Ухуэныгъэхэр

Школ зэпэщ яIэнущ

Бахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №-1-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ «Школхэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм хыхьэу.

1958 гъэм яухуауэ щыта еджапIэр зыхуей зэрыхуагъазэу абы щIэс ныбжьыщIэ 700-м нэблагъэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я Iуэхур нэхъ тынш хъунущ икIи иджырей мардэм къитIасэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ школ яIэнущ.

Лэжьыгъэхэм хыхьэу, метр зэбгъузэнатIэ 3900-рэ зыубыд школым и инженер коммуникацэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIынущ. Абы хиубыдэнущ псы хуабэ, щIыIэ зэрыкIуэ бжьамийхэр, къызэрагъэплъ системэр, жьы хъуа ток кIапсэжьхэр, мафIэсым щыхъумэным къыхуагъэсэбэр Iэмэпсымэхэр зэхъуэкIыныр, нэгъуэщIхэри.

 

 

 

 

 ЕджакIуэхэм я тыншыпIэм хуэщIауэ

«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Лэскэн районым и къуажэхэм я курыт еджапIэхэм ящыщу 4-р  къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ мы гъэм. Лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIынущ Анзорейм и курыт еджапIэ №1-м, Урыхум Долым и цIэр зезыхьэ и школ №2-мрэ Аргуданым и курыт еджапIэ №2-мрэ.

Лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужь, абыхэм щеджэ сабий 2000-м нэблагъэм сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэща иджырей школ Iэхуитлъэхуитхэм щIэныгъэ щызрагъэгъуэтыну Iэмал яIэ хъунущ.

УхуакIуэхэм Iуэху куэд къапэщытщ: еджапIэ пэшхэр зыхуей хуагъэзэнущ, абыхэм екIуалIэ бжьамийхэр, ток кIапсэхэр зэрахъуэкIынущ, оборудованэщIэхэмрэ еджэным къыщагъэсэбэп иджырей  Iэмэпсымэхэмрэ щIагъэувэнущ, IуплъапIэхэр ягъэдэхэнущ, террорист щIэпхъаджагъэм щызыхъумэ системэхэр щагъэувынущ.

 

  Школыр зыхуей хуагъазэ

«Школхэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ Шэджэм ЕтIуанэм и курыт еджапIэ №2-р мы илъэсым зэIузэпэщ ящIынущ. ЕджакIуэ 560-м хуэщIауэ ар щаухуауэ щытар I980 гъэрщ.

 Лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIынухэм хиубыдэу инженер коммуникацэхэр, бжэхэр, лъэгухэр зэрахъуэкIынущ, пэшхэр къращIыкIынущ, IуплъапIэр зыхуей хуагъэзэнущ.

Апхуэдэуи школым щIагъэувэнущ иджырей обрудованэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, унэлъащIэ, шынагъуэншагъэм хуэщIа системэхэр, нэгъуэщIхэри.

   ЩЭУЕЙ Былэ.

Поделиться:

Читать также: