Жанхъуэтекъуэм и псы къабзэр

«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и Жанхъуэтекъуэ къуажэм псы зэбгрытыкIыпIэщIэ щаухуащ, абы и фIыгъэкIи, унагъуэ 200-м нэблагъэм псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэ хъуащ. 
Лэжьыгъэр Iыхьэ-Iыхьэу гуэшауэ щытащ. Япэ Iыхьэм хыхьэу, псыр къызэрыщIашу бжьамийхэр зэрыраутIыпщхьэ Iэмэпсымэхэр ягъэуващ, километри 2,8-рэ зи кIыхьагъ зэпрыкIыпIэ бахъсэныпсым щхьэпрашащ. ЕтIуанэ Iыхьэм хиубыдэу, псори зэхэту километри 3 зи кIыхьагъ бжьамийхэр яукъуэдиящ, псыуэ кубометр 50 зэрыхуэ хъумапIэр ягъэуващ. Лэжьыгъэхэм сом мелуан 41,5-рэ трагъэкIуэдащ, бюджетым щымыщ яхъши хэту. 
                                                                 Бахъсэненкэ и ухуэныгъэхэр
Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдиб лэжьыгъэ IуэхукIэ Бахъсэненкэ къуажэм щыIащ икIи щIыпIэ администрацэм и лIыкIуэхэм я гъусэу социальнэ объектхэр къызэхикIухьащ.
Псом япэрауэ, Абрэджым зригъэщIащ курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ я Iуэхухэр зыIутыр. Псом хуэмыдэу, гулъытэ хэха хуищIащ мы гъэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжыну школ №1-м. Абы и унафэщIхэр и гъусэу ар тепсэлъыхьащ лэжьыгъэм текIуэдэнур зыхуэдизым, щызэфIагъэкIыну пIалъэм, егъэджэныгъэм зэран хуэмыхъунымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ ахэр гъэмэщIэнымрэ. 
Апхуэдэуи, хьэщIэм къиплъыхьащ школым и пщэфIапIэр, зригъэщIащ абы и къабзагъыр зыхуэдэр, сабийхэр шхын пщтырхэмкIэ къызэрызэгъэпэщар, нэгъуэщIхэри. 
ЩэнхабзэмкIэ унэм щыщыIам унафэщIым зригъэлъэгъуащ абы и кружок зэхуэмыдэхэм, музейм, библиотекэм я лэжьэкIэр. Абрэдж Iэдиб щIэупщIащ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ унэр къызэрызэгъэпэщам, къекIуалIэр зыхуэдизым, Iуэхугъуэ щрагъэкIуэкIхэм. 
Апхуэдэуи, ар щыIащ къуажэм и спорт еджапIэмрэ спорт залымрэ икIи, илъэгъуам иужькIэ, къыхигъэщащ спорт Iэмэпсымэхэр зэхъуэкIыным имызакъуэу, езы ухуэныгъэхэри къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжын зэрыхуейр. 
Абрэдж Iэдиб илъэгъуам теухуауэ унафэ щхьэхуэхэр ищIащ икIи ахэр зи къалэнхэм Iуэхухэр ныкъусаныгъэншэу зэфIагъэкIыну яжриIащ.
Бахъсэненкэр районым и жылэ нэхъ инхэм хохьэ икIи, «Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, физкультурэ-узыншагъэр щагъэбыдэ комплекс, ветеринар клиникэ, сабийуэ 140-м хуэщIа сабий сад жылэм нобэ щаухуэ. Спорт лIэужьыгъуэ куэдым хуэщIа утыку Iэхуитлъэхуитыр къызэрызэIуахри куэд щIакъым. 
Ахэр псори хуэгъэпсащ щIыпIэ инфраструктурэм зегъэужьынымрэ къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымрэ. 
 
                                                                  Уэрам куэд къызэщIрагъэубыдэ
Бахъсэн къалэ администрацэм и тхьэмадэ Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ «Бахъсэн водоканал» IуэхущIапIэм и унафэщI Щомахуэ Азэмэт. Ахэр тепсэлъыхьащ псори зэхэту километр 1520-м щIигъу зи кIыхьагъ псы зэбгрытыкIыпIэщIэм къалэдэсхэр пыдза зэрыхъунум. 
Абы къыщыщIедзэ «Водоканал»-м и хэщIапIэм деж икIи «Кооператор» хьэблэм нэсыху макIуэ. Абы къызэщIеубыдэ Буденнэм и цIэр зезыхьэ, Комсомольскэ, Партизан, Iуащхьэмахуэ уэрамхэр. Мыбыхэм псоми зэхэту цIыху 3200-м щIигъу щопсэу, абы нэмыщI, къалэм щынэхъ ин, сабий 1700-м щIигъу щеджэ курыт еджапIэ №3-р щыIэщ.
Лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь къалэдэсхэми еджакIуэ цIыкIухэми фIагъ лъагэ зиIэ псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэнущ. 
 
                                                                  ЗэхъуэкIыныгъэхэр ирагъэгъуэт
КъБР-м Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжынымкIэ и щIыналъэ операторым 2026 гъэм Бахъсэн къалэм къат куэду зэтет и унэу 8 къигъэщIэрэщIэжынущ. 
Абыхэм щекIуэкIыну лэжьыгъэхэм хыхьэу языныкъуэхэм я унащхьэхэр, унэхэм екIуалIэ инженер коммуникацэр, лифтхэр зэрахъуэкIынущ, теплъэ дахэ иратынущ. Мыбыхэм псоми цIыху зы миным щIигъу щопсэу. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2022-2025 гъэхэм Бахъсэн къалэм фэтэр куэду зэхэт унэу 7 къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ. 
Поделиться: