Лъэпкъым и гур къеуэн папщIэ, абы бзэ Iурылъын хуейщ. Псалъэу, макъыу зэхэлъ къудейкъым бзэр, атIэ ар хьэл-щэнщ, шыфэлIыфэщ, хабзэ-нэмысщ, зыIыгъыкIэщ, акъылщ, щэнхабзэщ. Адыгэбзэм и Хэкум щыпсэу, лъэпкъ гупсысэ зиIэ, тхыдэм куэдрэ ириплъэж, щIэблэм фIыкIэ хуэхъуапсэ цIыхухэм къызыкъуах бзэм теухуа гупсысэ щIэщыгъуэхэр. IэщIагъэ зэхуэмыдэхэр яIэми, бзэм и мыхьэнэм, адыгэбзэм щIэблэр зэрыдегъэхьэхыпхъэм, уадыгэным къикIым теухуауэ жаIэм ахэр зэфэгъу ещIыж. Анэдэлъхубзэм и махуэм теухуащ нобэ ди псэлъэгъухэм къыджаIар:
Тэубычэ Сонер, Тыркум къиIэпхъукIыжу Хэкур зыгъуэтыжа адыгэ IэпщIэлъапщIэщ:
- Япэрауэ, бзэр. Бзэр тIурымылъу адыгэ гупсысэкIэм дытетыфынукъым. Сэ адыгэ хабзэр сыкъыщыхъуа унагъуэми си благъэхэм я дежи щыслъэгъуащ. Тыркум щыIэщ хабзи цIыхугъи. Ауэ абдеж бзэр щокIуэдыж. Бзэр пIурымылъми, къэфакIуэ е джэгуакIуэ нэс къыпхэкIынущ, ауэ адыгэ нэс ухъуфынукъым. ЕтIуанэрауэ, лъэпкъыу зытхъумэжын щхьэкIэ куэду дылэжьапхъэщ. МылъкукIэ ди къарур щIэткъузэн хуейщ адыгэхэм.
ПщыукI Латмир, дохутыр, усакIуэ:
- Псэ, зэхэщIыкI, щIэныгъэ зиIэу дунейм тет цIыхум бзэри къыфIэIуэхунущ. Урысыбзи, инджылызыбзи, франджыбзи фIыуэ зригъэщIарэ, зи псэри къулей хъуа цIыхум, зыкъигъэзэнщи, и адэжьхэм я бзэр иджыжынщ, зэгуэр абы пэIэщIэу щытами. Апхуэдэ щапхъэ куэд щыIэщ. Зи Хэку щымыпсэу, къэралыбзэ зыбжанэми хуэшэрыуэ адыгэ щIалэхэр щыIэщ, анэдэлъхубзэр псом япэ ирагъэщу, иригупсысэу, ирипсалъэу. ЖысIэнуращи, зэхэщIыкI уиIэмэ, дэнэ щIыпIи ущыадыгэфынущ. Адэ си гум щыпIэжьажьэу зы зэхэщIэ гуэр сиIэщ, адыгэм нэплъэжыгъуэ диIэныр си фIэщ ищIу. Бзэр кIуэдыжыну си фIэщ хъуркъым, лъым и къарур апхуэдизкIэ лъэщщи.
ЕмкIуж Андзор, режиссёр:
- ЩIы хъурейм жыг лIэужьыгъуэ куэд ущрихьэлIэнущ. Иджы девгъэгупсысыт, лъэпкъ къэс зы жыг лIэужьыгъуэ хуэдэу. Адыгэм ди жыгыр си нэгум къыщыщIэзгъэхьэкIэ, мыпхуэдэ теплъэ изот: и лъабжьэ къуэпс куэдыщэ хэгъукIарэ, псэууэ къэна тIэкIум зэрафIэщкIэ щIым зыхаукIауэ, жыгыр хэхъуэху, ар зыIыгъ лъабжьэ мащIэм нэхъри къатехьэлъэу. Псы хуэлIэурэ гъуж жыгымкIэ сыт къэзгъэлъагъуэр жыпIэмэ, - бзэр, хабзэр, щэнхабзэр.
Дэ мы зэманым мыпхуэдэ щытыкIэ дитщ: ди тхыдэм дропагэ, ди адэжьхэм я лIыгъэм дытепсэлъыхьыжурэ абы дыкъыкъуогушхукI, ди блэкIам лъапIэныгъэу хэлъар къыдгуроIуэ. Ауэ, дэ езыхэр, нобэ щыIэхэр - щэ?! Дыхэт, сыт тхузэфIэкIыр? Пэжым ухуеймэ, дэ иджыри диIэщ Iэмал ди лъэпкъ жыгым псэ хэтлъхьэжыну, къару еттыжыну. АбыкIэ жэуап дохь
Къунаш Анзор, IT-м и лэжьакIуэ:
- Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу дунейм тет бзэ куэдыр, ди адыгэбзэри абы яхэту, зэрыдэхуэхыр. Убыхыбзэм и щхьэ кърикIуам хуэдэ адыгэбзэм къылъэмыIэсын папщIэ, ар тхъумэнымрэ къедгъэлынымрэ хуэныкъуэщ. Иджырей технологиехэм егъэлеяуэ щIэхыу зэрызаужьым и фIыгъэкIэ, бзэр хъумэным теухуауэ щыIэ Iэмалхэри нэхъыбэ мэхъу. Нэхъыщхьэжращи, дэ тщыщ дэтхэнэми Iэмал иIэщ Iуэхум хэлъхьэныгъэ хуищIыну. Адыгэбзэм теухуауэ сэри нэгъуэщIхэми тщIахэм куэд къызэрыхыхьэр, зэрыхэлэжьыхьыр, ар зэрафIэгъэщIэгъуэныр щыхьэт тохъуэ адыгэгу-адыгэпсэр, лъэпкъыбзэмрэ ди щэнхабзэмрэ зыхъумэну хуейхэр зэрымымащIэм. Си фIэщ мэхъу адыгэбзэр зэрытхуэхъумэнури зэрытхуэгъэлъэщэнури!
Шорэ Нарт, Сирием къиIэпхъукIыжа щIалэщ, IT-м и лэжьакIуэщ, электрикщ:
- Мыбы гу лъыстащ: адыгэбзэр идогъэдж, идогъащIэ жаIэурэ, моуэ и нэхъ гугъупIэмкIэ кърагъэзэкIыурэ, ар зэрыщытым нэхърэ нэхъ зэгъэщIэгъуейуэ, упэмылъэщыну къыпщызыгъэхъу Iуэхугъуэхэми урохьэлIэ. Адыгэбзэм и фIыпIэр, и дахагъэр, ар зэрымыгугъур - аращ бзэм дебгъэхьэхынум ебгъэлъагъун хуейр. «Мыр егъэлеяуэ гугъущ, мыбы упэлъэщынукъым, ауэ пщIэнукъым, еплъ», жыхуэпIэ гупсысэм сабийр Iуигъэщту си гугъэщ. Ди бзэр мэкIуэд, дымыхъумэмэ. Дызэгупсысыжу, ар къегъэлыным и Iэмалу щыIэхэмкIэ делIэлIэн хуейщ.
Адыгэр езыр лъэпкъ дахэщ, и Хэку, и бзэ, и хабзэ иIэжу. Дызыщыщыну лъэпкъыр къыхэтхакъым, ар Тхьэм къытхуигъэфэщащ. СэркIэ лъапIэщ сызэрыадыгэр, Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу къызолъытэ лъэпкъ дахэм сыкъызэрыхэкIар. Ди тхыдэр гуузщ. Ауэ апхуэдиз лей къызытехьар нэгъуэщI лъэпкътэмэ, зэкъуэтыжынтэкъым, щыIэжынтэкъым. Дэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, дызэкъуэтщ, зыдохъумэж. Адыгэр акъылыфIэщ икIи бэшэчщ. Хэкум щыпсэууи хамэ щIыпIэхэм щыIэуи диIэщ цIыху щэджащэхэр, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ инженерхэр, дохутырышхуэхэр, ухуакIуэхэр.
Бжьэдыгъу Аксанэ, бухгалтер:
- Сэ адыгэбзэм дэни сынехьэс! Дэнэ щIыпIэ сыкIуэми, адыгэбзэщ сызэрыпсалъэр, Iэмал иIэххэмэ. Инджылызыбзи сощIэ хъарзынэу, тыркубзэми хызощIыкI, ауэ адыгэбзэкIэ псэлъэн щIызодзэ. Сыт сыщIэмыпсэлъэнури! Си адыгэбзэм си Iэпэтэрмэшыр щIызогъури, сызыхуейр зыжесIэм къыгуроIуэ. Сэ, псалъэм папщIэ, Истамбыл сыдэтмэ, абы сыт хуэдэ лъэпкъи сыщыхуэзэфынущ. Абы и бзэр щхьэ сэ къэслъыхъуэн хуей?! Бэзэрым сытехьэми, аращ: «ЛIо, мыбы жыпIэр?», «Сыт и уасэр?» - жызоIэри сытетщ.
Бэрбэч Аслъэнджэрий, МФЦ-м и IэщIагъэлI, усакIуэ:
- Хэт сыт жиIэми, унагъуэращ сабийм бзэр Iурылъхьэныр къыщежьэр. Сабийм сыт хуэдэ Iуэхури унагъуэм къыщыдамыIыгъмэ, абы щытрамыгъэгушхуэмэ, гугъу йохь. Бзэм и Iуэхури апхуэдэщ. ДыщыцIыкIум щыгъуэ «и бзэмкIэ армырами псэлъэнущ, къэралыбзэр зэригъэщIэным нэхъ тегъэщIапхъэщ», жаIэу зэхэпхырт. Нэхъыжьхэр сабийхэм урысыбзэкIэ епсалъэрт куэдрэ, абы нэхъ хуэшэрыуэ ящIыну. ИкIи ахуэдэу щытыну яфIэщIт - нэгъуэщIыбзэкIэ ягъэпсалъэми ди бзэр зыщIыпIи мыкIуэну, къажьэдэлъэлъу ирипсэлъэну, езыр-езырурэ абы хащIыкIыну. Ауэ хъунукъым апхуэдэу, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхур зэсэр ищIэмрэ зыхэтымрэщ. Иджы, мис, адыгэбзэр куэдым я IэщIыбщ. Абы и щхьэусыгъуэр техникэм зэрызиужьами зыгуэркIэ еппх хъуну къысфIощI. Хьэуэ, техникэщIэр Iейщ жыхуэсIэу аракъым, тэмэму къэбгъэсэбэпыфын хуейщ. Телефон, телевизор, компьютерхэм мащIэщ адыгэбзэу щызекIуэр. Абы пэщIэувэн хуейуэ аракъым, дауи, атIэ адыгэбзэри апхуэдэ дыдэу къащтэн, дэни къиIукIын папщIэ увыпIэ тэмэм етын хуейщ: анэдэлъхубзэмкIэ нэтыну телевизорым къигъэлъагъуэхэр нэхъыбэрэ нэхъ купщIафIэу щытмэ, абыи мыхьэнэ иIэнущ, псалъэм и хьэтыркIэ. Сабийхэр зыдихьэхын джэгукIэхэмрэ зэпеуэ щIэщыгъуэхэмрэ адыгэбзэкIэ трахыу къагъэлъагъуэнри фIыт. Мыри щыщщ Iуэхум: телефоныр дэтхэнэ сабийми хуит хуащIауэ армырами щиIыгъкIэ, абыхэм я нэгу зэрызрагъэужьын, зэрызагъэсэн, щIэщыгъуэ гуэрхэм зэрызыхагъэгъуэзэн, зэрыджэгун гуэдзэнхэр щIын хуейщ адыгэбзэкIэ. Дауи, щхьэзакъуэ гупсысэкIэ а Iуэхум хэбгъэщIыфынур мащIэщ. Дэ тхузыфIэкIынур аращи, щIэблэм ди бзэмкIэ девгъэпсалъэ. КъыдэкIуэтеинухэм гугъу задедмыгъэхьмэ, усэ ттхыхэм зыри къеджэжыфынукъым, газетхэр къызэрыдэкIми мыхьэнэ иIыжынукъым.