IэнатIэм и пщIэр къаIэтыжуКъэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш классу иджыри 10 мы гъэм къыщызэIуахынущ. Иджыпсту абы хагъэхьэну школхэм я спискэхэр ягъэхьэзыр икIи еджакIуэхэм физикэ, химие, билогие, математикэ дерсхэр куууэ абыхэм щрагъэджынущ.
ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, нэгъабэ и фокIадэм щегъэжьауэ республикэм и курыт еджапIэхэм щыщу плIым мэкъумэш классхэр щолажьэ. Абыхэм щоджэ 7 - 11-нэ классхэм хэс еджакIуэу 150-рэ.
Мэкъумэш-технологие классхэр школхэм къыщызэIуахын папщIэ, УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къигъэув мардэхэм ахэр хуэмыкIуэу ядэнукъым. Псалъэм папщIэ, курыт еджапIэр здэщыIэр къуажэ щIыпIэу е цIыху мин 50-м нэхърэ нэхъыбэ щымыпсэууэ, къалэми хэмыхьэу щытын хуейщ. Абы нэмыщI, а курыт еджапIэр къызэрызэIуахрэ е къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжрэ илъэситху нэхърэ нэхъыбэ дэкIауэ щыт хъунукъым.
Апхуэдэуи, мыхьэнэ иIэщ мэкъумэш классхэр къыщызэIуахыну школым, километр 30-м нэхърэ нэхъ пэмыжыжьэу, мэкъумэш IуэхущIапIэ гуэр щылэжьэным, IэщIагъэлIхэми хуэныкъуэу щыту.
Мэкъумэш классхэр курыт еджапIэхэм къыщызэIуах «АПК-м IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ар хуэунэтIащ еджакIуэ цIыкIухэр, щIалэгъуалэр мэкъумэшым пыщIа IэщIагъэхэм дегъэхьэхыным, IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным, мэкъумэш лэжьакIуэм и пщIэр къэIэтыжыным.
Поделиться:
Читать также:
07.03.2026 - 12:53 →
Гулъытэ лъапIэхэр
07.03.2026 - 11:52 →
ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
07.03.2026 - 10:10 →
Адыгэ ЛIыхъужьхэм иджыри къахохъуэ
06.03.2026 - 15:08 →
Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
| ||




