ЩIыналъэр къызэхекIух

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдиб лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ щыIащ Кременчуг-Константиновкэ къуажэм икIи зыщигъэгъуэзащ абы и гъуэгу инфраструктурэр, егъэджэныгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ, щэнхабзэмкIэ унэхэм я щытыкIэхэр зыхуэдэр, нэгъуэщIхэми. 
УнафэщIым япэщIыкIэ зригъэлъэгъуащ къуажэм щызэрагъэпэщыжа гъуэгур икIи жиIащ цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ тыншыпIэмрэ абыхэм я фIагъым куэдкIэ зэрелъытар.
Егъэджэныгъэ IэнатIэм и Iуэхур зыIутыр зригъэщIэну Абрэджыр щыIащ щIыпIэ курыт еджапIэм: еджакIуэ цIыкIухэр шхын пщтырхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъур, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ школыр зэрефIакIуэ щIыкIэр, абы и спортзалыр, егъэджэныгъэхэмкIэ центрхэр зэрылажьэр, нэгъуэщIхэри зригъэлъэгъуащ. ИужькIэ унафэщIыр щыхьэщIащ сабий садым икIи епсэлъащ лэжьакIуэ гупым.
Абрэдж Iэдиб адэкIэ къиплъыхьащ къуажэ сымаджэщыр, зригъэлъэгъуащ медицинэ техникэхэмкIэ, обрудованэхэмкIэ ар зэрызэгъэпэщар зыхуэдэр. Апхуэдэуи, ар щIэупщIащ лэжьакIуэхэр зыгъэгуфIэ-зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм. 
Къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ библиотекэмри гулъытэншэу хьэщIэм къигъэнакъым. Мыбыхэми Абрэджым зыщыщигъэгъуэзащ творчествэ гупхэм я лэжьэкIэм, къуажэдэсхэм папщIэ нэгузыужь Iуэхугъуэу къызэрагъэпэщым и куэдагъымрэ ахэр зытеухуахэмрэ. Унэм къедза щIыпIэри къиплъыхьащ, и гупсысэхэмкIи ядэгуэшащ лэжьакIуэхэм. Библиотекэм Абрэджыр щаIущIащ тхылъеджэхэм. 
ЗэIущIэм и кIэм Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIыр хуэзащ Кременчуг-Константиновскэм щыпсэу жэрдэмщIакIуэхэм: тепсэлъыхьащ къуажэ гъуэгур адэкIи егъэфIэкIуэнымкIэ, лэжьакIуэхэмкIэ IэнатIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэхэм къыщаIэта IуэхугъуэхэмкIэ унафэ щхьэхуэхэр къащтащ.
 
Мыхьэнэ ин зиIэ лэжьыгъэ
Абрэдж Iэдиб зэIущIэ иригъэкIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым зегъэужьын» къэрал программэм хыхьэу Бахъсэн и псы зэбгрытыкIыпIэ зэрыIыгъ яухуэм и езанэ, етIуанэ Iыхьэхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым теухуауэ.
Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и министрым и къуэдзэ Локьяев Алан, КъБР-м «Капитальнэ ухуэныгъэхэмкIэ управленэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Iэмалшы Аслъэн, Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къардэн Назир сымэ, «АССО», «ГЕОТЕХНИКА», «КМП» IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лэжьыгъэм и япэ Iыхьэр здынэсамрэ етIуанэ Iыхьэм ехьэлIауэ япэ игъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэмрэ. Псом хуэмыдэу къыхагъэщащ бжьамийхэр здыкIуэцIрыкIыну къуажэ щIыпIэхэм я администрацэхэм, проекттыр зэхэзыгъэувэхэм, ухуакIуэхэм я лэжьыгъэр зэгъэуIуным, ахэр зэдэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэраIэр. 
Апхуэдэуи, зэIущIэм щыжаIащ Бахъсэн и псы зэбгрытыкIыпIэ зэрыIыгъ яухуэр зи нэIэ щIэтын, ар зыгъэлэжьэн муниципальнэ IуэхущIапIэ щIэуэ къызэригъэпэщыну, IэщIагъэлIхэр игъэхьэзырыну щIыналъэ администрацэм мурад зэриIэр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Бахъсэн и псы зэбгрытыкIыпIэ зэрыIыгъыр яухуэ инфраструктурэхэмкIэ бюджет кредиту къащта ахъшэмкIэ, 2022 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм къыдаIыгъам ипкъ иткIэ. 
НобэкIэ, зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм хыхьэу псы къабзэ хъумапIэхэр яухуащ, автомобиль трассэхэмрэ газыр зэрыкIуэ гъуэгухэмрэ пхраудащ, псори зэхэту километр 25-м щIигъу зи кIыхьагъ бжьамийхэр яукъуэдиящ. 
Республикэм дежкIэ социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэуэ пэхуэщIэм иIэр Бахъсэн щIыналъэм и цIыхухэм ящыщу мини I00-м щIигъум псы къабзэ зэпымыууэ яIэрыхьэнырщ, щыжаIащ зэIущIэм.
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: