ХЪЫБАР КIЭЩIХЭР

Фермерхэм я хэлъхьэныгъэр

2025 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэм лырэ гъэшхэкIыу къыщIагъэкIым хагъэхъуащ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.

А пIалъэм ирихьэлIэу лырэ джэдкъазылу (псэууэ шэчауэ) фермерхэм къалэжьар тонн мин 28,6-рэ хъуащ е 2024 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм проценти 102,3-кIэ хуэкIуэу. Гъэшу къашащ тонн мин 83,2-рэ е 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 2-кIэ нэхъыбэу.

2025 гъэм и мазэ 11-м Къэбэрдей-Балъкъэрым лырэ джэдкъазылу къыщалэжьам и Iыхьэ плIанэр, гъэшу къыщашам и процент 16-р фермерхэм къалъысащ.

Кхъуеймрэ кхъуейлъалъэмрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъымрэ ерыскъыхэкIымрэ елэжь и IуэхущIапIэхэм гъашхэкIыу къыщIагъэкIым и куэдагъым хэгъахъуэ зэпытщ, къитащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.

Къэбгъэлъагъуэмэ, 2025 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм къриубыдэу тхъуцIынэу къалэжьащ тонн мин 1,8-рэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 3,2-кIэ нэхъыбэщ ар.

Шатащхьэу къытрахащ тонни 148,5-рэ е 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 2,5-кIэ нэхъыбэу. Кхъуейрэ кхъуейлъалъэу къыщIагъэкIащ тонн мини 4,5-м щIигъу. 2024 гъэм и щIышылэм – щэкIуэгъуэм яхузэфIэкIам нэхърэ ари проценти 9-кIэ нэхъыбэщ.

Мэлымрэ бжэнымрэ мэбагъуэ

2025 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу Бахъсэн районым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ мэлрэ бжэну яIыгъам процент 15-кIэ хагъэхъуащ абы ипэ ита илъэсым и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм елъытауэ. БжыгъэкIэ къэдгъэлъагъуэмэ – мин 18,3-м нэблагъэ хъуащ.

Мэлрэ бжэну районым щызэрахуэм и процент 18-р мэкъумэш IуэхущIапIэхэм къалъос.

Абы нэмыщI, къапщытэж пIалъэм къриубыдэу Бахъсэн щIыналъэм и Iэщыхъуэхэм Iэщ щхьэ бжыгъэми проценти 8,4-кIэ хагъэхъуащ, абы щыщу жэмым – процент 11,2-кIэ.

МыIэрысэр куэдым ящэху

Россельхознадзорым и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ управленэм иджыблагъэ къипщытэжащ 2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым мыIэрысэу щыIурагъэшам и куэдагъыр. ЖыпIэнурамэ, абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм процент 25-кIэ хигъэхъуащ икIи ар щыхьэт тохъуэ ди республикэм а и пхъэщхьэмыщхьэ лIэужьыгъуэм иIэ щIэупщIэм зэрыхэхъуэ зэпытыр.

Псалъэм къыдэкIуэу, 2024 гъэм ди республикэм и мыIэрысэу къэралым и адрей щIыналъэхэм хурагъэшащ тонн мини 132,5-рэ, нэгъабэ ар тонн мини 165,2-рэ хъуащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым нэгъуэщI щIыналъэхэм ярищэ мыIэрысэм и куэдагъым къызэрыхэхъуэм хуэдэуи, ар зрищэхэм я бжыгъэми къахэхъуэ зэпытщ, щыжаIащ управленэм. 2024 гъэм щIыналъэ   49-м ар хурагъэшащ, нэгъабэ 53-рэ ахэр хъуащ. Иужьрей илъэсхэм, ди мыIэрысэхэм уащрихьэлIэнущ къэралым щыпхыдза Нефтюганск, Уссурийск къалэхэм, Тюмень, Иркутск, Мурманск областхэм, Красноярск крайм, Ханты-Мансийск автономнэ округым я сату щIыпIэхэми, УФ-м къыхыхьэжа Донецк, Луганск республикэхэми.

Къэбэрдей-Балъкъэрым ираш мыIэрысэм фIагъ иIэр зыхуэдэр Россельхознадзорым и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ управленэм и IэщIагъэлIхэм сыт и лъэныкъуэкIи къапщытэ икIи дагъуэ зыхуэпщIын, карантиным ахэр щIэбгъэкIуэн щхьэусыгъуэ абыхэм далъагъуркъым.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: