Куэдым и зэфIэкI щоплъыжНалшык дэт «Сигу ирохь» студием щагъэлъагъуэ сурэтыщI, егъэджакIуэ, зыплъыхьакIуэ Мотылевэ Марие и лэжьыгъэхэр. МГУ-м ПечатымкIэ и факультетыр, иужькIэ «Иллюстрация и комиксы», «Современное искусство» унэтIыныгъэхэм Лиссабон ГъуазджэхэмкIэ и школыр къыщызыуха Марие куэдым и зэфIэкI щоплъыж икIи и лэжьыгъэхэр щыхьэт тохъуэ зызрипщыт Iуэхухэр къызэрехъулIэм. Апхуэдэщ, щэкIым, хэдыкIым, сурэт щIыным, графикэм, гравюрэм, комиксым щыщу утыку кърихьа и IэдакъэщIэкIхэр. И сурэтхэм куэду къыщигъэлъэгъуащ мэз псэущхьэхэмрэ тенджызыр зи хэщIапIэ бдзэжьей лIэужьыгъуэхэмрэ. Гъэлъэгъуэныгъэм хигъэхьащ щэкIым къыхищIыкIа и пкIэлъейр, 2022 гъэм Лиссабон щищIа гравюрэхэм щыщ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




