Кыщпэк жылэм зеужьКъэбэрдей-Балъкъэрым и Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм ди къэралым къыщрахьэжьа лъэпкъ проектхэм хыхьэу щалэжьар сыт? И Iэхэлъахэм сыт хуэдэ зыгъэпсэхупIэхэм уащыIущIэрэ? А жылэм щыщу щIалэ дапщэ дзэ Iуэху хэхам хэтыр? Мы упщIэхэми нэгъуэщIхэми жэуап къарет Кыщпэк къуажэм и администрацэм и унафэщI Елбэрд Артур.
Мы тхыгъэр «Адыгэ псалъэ» газетэм и щIэджыкIакIуэхэми яфIэгъэщIэгъуэн хъуну къэтлъытэу, къызытетщIыкIыжар республикэ радиом и лэжьакIуэ, журналист Джыназ Заремэ зи гугъу тщIы унафэщIым дригъэкIуэкIа псалъэмакъращ.
- Артур, Кыщпэк къуажэм зы курыт еджапIэ дэтыр?
- Аращ. Ауэ ар тIууэ зэхэтщ. Зы лъэныкъуэр 1963 гъэм ящIащ, адрейр 2000 гъэм гуащIыхьащ.
- Къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжар дапщэщ?
- ИлъэситI ипэкIэ яухащ, псори зэхэту сом мелуани 124-рэ текIуэдащ а лэжьыгъэм. Бжэи, щхьэгъубжи, унащхьи, лъэгуи, бжьамийхэри, котельнэри зэрахъуэкIащ.
- Школ пщIантIэм зыгуэр иращIа?
- Ар проектым хэттэкъым, ауэ школ пщIантIэр къызэрыхухьари а пщIантIэм телъ асфальтри, топ джэгупIэри къэгъэщIэрэщIэжыпхъэти, район администрацэмрэ къуажэм нэхъ зэфIэкI зиIэу дэсхэмрэ я фIыгъэкIэ зэфIэдгъэкIащ.
- Лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ къуажэм фи тхылъ хъумапIэри иджырей мардэхэм хуэкIуэу зэрызэрагъэпэщыжар зэхэтхащи, абыи къытхутепсэлъыхьыт, Артур.
- Пэжщ. Къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм хэт библиотекэри нобэрей зэманым декIуу дахэ дыдэу зэрагъэпэщыжащ, и IуплъапIэм узэригъэхъуапсэрэ ущIыхьамэ уи псэр щытыншу. Уеблэмэ районым япэ дыдэу къыщагъэщIэрэщIэжахэм ар ящыщщ. Езыри тхылърэ IэмэпсымэкIэ нэхъ зэгъэпэщахэм хабжэ. Тхылъ хъумапIэр зыхэт клубым и къатитIри тIэкIу нэхъапэIуэкIэ къагъэщIэрэщIэжащи, абыи дрогуфIэ.
- Уэрам нэхъыщхьэм ирикIуэ гъуэгури зэрагъэпэщыжащ. Абы теухуауэ сыт жыпIэнт?
- Пэжщ. Советскэ цIэр зезыхьэ уэрамым (километри 5,5-рэ и кIыхьагъщ) ирикIуэ гъуэгу нэхъыщхьэми лъэс лъагъуэ закъуэу иIами телъа асфальтыр зэрахъуэкIащ, мыдрей и бгъумкIи, къуажэкум нэсу, аргуэру нэгъуэщI лъагъуэ щыпхрашащ. Езы уэрамым и зы бгъумкIэ щагъэуващ уэздыгъэхэр зыпащIа пкъохэри. ЖыпIэнур арамэ, егъэлеяуэ дахэ хъуащи, цIыхухэр щогуфIыкI. Жылэм нэгъуэщI фэ къытеуащ. Абы нэмыщI, районыр къыддэIэпыкъуурэ, «парк» жыхуаIэм хуэдэ зыгъэпсэхупIэ дэгъуи дыухуащ. Паркыр, школым зэригъунэгъум къыхэкIыу, сабийхэм хуабжьу къагъэсэбэп, зыгъэпсэхупIи нэгу зыужьыпIи яхуэхъуауэ. Ар зыхуей хуэгъэзэным елэжьыр къуажэ администрацэм и закъуэкъым, атIэ, езы жылэдэсхэри а Iуэхум хуэпабгъэу, «зыгуэркIэ дыщхьэпарэт, и теплъэр нэхъри нэхъ дахэ тщIарэт!» жаIэу апхуэдэщ. Зы цIыхум удз гъэгъа къызыпыкIэ къэкIыгъэхэр, адрейм лъагэу зызымыIэт жыг къахь, хасэ, нэгъуэщIхэм а псоми я хъуреягъыр къратIэкI, ягъэдахэ.
- Къуажэ дэлъэдапIэм и гъуэгубгъум щыдолъагъу дзэ Iуэху хэхам хэтахэм ящыщ зыбжанэм я сурэт. Ахэр зейр хэкIуэдахэр ара?
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди жылэм щыщу щIалипщI хэкIуэдащ, епщыкIузанэр иджыри къагъуэтыжакъым. Тыжьейм щыщу 65-р абыкIэ щыIэщ иджыри. Нэхъыбэ дыдэ зыдэкIахэм ящыщщ ди къуажэр. Щыпсэур псори зэрыхъур цIыху мини 5-м тIэкIу щIигъущ. Пэжщ, ди жылэм къыщыхъуауэ дзэ Iуэху хэхам хыхьа псоми дащыгъуэзэну гугъущ, сыту жытIэмэ, Москва, Санкт-Петербург икIахэри щыIэщ. Владивосток армэм къулыкъу щезыхьэкIыу кIуаи яхэтщ. Абыхэм я хъыбар къыджезыIэр я Iыхьлы-благъэхэращ. ЩIалэхэр псори Къэбэрдей-БалъкъэрымкIэ икIамэ, я Iуэху зыIутыр псынщIэ дыдэу тхузэхэгъэкIынут. Ауэ, дызыIууэ лъэпощхьэпохэм щхьэкIи къэдмыгъанэу, дыщIоупщIэр хэт теухуауэ сыт хуэдэ хъыбар щыIэми. Дзэм хэтхэм я телефон тIыгъщи, абыхэми допсалъэр, я узыншагъэр зыхуэдэм дыщIоупщIэ.
- Мы къуажэм и Iэхэлъахэм, зэрытщIэщи, псы хуабэ къыщIэжыпIэхэр иIэщ. Абыхэм я Iэхэлъахэр нэхъри вгъэдахэмэ, вгъэщIэращIэмэ, турист екIуэлIапIэ хъарзыни хъунут. Зи гугъу сщIыр «Джэдыкъуэр» аракъым. Абы зрагъэужьащ, щIыгуу къызэщIрагъэубыдамкIи инышхуэщ, куэдым къацIыхуащ...
- Къуажапщэм хуэзэу лъэгум дэт «Лидер» зыгъэпсэхупIэр «Джэдыкъуэм» япэ къызэIуахащ, икIи и дахагъэкIэ емыхьэехуэмэ, емыфIэкIмэ, къыкIэрыхуркъым. Абдежым иращIыхьа ухуэныгъэ нэхъыщхьэр дахэ дыдэщ и кIуэцIкIи и щIыбкIи. КIуэ, зыгъэпсэхуакIуэхэм яхэтщ абдежым къыщынэу жэщ щизыхыну хуейхэр. Мис апхуэдэхэм папщIэ а щIыпIэр зезыхьэхэм хьэщIэщи яухуэр. Елэжьхэм я унафэщI Борэнхэ я щIалэм иджыблагъэ сыхуэзати, «къызэIутхын Iуэху зыдохуэ» жиIащ. Езы щIыпIэм къедза Iэхэлъахэр къабзэлъабзэщ, дахэщ. Ухуэныгъэхэр и кIэм зэрынамыгъэсауи, цIыхухэр уэру йокIуалIэр. АрщхьэкIэ, пэжыр жысIэнщи, ди нэ нэхъ къызыхуикIыр, Iуащхьэмахуэ лъапэкIэ зыунэтIхэм хуэдиз дыдэ къытхуэмыкIуэми, а бжыгъэм хуэехьэехуэу, ди зыгъэпсэхупIэхэми къыдедгъэхьэхынырщ. «Джэдыкъуэмрэ» «Лидерымрэ» нэмыщI, дэ диIэщ иджыри зы зыгъэпсэхупIэ, туристхэр къыщыувыIэфын хуэдэу. Зи гугъу сщIыр «БОБ» («База отдыха Баксан») зыфIащарщ.
ЖыпIэнурамэ, хьэщIэхэр къызэрыдэтхьэхын щIыпIэ дахэ ди куэдщ. Къэнэжыр «инфраструктурэ» жыхуаIэм нэхъри зедгъэужьынырщ, зедгъэубгъунырщ, къытхуэкIуэхэм тыншыпIэ къахузэдгъэпэщыфын хуэдэу. къуажэ администрацэри езы зыгъэпсэхупIэхэр зезыхьэ щIалэхэри а Iуэхум догупсыс.
- ЩIым къыщIэж псыхэр зыхуэдэр зэхагъэкIа, Артур?
- Медицинэм хуэлажьэхэм къызэрапщытауэ икIи зэрызэхагъэкIауэ, псым и пкъыгъуэ къэс цIыхум и Iэпкълъэпкъым щыщу дэтхэнэр и хущхъуэгъуэми зыгъэнаIуэ тхыгъэхэр адэ-мыдэкIэ щыфIэдзащ. Куэдым я къупщхьэ узхэр игъэхъужауэ, я тхыцIэ къэгъэшар къригъэутIыпщыжауэ зэхыдохри, абыи дрогуфIэ. Иджы, ищхьэкIи зэрыщыжысIауэ, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу дгъэзэщIапхъэр «Лидер» зыгъэпсэхупIэм къегъэщIылIа Iэхэлъахэр гъэдэхэнырщ, къакIуэхэм я нэгу зыщрагъэужьын, гупсэхугъуэ щызыхащIэн папщIэ. Ди гугъэщ абы щылажьэ щIалэхэми а IуэхумкIи лъэкI къамыгъэнэну, дэри администрацэм деж щызэфIэкIыпхъэхэмкIэ защIэдгъэкъуэну.
- Лъэпкъ проектхэм хиубыдэ унэтIыныгъэхэм ящыщу къуажэм иджыри щылэжьыпхъэу сыт щыIэ, Артур?
- Фи фIэщ хъункъым, ауэ а упщIэр къызатарэт жысIэрт. А зи гугъу пщIахэмкIэ иджыри ухуэныгъэу блы ди жылэм къызэрыщыIэтыпхъэм теухуа пэхуэщIэ тхыгъэхэр дгъэхьэзыращ. Ахэм щыщу 5-р пхыкIащ. Мыдрей къэнахэмкIи проектхэр диIэщ, зэкIэ и фIагъ-сэбэпынагъэкIэ къамыпщытэжами. «Комплексное развитие сельских территорий» жыхуаIэм, зэрытщIэщи, ахъшэшхуэ токIуадэ. Ар ди закъуэ къарукIэ тхузэфIэгъэкIынукъыми, лъэпкъ проектхэр абыкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ. Абы узэрыхыхьэн хуейр зы ухуэныгъэкъым, тIукъым, атIэ тху нэхърэ мынэхъ мащIэу щытыпхъэщи, а Iуэхуми доужьэрэкI. Лъэпкъ проектхэм адэкIи дахэхуэмэ, ахэр ди тегъэщIапIэу иджыри къытхуэгъэщIэрэщIэжыну ухуэныгъэхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, цIыхухэм я узыншагъэми спортми телажьэ «ФОК» зи фIэщыгъэр, сабий нэхъ цIыкIухэр здрашалIэ яслъэр, нэхъ къуажэкIэмкIэ ныбжьыщIэхэр топ щыджэгу хъу «Нокаут» губгъуэ мыиныр, «Быф» IуэхущIапIэ зэхэтыр, а псом нэмыщIкIи амбулаториещIи дыхуэныкъуэщ. Ахэр псори хедгъэубыдащ лъэпкъ проектхэм ящыщу дызыхыхьэнухэм.
- КъызэрыдгурыIуамкIэ, гъэ блэкIам лъэпкъ проектхэм фыхэхуакъым. Мы илъэсыщIэм нэхъ фыкъигъэгугъэрэ?
- Дыкъагъэгугъащ, псом япэрауэ, «ФОК» жыхуаIэм теухуауэ. Дэри ар нэхъ Iэмалыншэ дыдэу добж. Сыт щхьэкIэ жытIэмэ, школым щыдиIэ спорт пэшитIым языр бэнакIуэхэм еттащ. Ахэри ди деж щеджэ е щеджа щIалэхэщи, еттар къеIытхыжыныр къезэгъкъым. Аращи, курыт школым щеджэ адрей ныбжьыщIэхэм, зи бжыгъэр 670-м нэблагъэм, къахуэгъэсэбэпыр зы спорт пэш закъуэщ. Амбулаторие - сымаджэщ жыхуэтIэри жьы хъуащ, и блынхэр къэчащ. ЦIыхухэм ар ихауэ щIэкIэ зэхъуэкIын хуейуэ къалъытэрт, ауэ, дегупсысыжри, жьыфэ къызытеуар зэбгъэзэхуэжыныр, и бгъумкIэ ухуэныгъэщIэ къыщыгуэтщIыхьыныр нэхъ тфIэтэмэму проектым апхуэдэущ зэрыхэдгъэхьар, къыддаIыгъынкIи нэхъ дыгугъэу.
- Фи мурадыфIхэр къывэхъъуклIэну ди гуапэщ, Артур.
Поделиться:
Читать также:
07.03.2026 - 12:53 →
Гулъытэ лъапIэхэр
07.03.2026 - 11:52 →
ХэкIыпIэхэр къалъыхъуэ
07.03.2026 - 10:10 →
Адыгэ ЛIыхъужьхэм иджыри къахохъуэ
06.03.2026 - 15:08 →
Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ
06.03.2026 - 12:26 →
Нэхъыбэ къахуэщэху хъуащ
| ||




