Мазаем и 2I-р Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ
Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщхьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я анэдэлъхубзэрщ. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым - ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыфщ.
Зи анэдэлъхубзэр нэсу къэзымыгъэсэбэп лъэп¬къым и къарур хуэмурэ щIокIуэсыкIри, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яхошыпсыхьыж. Аращ I999 гъэм ЮНЁСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар. Ар траухуауэ щытащ мазаем и 2I-м - I962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щызэтраукIауэ щытащ. А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэп¬къым зи гуащIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ дэкъуза лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.
2000 гъэ лъандэрэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр къэрал куэдым щагъэлъапIэ, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм иджыри зэ псори иригъэгупсысыжу, ди анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызекIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуриджэу.
Мы махуэхэм ди республикэм щокIуэкI Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм теухуа зэIущIэхэр. Ахэр яхуэгъэпсащ ди щIыналъэм щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр игъэлъэгъуэным, зыIурылъ лъэпкъым емылъытауэ бзэ псори мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэгъэлэжьэным.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Лъэпкъым и гъуджэ
Анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэщ.
Анэдэлъхубзэр – хущхъуэ пэлъытэщ.
Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм нэхъыфIу щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур абы и анэдэлъхубзэмкIэщ.
Бзэр лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ.
Акъыл закъуэкIэ бзэр къыпхуэгъэщIынукъым, ар – лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ.
ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытымкIэ.
* * *
Уи Хэкур фIыуэ пхуэлъагъунукъым, уи анэдэлъхубзэр фIыуэ умылъагъуу.
Паустовский Константин.
Зи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ. Бзэмрэ псэмрэ зэтохуэ.
Елбэрд Хьэсэн.
Бзэр зей лъэпкъым и тхыдэщ.
Бзэр зыужьыныгъэм ухуэзышэ гъуэгущ.
Куприн Александр.