Зэманым егъэунэху

Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ быдэу зэпыщIауэ, зэхущытыкIэ дахэ яIэу къызэрыгъуэгурыкIуэм дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. Тхыдэ тхылъхэм къыхощыж XIII-XVIII лӏэщӏыгъуэхэм адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ зы лъэпкъ щэнхабзэ яIэу, зэхуэдэ тхьэхэр я фӏэщ хъууэ, щыгъын зэщхь ящыгъыу щытауэ. Iуэху къызэрыгуэкI хуэдэуи щытт абхъазым адыгэбзэр уэрсэру ищIэмэ. Кавказ зауэм (1763-1864 гъгъ.) и лъэхъэнэми абхъаз куэд адыгэхэм къагуэту зэуат.

- Зэман нэхъ гугъухэми ди лъэпкъ зэпыщIэныгъэхэр мыкIуэду, уеблэмэ ар быдэ хъууэ къызэрекIуэкIар нэхъ згъэлъапIэу сиIэхэм ящыщщ. Ди зэкъуэшыныгъэм сыт щыгъуи дигъэгушхуащ. Ди нэхъыжьхэр зэгъусэу щхьэхуитыныгъэми щIэбэнащ, Абхъазымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ зэрызэкIэлъыкIуэну гъуэгури быдэу пхашащ. Ди щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр зэман нэхъ хьэлъэхэми лэжьащ цIыхухэм я гур ямыгъэкIуэду. Си щхьэр яхузогъэщхъ абхъаз тхакIуэхэми - Гуриа Дмитрий, Шинкубэ Бэгърат; къэбэрдей, балъкъэр усакIуэхэми - КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нало Заур, Кулиев Къайсын, Мечиев Кязим. Абыхэм я гупсысэ куухэр Кавказ псом я налкъутналмэсщ, я IэдакъэщIэкIхэм гъунэгъу дызэхуащI. Абхъазым и щхьэхуитыныгъэр ихъумэжын хуей щыхъуа илъэсхэм Кавказым ис лъэпкъ куэд къыткъуэувауэ зэрыщытар дэ зэи тщыгъупщэнукъым, генерал, «Абхъазым и ЛIыхъужь» дамыгъэ лъапIэр зыхуагъэфэща Сосналы СулътIан лIыгъэм и щапхъэу ноби диIэщ. Ди хабзэфIхэр, щэнхабзэ зэхущытыкIэхэр адэкIи едгъэфIэкIуэну ди гуапэщ, - жеIэ абхъаз усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Зантарие Владимир.

Зантарие икIи жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэщ, Абхъазым ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академикщ. Ар къыщыхъуар Тамыш къуажэращ. Сыхъум къэрал педагогикэ институтыр къиухащ. 1976-1999 гъэхэм Владимир корреспонденту щылэжьащ «Апсны Капш» лъэпкъ газетымрэ Абхъаз радиомрэ. АдэкIэ ар абхъаз телевиденэм и редактор нэхъыщхьэу, Абхъаз къэрал телерадиокомпанием и унафэщIу, апхуэдэуи республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и секретару лэжьащ.

1991 - 1996 гъэхэм щытащ Абхъаз Республикэм и Парламентым и депутату. КъищынэмыщIауэ, ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унафэщIуи щытащ. 1994 гъэм ар яхэтащ дуней псом щыщ тхакIуэхэр зэгъусэу «Ренессанс» алыдж кхъухьымкIэ хы ФIыцIэм, Средиземнэм, Эгейм тетахэм.

1999 гъэм щегъэжьауэ 2001 гъэ пщIондэ Владимир лэжьащ Абхъаз Республикэм щэнхабзэмкIэ и министру. 2001 гъэм республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ящIащ. Зантарие Владимир Абхъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и къудамэм и унафэщIщ. Урыс усакIуэшхуэхэу Тютчев Фёдор, Пастернак Борис, Брюсов Валерий, Мандельштам Осип сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр япэ дыдэу абхъазыбзэкIэ зэзыдзэкIар Владимирщ. Теленэтынхэр (зауэм щыIащ, триха репортажхэр телевиденэм къыщагъэлъагъуэу), дэфтэрхэр зи лъабжьэ фильм зыбжанэ игъэхьэзыращ. Тхылъ 30-м щIигъу къыдигъэкIащ.

Абы и усыгъэр щацIыху Къэбэрдей-Балъкъэрми. Уеблэмэ усакIуэм «Нимб земли» и тхылъыр япэу утыку къыщрихьауэ щытар ди щIыналъэрщ - адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ иригъэжьа «Круговорот поэзии» литературэ Iуэхум хыхьэу.

«Зантарие Владимир усыгъэ лъагэ къигъэщIащ, нэхъ щIалэIуэхэм ар гъуэгугъэлъагъуэ, щапхъэ яхуэхъуфынуи къызолъытэ. Апхуэдэ ди нэхъыжьыфIхэм я фIыгъэкIэ ди хабзэхэр «мэпсэу», къару нэхъ лъэщи абыхэм ягъуэт. Зантарие Владимир и усыгъэр япэу «къыщызэIусхар» 2007 гъэрщ, и тхылъыр тыгъэ къысхуищIа нэужь. Налшык къыщыдэкI «Литературная Кабардино-Балкария», «Iуащхьэмахуэ» журналхэм абхъазхэм я художественнэ тхыгъэхэр къызэрытрадзэр къыхэзгъэщыну сыхуейт. ИкъукIэ дызыгъэгушхуэщ Сыхъумрэ Налшыкрэ ди зэманми зэпыщIауэ дызэрызэдэгъуэгурыкIуэр. Абхъаз Республикэм сэ сыт щыгъуи си гур хузэIухащ, псом нэхъыщхьэу абы и цIыхухэм», - жеIэ Къаныкъуэ Заринэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: