лъагэ егъэджакIуэм имыIэми, абы бзэр щIэблэм тэмэму яримыгъащIэм, абы лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ ныкъусаныгъэхэр кърикIуэнущ. Псалъэм папщIэ, ди студентхэми яхэтщ бзэр фIыуэ къагурыIуэу, щыуагъэншэу тхэуэ, ауэ бгъэпсэлъэну яужь уихьамэ, гугъу ехьу. Апхуэдэ щытыкIэм ит щIэныгъэлIхэми, ди жагъуэ зэрыхъущи, яхэтщ, уеблэмэ бзэр зымыщIэхэхэри диIэщ. ДызыгъэгуфIэхэм ящыщщ иужьрей зэманым адыгэбзэр зрагъэщIэным гулъытэ хуащI, ар хъума зэрыхъуным нэхъыбэрэ тепсэлъыхь зэрыхъуар.

Бзэр пхъумэну, зебгъэужьыну ухуеймэ, зыри зэран къыпхуэхъунукъым. Къапщтэмэ, дэ дыщыпсэу къэралым зыми къыщытпиубыдыркъым ди бзэр икIи зыми къыдэныкъуэкъукъым «Щхьэ фи бзэкIэ фыпсалъэрэ?» - жиIэу. Адыгэбзэм и Iуэхур щефIэкIуэнур ди лэжьыгъэхэр лъэпкъым и пащхьэ ди бзэкIэ итлъхьэмэщ. Апхуэдэ зэфIэкI дэ диIэщ. ДыщиIэкIэ - къэдвгъэгъэсэбэп.

Сэ апхуэдэущ а Iуэхум сызэреплъыр».

Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.
Поделиться:

Читать также: