Мэкъумэш къэкIыгъэхэр мэбагъуэКавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, уней, фермер IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIащ, зэкIэ къызэрабжамкIэ, сом меларди 126,7-рэ и уасэ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 103,7-кIэ хуэкIуэу.
Мэкъумэш продукцэу псори зэхэту республикэм къыщалэжьам и процент 61,3-р мэкъумэш къэкIыгъэхэм яубыдащ, процент 38,7-р – Iэщ гъэхъун IэнатIэм. КъищынэмыщIауэ, а псом щыщу мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я Iыхьэр зэрыхъур процент 33,3-рэщ.
КъБР-м и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту хьэцэпэцэрэ джэшхъурейуэ зэщIакъуэжащ (нартыхури хэту) тонн мин 1200,1-рэ икIи 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 4,5-кIэ нэхъыбэщ ар. 2025 гъэм зы гектарым хуэзэу ику иту центнер 57,1-рэ къытекIащ (2024 гъэм – центнер 55,6-рэ).
Нартыху жылапхъэу кърахьэлIэжащ тонн мин 868,3-рэ икIи 2024 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ процент 1,5-кIэ нэхъ мащIэщ ар. Апхуэдэу щыхъукIи, 2025 гъэм зы гектарым хуэзэу къытрахыжар нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым нэхърэ – центнер 68,1-рэ (2024 гъэм – центнер 66,5-рэ).
Сэхураныр тонн мин 34,8-рэ хъуащ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 1,6-кIэ нэхъыбэу. Нэгъабэ зы гектарым ику иту къытекIащ центнер 18,8-рэ (2024 гъэм – центнер 14,7-рэ).
КIэртIофу нэгъабэ къатIыжащ тонн мини 161,5-рэ икIи 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 0,5-кIэ ар нэхъыбэщ. Зы гектарым хуэзэу центнер 231,5-рэ къытрахащ, абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIар центнер 224,7-рэщ.
ХадэхэкIыу, губгъуэми хуабэщхэми къыщагъэкIар зэхэту, процент 1,2-кIэ нэхъыбэщ 2024 гъэм елъытауэ икIи ар тонн мин 466,8-рэ хъуащ. Зы гектарым ику иту центнер 271,0-рэ къытрахыжащ икIи 2024 гъэм яхузэфIэкIам елъытауэ проценти 2,6-кIэ ари нэхъыбэщ.
Пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу кърахьэлIэжащ тонн мин 1103,7-рэ икIи проценти 7,4-кIэ ар нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш къэкIыгъэу нэгъабэ щыIуахыжам щыщу хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймрэ я процент 26,1-р, сэхураным и процент 26,4-р, хадэхэкIым (губгъуэми хуабэщхэми къыщагъэкIахэр зэхэту) и процент 52,9-р, кIэртIофым и процент 1,6-р мэкъумэш IуэхущIапIэхэм къалъос.
КIэртIофым и процент 95,3-р, хадэхэкIым (губгъуэми хуабэщхэми къыщагъэкIахэр зэхэту) и процент 41,7-р унагъуэхэм ейщ.
Фермер, уней IуэхущIапIэхэм хьэцэпэцэмрэ джэш хъуреймрэ я процент 43,1-р, сэхураным и процент 68,2-р Iуахыжащ.
2025 гъэм дыгъэгъазэм и кIэхэм ирихьэлIэу мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту Iэщышхуэу яIыгъам и бжыгъэр проценти 4,3-кIэ нэхъ мащIащ абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм елъытауэ икIи зэрыхъуар мин 267,1-рэщ, абы щыщу жэму - мини 141,2-рэ (проценти 3,7-кIэ нэхъ мащIэщ). Мэлымрэ бжэнымрэ я бжыгъэр мин 465,2-рэ хъуащ (проценти 2,6-кIэ нэхъ мащIэщ), кхъуэр – мин 1,6-рэ (процент 1,5-кIэ нэхъ мащIэщ). Джэдкъазыр мелуани 5 хъуащ икIи 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 1,8-кIэ нэхъыбэщ.
Iэщрэ джэдкъазу республикэм щаIыгъым щыщу Iэщышхуэм и процент 71,8-р, абы щыщу жэмым и процент 67,3-р, кхъуэм и процент 95,9-р, мэлымрэ бжэнымрэ я процент 41,5-р, джэдкъазым и процент 35,8-р унагъуэхэм ейщ.
Фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ къалъос – Iэщышхуэм и процент 16,3-р, абы щыщу жэмым и процент 19,7-р, кхъуэм и проценти 4,1-р, мэлымрэ бжэнымрэ я процент 36,3-р, джэдкъазым и проценти 7,6-р.
2025 гъэм республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ лырэ джэдкъазылу къалэжьащ (псэууэ шэчауэ) тонн мин 157,3-рэ е 2024 гъэм щыIа бжыгъэхэм проценти 101,7-кIэ хуэкIуэу), гъэшу къашащ тонн мин 619,9-рэ (проценти 100,1-кIэ хуэкIуэу), джэдыкIэу кърахащ мелуан 266,8-рэ (проценти 100,2-кIэ хуэкIуэу).
КъБР-м и унагъуэхэм къалъос лымрэ джэдкъазылымрэ я процент 36,6-р, гъэшым и процент 66,8-р, джэдыкIэм и процент 83,6-р.
Фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ процент 26,7-р, процент 18,2-р, проценти 2,0-р, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ.
Республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм 2025 гъэм зы жэмым хуэзэу шэуэ ику иту къыщIашащ килограмм 8757-рэ (2024 гъэм – килограмм 8730-рэ), зы джэдым джэдыкIэу ику иту 188-рэ къыкIэщIахащ (2024 гъэм – джэдыкIэ 209-рэ).
Поделиться:
Читать также:
07.03.2026 - 12:53 →
Гулъытэ лъапIэхэр
07.03.2026 - 11:52 →
ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
07.03.2026 - 10:10 →
Адыгэ ЛIыхъужьхэм иджыри къахохъуэ
06.03.2026 - 15:08 →
Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
| ||




