Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ипщэ республикэхэм я цIыхубэ артисткэ, Абхъазым щIыхь зиIэ и артисткэ, адыгэ уэрэдхэмкIэ фестивалым (Мейкъуапэ, 1992) и япэ саугъэтым и лауреат, Грециемрэ Иракымрэ (1997) щекIуэкIа фестивалхэм я лауреат Сокъур Ольгэ нэхъыжьхэми щIалэгъуалэми фIыуэ ялъэгъуа, пщIэ зиIэ уэрэджыIакIуэщ. Зи уэрэдхэр зэIэпах бзылъхугъэм мы махуэхэм егъэлъапIэр илъэс бжыгъэ дахэ зэрырикъур.
Сокъур Ольгэ и лэжьыгъэкIэ зэрызиузэщIым, ар кIуэ пэтми зэрефIакIуэм укIэлъыплъыну гуапэщ. Абы къыдэкIуэу и дуней тетыкIэри дахэщ. И лэжьэгъухэми къэзыцIыхухэми фIыуэ къалъагъу, гушыIэ дахэ зэрыхэлъым, зэрыгуапэм папщIэ. ЦIыхубэм псынщIэу япхъуэтащ икIи ямыужэгъуу яIурылъщ Ольгэ игъэзащIэ «Си Налшык къалэ», «Си дахэкIей», «Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ», «Си гугъапIэ», «Мазэгъуэ жэщ», «Хэт уезгъэщхьын?», «ИпщэкIэрэ зэм сыноплъэ, ищхъэрэкIэ зэм соплъыхри» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри. псори зэхэту, абы егъэзащIэ уэрэд 300-м нэблагъэ.
Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм щыщ Сокъур Хьэбалэрэ Зеикъуэ къыдэкIа Абазэ Мелихъанрэ я бынхэу Олег, Ольгэ, Людэ сымэ адыгэ хабзэм, хьэл-щэн дахэм, щэнхабзэм, гъуазджэм щIапIыкIащ. Ольгэ и унагъуэм зыдэплъеин и мащIэтэкъым. Хьэбалэ гитарэ еуэу уэрэд жиIэн фIэфIт, Мелихъани Нарткъалэ АТП-м и хорым уэрэд щыжиIэрт, Олеги Люди макъамэм дахьэххэрт. Дауи, сабийуэ уэрэд жыIэныр Iэпэгъу зыщIа Ольгэ къыхиха IэщIагъэр и Iыхьлыхэм къыдамыIыгъынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Курыт еджапIэм щыщIэса зэманым и нэхъыбэр абы актовэ пэшым щигъэкIуат, мэгъум хуэдэу зыIэпызыша уэрэд жыIэным дихьэхати...
Школыр къиуха нэужь, Ольгэ Налшык и музыкэ училищэм уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм щIэтIысхьащ. Япэу уэрэд жиIэн зэрыщIидзар урысыбзэми, училищэм и егъэджакIуэ Гергоковэ Тамарэ адыгэбзэкIи игъэзащIэу иригъэсащ. Иджы къумыкъубзэкIэ, осетиныбзэкIэ, хьэрыпыбзэкIэ, тыркубзэкIэ, абазэбзэкIэ, нэгъуэщI бзэ куэдкIи (псори зэхэту 14 мэхъу) уэрэд жеIэ.
Училищэр къиуха нэужь, Ольгэ ди республикэм и къэрал телерадиокомпанием щылэжьащ. Уэрэдымрэ къафэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ансамблым хэтуи и закъуэуи уэрэд жиIэу щытащ. Радиомрэ телевиденэмрэ я хорыр 1998 гъэм щызэхуащIыжым, уэрэджыIакIуэ куэд Iуэхуншэу къэнат. Музыкэ театрым кIуаи къахэкIащ. И закъуэу лэжьэн щыщIидзэм, Ольгэ Iэмал иIэ хъуащ езыр зыхуей уэрэдхэр игъэзэщIэну. Къыхэгъэщыпхъэщ, Музыкэ театрым ар иджыри зэгурыIуэныгъэкIэ зэрыдэлажьэр, концерт, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм зэрырагъэблагъэр.
ЯпэщIыкIэ радиокомитетым и хор цIыху 30-35-рэ зыхэтыр къыдежьууэ Ольгэ дэлэжьащ Пщыгъуэш Юрэ, Мэремыкъуэ Хъусен, Джыназ Нурбий, Багъуэ Любэ, КIасэ Майе, Наймановэ Iэсият сымэ. Иджырей уэрэджыIакIуэ куэдым я гъусэуи ар утыку къохьэ.
Сокъурым и насып кърихьэкIащ щIыпIэ куэдым концерт щитыну. Ар зи фIыщIэу Ольгэ къилъытэр Дунейпсо Арткомитетым и унафэщIым и къуэдзэ, Дунейпсо Арткомитетым Кавказ Ищхъэрэм щиIэ къудамэм и унафэщI Бейтыгъуэн Iэуесщ. Ольгэ ирагъэблэгъащ адыгэхэр нэхъ зэрыIыгъыу щыпсэу Сирием, Йорданием, Тыркум, Франджым, Германием, Италием, Алыджым, Иракым, Чехием, Словакием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Израилым щыIэ Рихьэние адыгэ къуажэм, нэгъуэщI щIыналъэ куэдым. Абы гуапэ дыдэ щыхъуащ а щIыналъэхэм куэду щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр екIуу къызэрыIущIар, адыгэ уэрэдыжьхэм нобэр къыздэсым пщIэ ин зэрыхуащIыр, къызыхэкIар зэращымыгъупщэр, я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэр, хабзэр, бзэр щIэблэм зэрырагъащIэр.
Ольгэ гукъинэж щыхъуащ 90 гъэхэм и пэщIэдзэхэм екIуэкIа, Сыхъум къалэм и лIыкIуэхэри зыхэта «Мыужьыхыж жьэгу» япэ дунейпсо адыгэ щэнхабзэ фестивалыр. Абы лъандэрэ пащэ абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ я зэпыщIэныгъэмрэ зэкIэлъыкIуэнымрэ. Апхуэдэщ ар зыхэта «Гъунапкъэ зимыIэ зэныбжьэгъугъэ» фестивалри. Зэныбжьэгъугъэ зэхыхьэр гуапэу, абы хэтахэм пщIэрэ нэмысрэ зэхуащIу екIуэкIащ. Абхъазхэр екIуу къазэрыIущIар, гукъинэжуи зэрагъэхьэщIар гуапэ щыхъуащ. Абы фестивалым уэрэд щыжиIащ абхъазыбзэкIи адыгэбзэкIи.
Сокъур Ольгэ егъэзащIэ ди композиторхэм я IэдакъэщIэкIхэм щыщ. КъищынэмыщIауэ, адыгэ уэрэдыжьхэми гулъытэ ин яхуещI, иужьрей зэманым езыми уэрэд етх.
Макъамэм зэхъуэкIыныгъэ щигъуэткIэ, цIыхум и гупсысэкIэми зехъуэж. Зи псалъэхэр мыхьэнэншэ, пкъы зыщIэмыт уэрэдхэм дрихьэлIэми, Ольгэ жиIэн фIэфIыр ущедаIуэкIэ дамэ къыптезыгъакIэ, псэ зыхалъхьа уэрэдхэрщ. Псом нэхъ абы и гур хэзыгъахъуэр цIыхухэм я пащхъэ уэрэдыщIэ къыщрихьэрщ.
- Уи нэхъыжьхэр, нэхъыщIэхэр узыншэмэ, къыбдалъхуахэр щыпсэу пщIантIэм угуфIэу, угушхуэу удыхьэмэ, фIыуэ плъагъухэм я макъ щабэр пэшым къыщIэIукIмэ - ари насыпщ, - жеIэ Ольгэ.
И насып къигъэхъуапIэу къилъытэр къыдалъхуахэмрэ ипхъу Чэгъэду Залинэрэ и малъхъэ Фиалэ Паволрэ къащIэхъуа Эмилирэ Дариусрэщ. Ди гуапэщ абыхэм я гуфIэгъуэ куэд илъагъуну, дуней дахэм гу щихуэну.
ЦIыхухэр зи уэрэдхэм дихьэх бзылъхугъэм макъамэм щиIэ зэфIэкIым хегъахъуэ икIи и лэжьыгъэкIэ зэрызиузэщIым щэнхабзэм и утыку итым дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Щэнхабзэм, макъамэ гъуазджэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI, гум дыхьэ уэрэдхэмкIэ дызыгъэгуфIэ уэрэджыIакIуэм къалэнышхуэ и пщэ дэлъщ. Хэт ищIэрэ, цIыхухэм псэхугъуэ, гукъыдэж, дэрэжэгъуэ яритыныр арагъэнщ Ольгэ къызыхуигъэщIари…